Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ, социальнэ зэпIэзэрытыныгъэ къыщызэгъэпэщыным хуэгъэза Iуэхухэр гъэзэщIэныр зэблэзыгъэкI штабым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм гъатхэпэм и 5-м къыдигъэкIа унафэ №2I-РГ-мкIэ къищтам, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) зэзыгъэуIу штабым хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:
Амщокъуэ Ф.Къ. – «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Профсоюзхэм я федерацэ» Союзым и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Ахкобеков Ж.А. – Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием и дзэхэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIым и къуэдзэр (зэгурыIуауэ)
Хьэжу В.Щ. – «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Промышленникхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ я союз» лэжьапIэ зытхэм я щIыналъэ зэгухьэныгъэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ);
б) Кужонов Ж.А. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу тхыжын: «Урысей Федерацэм ЮстицэмкIэ и министерствэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)»;
в) ТIымыжь Хъу. Хь. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм \хуэдэу тхыжын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэр- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм проект IуэхухэмкIэ и департаментым и унафэщIыр (зэзыгъэуIу штабым и секртарщ)».
2. Мы унафэм къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2022 гъэм бадзэуэгъуэм и I2-м
№79-РГ

 

Поделиться: