ХьэтIохъущокъуэ

ХьэтIохъущыкъуэ

ХЬЭТIОХЪУЩЫКЪУЭ и цIэр урыс документхэм япэ дыдэу къыщыхэхуэр 1622 гъэрщ. А илъэсым Сэнджэлей (Тэрч къалэ хэщIапIэ зыхуэхъуа пщыхэм я пашэм) Мэзкуу хъыбар иригъэщIауэ щытащ: «Къэбэрдейм дытеуэри, Алыджыкъуэрэ ХьэтIохъущыкъуэрэ я жылэхэр дгъэсащ, езыхэр тIэщIэкIри, бгым ихьэжащ».

Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, ХьэтIохъущыкъуэ къыщалъхуар ХVII лIэщIыгъуэм и кIэращ. И ныбжь нэсри, Къэбэрдейм и хуитыныгъэм щIэмызэууэ зы махуи къигъэщIакъым: и адэмрэ (Къазий) и адэшхуэмрэ (ПщыIэпщокъуэ) я гъуэгум ирикIуащ.

Щоджэныкъуэ Алыджыкъуэрэ Къазий и къуэ ХьэтIохъущыкъуэрэ, Идар Темрыкъуэ и бынхэр ирагъэкIуэтри, Къэбэрдейм бжьыпэр щаубыдащ. Ар ягу техуакъым Тэрч къалэ дэс пщыхэм: Къэбэрдейм зауэ къращIылIащ. ДзитIыр зэрытегъэкIуакъым, ауэ Къэбэрдейм бжьыпэр щаубыдын яхузэфIэкIакъым Темрыкъуэ и бынхэм.

Щоджэныкъуэ Алыджыкъуэ дунейм ехыжа нэужь (1654 гъэм), Къазий и къуэ ХьэтIохъущыкъуэ Къэбэрдейм пщы нэхъыжь щыхъуащ; щылIар ХVII лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм я кIэухырщ.

Къазий и къуэ ХьэтIохъущыкъуэ и щIэблэр Къэбэрдейм щытепщащ ди лъахэр урыс дзэпщхэм я IэмыщIэ ираубыдэху – 1822 гъэ пщIондэ.

 

ХЬЭТIОХЪУЩЫКЪУЭ Шужьеипщыр зэрыIэщIэкIуэдэгъам и хъыбар куэд ущрохьэлIэ адыгэ IуэрыIуатэм. ЗэIыхьлырэ пэт, ХьэтIохъущыкъуэрэ Шужьейрэ зэщыIеижащ. Шужьей иукIын мурад ищIати, ХьэтIохъущыкъуэ абы екIужауэ фэ зытригъэуащ, тIури Тэтэртуп кIуэри тхьэ зэхуаIуащ. Тхьэ зэхуаIуами, Шужьей иукIын мурадым пыкIакъым ХьэтIохъущыкъуэ: Тэтэртуп къыщикIыжым, игъэбэлэрыгъри, ХьэтIохъущыкъуэ Шужьеипщыр иукIащ. ЩиукIым, Шужьей и нэпсыр къыщIэкIащ.

- Щхьэ угърэ? – еупщIащ ХьэтIохъущыкъуэ Шужьеипщым.

- СыщIэгъыр сызэрыбукIаракъым, – жиIащ Шужьей. – СыщIэгъыр «хэт зыукIар?» жаIэмэ, ХьэтIохъущыкъуэжь цIыкIуращ зэрыжаIэнурщ.

Ар жери, Шужьей и псэр хэкIащ…

Апхуэдэ хъыбар къыхэнащ адыгэ IуэрыIуатэм. Тхыдэм жиIэр нэгъуэщIщ. Урыс дзэпщхэм IупэфIэгъу яхуэхъуауэ, Каспий тенджызым и Iуфэм Iут Тэрч къалэм (ар Идар Темрыкъуэ и лъэIукIэ яухуауэ щытащ) дэс къэбэрдеипщхэр бий ищIащ ХьэтIохъущыкъуэ. Тэрч къалэ дэс пщыхэм я тIасхъэщIэхт Шужьеипщ. Чэлимэтыпщым урыс пащтыхьым деж итхыгъащ: «Нэхъапэм, кърым хъаныкъуэ Жан-Джэрий къэкIуасэу Къэбэрдейм къыщыкIуам щыгъуэ, си малъхъэ Урыскъан и къуэ Шужьей Алыджыкъуэрэ ХьэтIохъущыкъуэрэ я деж плъэIуакIуэ-дэIуакIуэу щыIэти, хъаныкъуэмрэ Къазий и бынхэмрэ къаухэс псор си деж къигъэсыжырт, сэ а хъыбархэр зэрызэхэсхам хуэдабзэу уи дзэпщхэм яIэрызгъэхьэжырт. Ар къищIэри, ХьэтIохъущыкъуэ Шужьей къезэуащ, уIэгъэ къищIащ, итIанэ и бейгуэл Лъэпщыкъуэ къриутIыпщри, къригъэукIащ…»

ХьэтIохъущыкъуэ и адэшхуэмрэ Шужьей и адэ Жансэхъурэ зэшщ. Шужьей щаукIар 1626 гъэрщ е зымащIэкIэ нэхъ пасэущ.

IуэрыIуатэм къызэрыхэщымкIэ, Шужьей и хьэдэр щыщIалъхьар щаукIаращ – Бахъсэнрэ Шэджэмыпсымрэ я зэхуакум. Зеикъуэ псым адрыщIкIэ джабэм кIэрыт сыныр Шужьей хухасауэ жызыIи урохьэлIэ.

 

 

Поделиться:

Читать также: