ЩIыналъэм и экономикэ зыужьыныгъэр япэ ирагъэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Москва къа­лэ иджыблагъэ щыхуэзащ УФ-м и Прави­тельст­вэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александр. ЗэIущIэм къыщаIэта Iуэхугъуэхэм ящыщщ УФ-м и Президентым щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ къигъэнэIуа унэтIыныгъэхэр ди республикэм зэрыщагъэзащIэр. КIуэкIуэмрэ Новакрэ тепсэлъыхьащ КъБР-р зып­лъы­хьа­кIуэхэри инвесторхэри дэзыхьэх щIыналъэ щIыным, абы и экономикэм зегъэу­жьыным, и цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным епха Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм. 

ЗэIущIэм зэрыщыжаIамкIэ, республикэм и бюд­жетым 2021 гъэм къихъуа мылъкум щыщу инвестицэхэм хуозэ сом мелуан 51,1-рэ. Дызэрыт илъэ­сым и япэ мазищым а Iыхьэр хъуащ сом меларди 2,8-рэ. Ар проценти 8,4-кIэ нэхъыбэщ, нэгъабэ и ап­хуэдэ пIалъэм еплъытмэ. Инвестицэхэр нэхъыбэу зыхалъхьэр мэкъумэш, ухуэныгъэ, турист унэтIыныгъэхэращ. 
 Хэхауэ тепсэлъыхьащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм 2030 гъэ пщIондэ зегъэужьыным хуэгъэпса къэрал программэм къызэщIиубыдэ проектхэр ди республикэм зэрыщагъэзащIэм. Гулъытэ хуащIащ гъэм и сыт хуэдэ лъэхъэни лажьэ хъуну «Iуащхьэмахуэ» турист-рекреацэ IуэхущIапIэмрэ Тырныауз вольфрам-молибден бгылъэ комбинатымрэ я ухуэныгъэхэм хуэгъэпса проектхэм. 
«Iуащхьэмахуэ» комплексым зегъэужьыным мы илъэсым хуаутIыпщащ сом меларди 3. Абы епхауэ ягъэзащIэ проект 13. Абыхэм хэтщ кIапсэ гъуэгухэр ухуэ­ныр, Азау щIыпIэр зыхуей хуэгъэзэныр, транспорт, инженер коммуникацэ я лъэныкъуэкIэ щIы­пIэр зэпэщ щIыныр, бгы лъагэ лъэрыжэ къэ­жыхьыпIэхэр гъэтэмэмыжыныр, IэрыщI уэс щащI центрым и проект щIыныр. 
Тырныауз комбинатым вольфрам, молибден пцIийхэр къыщыщIэхынымрэ абыхэм елэ­жьы­нымрэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм металлургием хэпщIыкIыу зыщегъэужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ. Абы хуэщIа проектым щыщу зэфIэкIакIэщ щIыуэпс хъугъуэ­фIыгъуэ­хэр къэбгъэсэбэпыну хуитыныгъэ къозыт лицензэр зэрызэрагъэпэщар. КъинэмыщIауэ, дунейпсо мардэхэм тету, къалъытащ проектым технико-экономикэ и лъэныкъуэкIэ лъабжьэ хуэхъунур. Ап­хуэдэу комбинатым и пщIантIэр лэжьыгъэм хуа­гъэхьэзыр, абы узэрекIуалIэ хъуну автомобиль ­гъуэгум и ухуэныгъэри яублащ. Дызэрыт илъэсым и бжьыхьэм къриубыдэу я мурадщ комбинатыр зыхуеину оборудованэхэр къащэхуу ягъэувыну. 
А инвестицэ проектыр УФ-м Промышленнос­тымрэ сатумкIэ и министерствэм ягъэхьащ, ар зыхуэгъэпса комбинатыр къэралым и IуэхущIапIэ лъэрызехьэхэм хагъэхьэну Iэмал щыIэмэ, хэплъэн щхьэкIэ. Апхуэдэу хъумэ, IуэхущIапIэм къэрал дэIэпыкъуныгъэ игъуэтынущ, льготэхэр зиIэ кре­дит­хэр къратыфынущ. 
ЗэIущIэм къриубыдэу яубзыхуащ щIыналъэм зиужьынымкIэ Президентым къахуигъэува къалэнхэр гъэзэщIа зэрыхъуну Iэмалхэр. КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Правительствэм и вице-премьер Новак Александр фIыщIэ хуищIащ мыхьэнэшхуэ зиIэ ­проектхэр щIыналъэм щыгъэзэщIэнымкIэ дэIэпы­къуэгъу къазэрыхуэхъум папщIэ. 
 

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться: