Дахагъэр къыщежьэр унагъуэрщ

Сыкъыздыщалъхуа Къамылыкъуэ ­къуажэм зи цIэр фIыкIэ къраIуэ, щапхъэу сыт хуэдэ зэманми къэпхь хъун уна­гъуэ куэд дэсщ, хабзэ дахэ зэрахьэу, я нэмысми удихьэхыу. Апхуэдэу зи лъэр быдэ, хабзэр бзыпхъэ дахэу зэ­рылъ унагъуэр гъащIэм дэбакъуэу щы­тынущ. Ар жьапщэ инми пэувыфынущ, зэман хьэ­лъэми хэпсэухьыфынущ. Абы и щапхъэу нобэ фэзгъэцIыхунщ сы­къы­зы­хэкIа унагъуэу жыгым езгъэщхьыр. А жыгым и лъэхъц-лъащIэхэр зэрызэ­рыу­быдрэ зэманыфI дэкIащ, и пкъыр уэгум хуоIэ. КъыщIэж-ныщIэж зыбжа­нэхэри иIэщ. Жыгым пыт къудамэхэм тхьэмпэ цIыкIухэри къапокIэ. КIэщIу жыпIэмэ, мэпсэу, гъащIэ ирехьэкI. 

Ди унагъуэм и лъэр быдэу зэрыу­бы­дыным къежьапIэ хуэхъур си адэшхуэ-анэшхуэу МахуэлIхэ Жантемыррэ Iэми­натрэщ. Си адэшхуэм пщIэрэ щIыхьрэ иIэу къэгъуэгурыкIуащ. Пасэ дыдэу гугъуехьыр къызыгурыIуа щIалэ цIыкIур итащ губгъуэм, и гуащIэр зыхэлъыр кърихьэ­кIыу. Губгъуэ пщыIэхэм щыжаIэжу зэхиха, къаIуэтэжу тхьэкIумэм къиIуа псоми теп­лъэ гъэщIэгъуэн яритурэ пщыхьэщхьэм жьэгум пэрыс цIыхухэм я пащхьэ кърилъ­хьэрт хъыбар телъыджэхэр. ЗэрыжаIэ­жымкIэ, си адэшхуэм хъыбар къригъэ­жьамэ, хьэблэр занщIэу къызэ­хуэсырт. Абы и хъыбархэр зыми ещхьтэкъым. Ап­хуэдэу а Iуэхугъуэм фIыуэ зэры­хэзагъэм щыхьэт техъуауэ щытащ ди IуэрыIуатэр зи Iэпэгъу, цIыху щэджащэ КъардэнгъущI Зырамыку. Ар къакIуэурэ си адэшхуэм хъыбар, псысэ, уэрэд куэд жригъэIэжу щытащ. Си адэшхуэм тхы­бзэр зэримыщIэм къыхэкIыу тхыжауэ къыт­хуэнар Зырамыку итхахэмрэ а хъыбархэр зигу ­къинэжауэ жызыIэж цIыху­хэмрэщ. КъардэнгъущIым къыдигъэкIыжа тхылъым итщ «МахуэлI Жантемыр ­къиIуэтэжа ­хъыбархэр» зи фIэщыгъэ Iыхьэ. Адэшхуэм хэлъа зэчийр кIуэдыжауэ схужыIэну­-къым. Абы и бынхэми ар яхэлъу къогъуэгурыкIуэ.
Си анэшхуэ Iэминати гъащIэфI ирихьэкIащ - илъэси 114-кIэ псэуащ. Апхуэдиз илъэс къэзыгъэщIа цIыхубзым и зы дэтхэнэ псалъэри гъэпсауэ, удихьэхыу, гъэ­щIэгъуэнагъэ куэд хэлъу, гушыIэкIэ гъэн­щIыжауэ щытащ. Си нэгу куэдрэ къыщIохьэж нанэ и хъыбар жыIэжыкIэхэр. Уе­мыупщIами, къыщIидзэрти уригъэдаIуэрт хьэлэмэтыщэу зэхэлъхьа таурыхъхэм, езым къигупсысурэ жиIэхэри фIэщ пщыхъурт. Ар иныжьхэм, алмэстыхэм щатеп­сэлъыхькIэ, езым илъэгъуауэ, ябгъэдэтауэ къыпфIигъэщIырт. Гъэмахуэм тIэкIу хэкIуэтауэ псым зыдгъэпскIыну гугъэ диIэу гъуэгу дытеувамэ, иныжьхэм ятеу­хуа хъыбархэр къыщIидзэрти, псыри тщыгъупщэжырт. ТхэкIэ, еджэкIэ зымыщIэ на­нэ газет къыIэрыхьамэ, къищтэрти «къе­джэн» щIидзэрт: хъыбархэр жиIэжырт, дэтхэнэ и зы псалъэми фIэщхъуныгъэ ­хилъхьэу. ГушыIэн зыфIэфI цIыхубзым дэтхэнэ зы Iуэхугъуэри абы хуигъакIуэрт. ПщыхьэщхьэкIэрэ жьэкIэ пшынэ «тхуе­уэрт». Фи фIэщ зэрыхъун, ар зыкIэ и фIэщу «еуэрт» а пшынэми, пшынэ дыдэ Iэ­щIэплъхьами, макъамэ къригъэкIыфынтэм. Iэгур щIэту жиIэ макъамэм Iэмал имыIэу дыкъыдэфэн хуейт. Арати, пщыхьэщхьэ къэс дыкъеуджэкIырт. 
Езым щIэныгъэ имыIами, нанэ къыгурыIуэрт уеджэмэ, зэрынэхъыфIыр. Пщэд­джыжь нэмэзыр щищIкIэ сыкъигъэушырти, си унэ лэжьыгъэхэр къызигъэпщытэжырт. ДыщыгъуэлъыжкIи езым ищIэ нэмэзыбзэ тIэкIури дэщIыгъуу жы­зигъэIэрт. Дэри тфIэфIт нанэ и куэщIым дрипIыкIмэ. Абы ипщэфIу щыта шхыны­гъуэхэм си джийр хуэныкъуэщ. ЩIакхъуэ зэтеупIэщIыкI ищIырт, хьэнтхъупс, хьэ­лIамэ, мэжаджэ, хьэлу Iыхьэ дэщIыгъуу стIолым къытригъэувэрти, си Iуэхут уэ адэкIэ уеплъэкIыфтэм. Дахагъэ куэду хэлът езы нанэ и теплъэкIи. Нащхъуэ, нэкIу хужь хъурейм уеплъамэ, удихьэхырт. Но­бэкIэ къытхуэна сурэтхэми зэритыр гуфIэжу, зыгуэрхэр къиIуэтэжущ.
Нанэрэ дадэрэ быний зэдагъуэтащ: щIалитхурэ хъыджэбзищрэ. Си адэ МахуэлI Замир щIалэхэм я нэхъыщIэ ды­- дэщ. Си адэм утепсэлъыхьмэ, къыжыIапхъэщ ар цIыху лэжьакIуэу зэрыщытыр. Сыт хуэдэ Iуэхуми псэ хелъхьэж, щылэжьа IэнатIэхэри фIыуэ ирихьэкIащ. Езы си адэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ имыIэми, но­бэрей гъащIэмкIэ куэд къызыгурыIуэщ. Сыт хуэдэ упщIэми и жэуапыр зэгъэкIуауэ уи пащхьэ кърелъхьэ. ЗыгуэркIэ сеупщIамэ, абы и жэуапу сиIэнур зэпэшэчащ, тэмэмщ. 
Си адэр бынхэм къыттеубгъуауэ жэщ-махуэ имыщIэу нобэр къыздэсым къыддолажьэ, сабийхэр зыпищI щыIэкъым. Уэрамым сабий гуэрым щыхуэзамэ, ар ­игъэгушхуэнущ, еуэршэрылIэнущ. Хабзэ дегъэщI, езыми и IуэхущIафэхэмкIэ къыдощIэ абы гуащIэр зищIысыр къызэрыгурыIуэр. Унафэ ищIам дэри башкIэ деуэ­жыну дигу къэкIакъым. Ди унагъуэм нэхъыжьу диIэр ди адэрщ. Ар дэ ди дежкIэ жыг къудамэщ. Абы дэтхэнэми и жьауэр, хъерыр иретыф. Ар шэщIауэ, макъыбэу зэ­рылъэлъу псалъэркъым, ауэ жиIэ псори псыхьауэ щытщ. Псалъэжьым зэрыщы­жы­Iам хуэдэуи, си адэр дэм хуэдэщ, гъэ­сэныгъэ, Iуэху лэжьыкIэ и лъэныкъуэкIэ.
Си анэ МахуэлI Ритэ зыпэсщIыни зэс­лъытыни щыIэкъым зы цIыху. Пэжщ, анэр анэщ жыпIэмэ, абы псори къокI. Адыгэпсэ зэрыпIутри, адыгэ унагъуэми цIыхур зэ­рыщигъэлъапIэри гъащIэм, сабий гъащIэм хэзыпщэр анэрщ. Си анэр си ущиякIуэщ, гъэсакIуэщ. Сыт хуэдэ Iуэхугъуэми хозагъэ ар, дэтхэнэ зыми дахагъэ хелъ­хьэ. Абы и Iэм къыIэщIэкIам нэхъ хьэлэл щыIэкъым, и псалъэхэр изогъэщхь жэнэт бзу цIыкIум къриш уэрэд гуакIуэм. 
Пэжщ, анэм и быным хуиIэ лъагъуныгъэм нэхъ гуащIэ, нэхъ лъагъукIэ пэж щы­Iэкъым. Я быным бэлыхь къыжьэхамыгъэуэн папщIэ я псэ еблэжынукъым анэ­хэр. НтIэ, сыт хуэдэ цIыху пщэдджыжькIэ псалъэ дахэхэр къыбжиIэурэ укъэзыгъэтэджынур, зи Iэнэгу шхыныгъуэ IэфI­хэр имыкIынур, пщыхьэщхьэкIэ зи уэрэд уедаIуэурэ узыгъэжеижынур? Ар анэхэращ! Анэпсэр махэщ, еубзэн хуейщ а ­дахэм. Анэр гъэдэхэн хуейщ, данэ ящытIэгъапхъэщ абыхэм. 
Адэ-анэфIхэм я быным я гъащIэр, я на­сыпыр езыхэм яйхэм япэ ирагъэщ. Сэри си адэ-анэр я къару щысхьыркъым я ­бынхэр насыпыфIэ ящIын щхьэкIэ. Ди унагъуэм и лъащIэр си анэшхуэмрэ адэш­хуэмрэ зэтралъхьамэ, си адэ-анэм абы и пкъыр зэфIагъэуващ, зэрахузэфIэкIкIи гъуэгу захуэ дытрагъэуващ. Си адэ-анэм сэр нэмыщI зы къуэрэ пхъуитIрэ яIэщ. НэхъыщIэ дыдэр сэращ. Си шыпхъуитIри унагъуэ ихьауэ фIы дыдэу мэпсэу, си ­къуэшми щхьэгъусэрэ бынищрэ игъуэтыжащ. Адэ-анэ абгъуэм къилъэтыкIа бынхэм езыхэм абгъуэ яухуэжакIэщи, гъащIэм зыдрагъэкIуу, пкъыфIэхэу хопсэухь­хэри, ари фIыгъуэшхуэщ сэркIэ. 
Езыхэр унагъуэ щхьэхуэ хъуауэ псэухэми, си шыпхъуитIым ядз нур, бзий цIыкIу­хэр къыслъэмыIэсу къанэркъым. Быным ди нэхъыжьу къэхъуа си шыпхъу Раметэ сыт щыгъуи дигъэлъэгъуар хабзэщ. КъыгурыIуэу къыщIэкIынт езым дигъэлъагъу Iуэхугъуэхэр дэри фащэ зэрытхуэхъунур. ЕджапIэм щыщIэсми и еджэныгъэкIи, и хьэлкIи, и IуэхущIафэкIи ипэ зыри къимыувэным хущIэкъуащ. Зэпеуэхэми зэ­хьэзэхуэхэми и зэфIэкI хилъхьащ. Унэ лэжьыгъэхэр зэрытщIыжам пщы­хьэщ­хьэкIэрэ кIэлъыплъу, къыдгурымыIуахэри къыдгуригъаIуэурэ адэ-анэ абгъуэм ари илъэтыкIри, езым и унагъуэ иухуэжащ. Щоджэнхэ ис си шыпхъум пхъуитIрэ зы щIалэрэ иIэщ.
 Си шыпхъу етIуанэ Людэ-щэ? Дахагъэр куэду зыгуэшщ, хабзэ-нэмысыр зезыхьэщ. Ар къыщопсалъэкIэ, гум зегъэпсэху. Лэжьыгъэ щищIэм деж псори IуокIуэтри, къанэр гупсэхугъуэщ. Псоми я пIалъэр ещIэ, сытми хозагъэ. Люди фIы дыдэу еджащ. ЗыпищI щыIэкъым езым къы­далъ­хуа и адыгэбзэр. Куэдрэ абы къызжеIэ: «Зи быдзышэ уефа уи анэм и бзэр пщы­гъупщэж хъунукъым, Беслъэн. Уи анэр пщыгъупщэжын - апхуэдэщ бзэри, ар пху­зэфIэмыкIынщ». 
Си шыпхъуитIым япэсщIын щыIэкъым, ахэр си дежкIэ налкъутналмэсхэщ. ТIуми фIым зыхуагъэш, Iэмал зэриIэкIэ дахагъэ псори си гъащIэм къызэрыхаухуэнэным яужь итщ. ЩIалэм ебгъэлъагъур и гъуэгущ, жи. Сэри абыхэм сагъэлъагъурщ зыхэслъхьэр.
Си къуэш Аслъэни зэрыхузэфIэкIкIэ зыкъысщIегъакъуэ. Сыт хуэдэ Iуэхури къыздегъэпсынщIэ, къыздеIыгъ. Ар цIыху зэпIэзэрытщ, къарууфIэщ, спортым хуабжьу дехьэх. Мызэ-мытIэу къигъэлъэгъуа ехъулIэныгъэхэм срогушхуэ, сропагэ. Куэд жызмыIэу зи Iуэхур зэфIэзыгъэкI  си къуэшыр хьэлкIэ си адэм ещхьщ. Аслъэн и щхьэгъусэ Амыди ди псэм къы­дэщIу щытщ. Абыхэм бынищ яIэщ: Алан, Миланэ, Нурлан.
Куэдрэ сигу къокI: ярэби, дауэ псэурэ унагъуэ зимыIэ цIыхухэр?! Унагъуэм къит дахагъэм хуэхейуэ щыт цIыхум и дунейр сыт хуэдэ? Апхуэдэ гупсысэм сыкъыхэ­зышыжыфыр си адэм и псалъэ Iущырщ, си анэм и Iэ щабэхэрщ, си шыпхъухэм я нэмысырщ, си къуэш, нысэм я Iуэху зехьэкIэрщ.
Пэжщ, унагъуэр зэгурыIуэу, насыпы­фIэу псэуныр куэдым елъытащ. Ауэ адыгэ ­хабзэр бзыпхъэ дахэу щыплъагъу, гъащIэм дэбакъуэу псэу унагъуэм пэлъэщынукъым зыри. КъызэрыслъытэмкIэ, ди унагъуэм илъщ хабзэ, нэмыс, Iулыдж. Ахэрауи къызолъытэ дахагъэм и къежьапIэр. ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжу псэу унагъуэм нэхъыфI сыт щыIэ?!
Ди унагъуэ жыгым и пкъыр мэж. Къудамэу абы тетым бжыгъэ яIэкъым. Абыхэм заукъуэдий, зашэщI, я хуитыныгъэм зрагъэужь, йофIакIуэ. Бзийхэр, тхьэмпэхэр щхьэкIэм нэсу гуапэу зоIущащэ. Жыг лъабжьэми къуэж зыбжанэхэри иIэщ. Жыгыр и чэзум къотIэпI, мэщхьэлъэ. Кумылэ, жылэ, хъугъуэфIыгъуэ зэрылъ купкъхэм пхъэщхьэмыщхьэ, дахагъэ ирещIэ, лъэпкъыгъуэ лIэужьыгъуэхэр мыкIуэ­дыжын папщIэ. ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ, жи. Абы къыхэкIыуи кIуэд зимыIэщ си адыгэ унагъуэр. Ар уахътыншэщ, сыт щыгъуи къэщIэрэщIэж зэпыту дунейм ­тетыныр сфIэмахуэщ.
Си унагъуэ, си унагъуэ,
ЛъащIэ быдэр зыщIэт жыг.
Нэмыс щIыныр зи къудамэ,
ПщIащэу уиIэр хабзэ-бзыпхъэщ,
Уи дахагъэр псом етыпхъэщ.
Си унагъуэ, си унагъуэ,
Унэсащ уафэгум ибг.
Пхъэщхьэмыщхьэ къыппыкIащи,
ЩIэж уиIэныр уи къалэнщ,
Зыбубгъунуи къыщIэкIынщ.
Гуапэу бзийхэр зэIущащэу
Слъагъумэ, си гур сэ хэхъуэнщ.
Си унагъуэм лъащIэ быдэ 
Илъэс минкIэрэ иIэнщ.
 

МАХУЭЛI Беслъэн. Москва къалэ
Поделиться: