Автомобиль зекIуапIэхэр щрагъэфIакIуэу

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым тету ирагъэ­кIуэкI лэжьыгъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпащэ. Республикэм и район псоми щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ гъуэгухэр къыщагъэщIэрэщIэж.

Зэрагъэпэщыжхэм ящыщу и нэхъыбэр, къэбгъэсэ­бэ­пыфын хуэдэу, хьэзыр хъуакIэщ. Абыхэм хабжэ Дзэлыкъуэ ­щIыналъэм ит къуажэхэм ящыщу плIыр зэлъэзыгъэIэс, зи кIы­хьагъыр километр 16-м нэблагъэ автомобиль зекIуапIэмрэ ­ЯтIэкъуэ къуажэм километритIкIэ пхрыкI уэрам нэхъыщхьэмрэ.
Дзэлыкъуэкъуажэ - Дзэлыкъуэ - Белокаменкэ автомобиль зе­кIуапIэм телъ асфальт-бетон «уэншэкум» и щхьэфэр трагъэ­-къэбзыкIащ, къэнам щIэзыгъэбыдэ ЩМА-16 щыхуэр тракIащ, ­гъуэгу бгъунжу къыпыхьэхэр зэгъэзэкIуарэ дахэу «къыпащIащ», гъунэхэр яубзыхуащ.
Гу лъытапхъэщ, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа километр 16-м нэблагъэр социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэ куэдым зэрекIуалIэр. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, курыт еджапIэр, сабий садыр, щэнхабзэмкIэ унэр, амбулаторэр, фельдшер-акушер IуэхущIапIэр, мэжджытыр.
ЯтIэкъуэ жылэм щылажьэхэм а къуажэм и уэрам нэхъыщхьэм асфальт-бетон «уэншэку» тIуащIэ трабзащ, лъэс зекIуапIэу къегъэщIылIар зыхуей щыхуагъэзащ, а псоми я Iуфэхэр ягъэбы-           дащ, машинэ зэблэкIыпIэм и кIыхьагъкIэ къитхъа хужь тракIащ, гъуэгугъэлъагъуэ нагъыщэхэр щагъэуващ, лъэс зэпрыкIыпIэхэр щыхагъэунэхукIащ.
«Мы щIыпIэм Iуэху щызыщIэ гъуэгуухуэхэм я къалэнхэр мазитI иримыкъукIэ нэхъ псынщIэу зэфIагъэкIащ, абы щыгъуэми я фIагъым зымащIэкIи щыкIэрамыгъэхуу, - жеIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Управдор» IуэхущIапIэм и унафэщI Мзокъуэ Тембу- лэт. - АбыкIэ щыхьэтщ республикэм ТранспортымкIэ и министерствэм егъэщIылIа лабораторэм Дзэлыкъуэ щIыналъэм щригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэр».

ЛУЦЭ СулътIан.
Поделиться: