Нобэ

Къэзахъ Республикэм щагъэлъапIэ я къалащхьэ Астана и махуэр I997 гъэм Къэзахъстаным и парламентым унафэ къищтащ я къалащхьэр Алма-Ата ирахыу Акмола (иджы абы зэреджэр Астанащ) яхьыным теухуауэ.

Литвам и къэралыгъуэм и махуэщ 
1557 гъэм
Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм гухьащ.
1661 гъэм Иркутск къалэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
1785 гъэм США-м и Конгрессым унафэ къищтащ долларыр америкэ ахъшэу гъэувыным теухуауэ. 
1803 гъэм Санкт-Петербург къыщызэрагъэпэщащ мафIэсгъэункIыфI гуп.
1885 гъэм хьэщхьэрыIуэ узыфэм зэребэн хущхъуэр япэу цIыхум халъхьащ. Франджы микробилог цIэрыIуэ Пастер Луи а мастэр игъэунэхурт псэущхьэхэм ярихьэлIэурэ. Хущхъуэр, Iэмалыншагъэм ирихулIэри, абы хиIун хуей хъуащ хьэ зэдзэкъа, къелынкIэ зыщымыгугъ сабийм. СыхьэтипщIкIэ еIэза нэужь, щIалэ цIыкIум и узыншагъэр ефIэкIуэжу хуежьащ икIи узыфэ шынагъуэм къелауэ щытащ. 
1912 гъэм Швецием и къалащхьэ Стокгольм къыщызэIуахащ V гъэмахуэ Олимп джэгухэр. ИпэжыпIэкIэ зэхьэзэхуэхэр екIуэкIащ мэлыжьыхьым къыщыщIэдзауэ.
1923 гъэм къару игъуэтащ СССР-р къызэгъэпэщынымрэ абы и Конституцэр къэщтэнымрэ теухуа унафэм. СССР-м и ЦIыхубэ Комиссархэм я Советымрэ (Правительствэр) наркоматхэмрэ къызэрагъэпэщащ.
1957 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и гуфIэгъуэ сессие зэхэтащ. Ар теухуауэ щытащ Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъуам икIи республикэм Ленин орденыр етIуанэу къызэрыратам.
2009 гъэм Москва къэкIуащ США-м и президент Обамэ Барак.
2013 гъэм Къэзан къыщызэIуахащ ХХУII дунейпсо гъэмахуэ Универсиадэр.
1796 гъэм къалъхуащ 1825 - 1855 гъэхэм Урысейм и императору щыта Николай Езанэр.
1940 гъэм къалъхуащ Къэзахъ Республикэм и президенту щыта Назарбаев НурсулътIан.
1943 гъэм къалъхуащ урысей опернэ уэрэджыIакIуэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Синявская Тамарэ.
1946 гъэм къалъхуащ США-м и президенту щыта Буш Джордж-нэхъыщIэр.
1946 гъэм къалъхуащ США-м щыщ актёр цIэрыIуэ, режиссёр, сценарист, фильм 50-м щIигъум щыджэгуа Сталлоне Сильвестр.
1954 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Тэрч щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщIу щыта Пэнагуэ Максим.
1956 гъэм къалъхуащ КъБР-м щыщ спортсмен, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, I980 гъэм Москва щекIуэкIа Олимп джэгухэм я чемпион Рогожин Сергей.
1957 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Мысачэ Валерэ
1960 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Сэхъурокъуэ Анатолэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 23 – 24-рэ, жэщым градус I8 - I9 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЛIы хахуэр утыкум щощабэри, лIы щабэр щокIий.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.03.2024 - 10:01 НОБЭ
18.03.2024 - 10:55 НОБЭ
15.03.2024 - 11:29 НОБЭ
14.03.2024 - 09:00 НОБЭ
13.03.2024 - 15:50 НОБЭ