Шэдхъуреишхуэмрэ Шэдхъурей цIыкIумрэ

Дыщалъхуа щIыналъэм щIыпIэ дахэ куэд иIэщ. Абыхэм ящыщщ Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Каменномост къуа­жэм пэмыжыжьэу иIэ Шэдхъурей гуэлхэр. Абыхэм зы­п­лъыхьакIуэхэр зыIэпашэ, псалъэкIэ пхужымыIэным хуэ­дэщ а щIыналъэм и телъыджагъэр.

ИщхьэмкIэ укъыщеплъмэ, ахэр нэхэм ещхьщ. Гуэлхэм я зы лъэныкъуэмкIэ мэкъупIэщ, адреймкIэ мэзщ, дей жыг хадэщ. Ахэр тIу мэхъу: Шэдхъуреишхуэрэ Шэдхъурей цIыкIу­рэ. ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и пэм гуэлхэр щы хъууэ щытащ, ауэ я щхьэусыгъуэр ямыщIэу езыр-езыру игъущыкIащ, кумбышхуэ къанэри. Шэдхъурей гуэлхэр егъэлеяуэ зэрыдахэм и мызакъуэу, щэху куэди яIэщ. Абыхэм ит псыр зыщIыпIэкIи къыщилъадэркъым икIи щижыжыркъым, я кууагъым зимы­хъуэжу щагъэтщ псыщIагъ псынэхэм. ЩIымахуэми гъэмахуэми псым и хуабагъыр градуси 10 - 15-м фIэкIыркъым. Псыр зэрыщIыIэм къыхэкIыу цIыхухэм абы зыщагъэпскIыфыркъым, ауэ бдзэжьей къыщаубыд.
Гуэлхэм я теплъэкIэ кумбышхуэхэм псы ит хуэдэщ. ЩIэ­ныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, Шэдхъуреишхуэм и ­кууагъыр метр 300-м щIегъу. Гуэл щIагъым щежэх псыхэм, архъуанэхэм, иIэ бгъуэнщIагъхэм гугъу ящI абыхэм я ­кууагъыр зыхуэдизыр щыуагъэншэу къапщыныр. Шэдхъуреишхуэм Ипщэ гуэлкIи йоджэ, и теплъэкIэ хуэкIыхь хъурейуэ щытщ, ит псыр щхъуантIафэщ, псы Iуфэри апхуэдэу задэкъым. Абы метр 270-рэ и кIыхьагъщ, метри 170-рэ и бгъуагъщ. ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и блыщI гъэхэм кIэнауэ датIыкIауэ щытащ, абы ирашу губгъуэхэм псы щIагъэхьэн мурадкIэ, ауэ зы жэщым псыр фIыуэ нэхъ чэнж хъуат, псы ткIуэпси губгъуэм нэмысу. Гуэлыр имыгъущыкIыпэн щхьэкIэ кIэнауэр ягъэсеижауэ ­щытащ. 
Шэдхъурей цIыкIум щхьэкIэ Ищхъэрэ гуэли жаIэ. Ар нэхъ хъурейщ, ит псыри нэхъ фIыцIафэщ. Абы метри 160-рэ и кIыхьагъщ, метри 110-рэ и бгъуагъщ, и Iуфэр лъагэщ икIи задэщи, убгъэдыхьэфыркъым. Гуэл щхьэфэр щэхущ, сабырщ, ауэ и щIагъым щежэх псыхэмрэ архъуанэхэмрэ шы­нагъуэщ, цIыху куэди итхьэлащи, ухыхьэу ядэркъым. Ак­валангистхэми яфIэфIкъым абы хыхьэн.
ЦIыхухэм хъыбар шынагъуэ жаIэж а гуэлхэр къызэры­-хъуам теухуауэ. Пасэ зэманым а щIыпIэр хъупIэу, зэкъуэшищым Iэщ щагъэхъуу щытащ. Зэгуэр абыхэм губгъуэр яхуэмыгуэшу зэщыIейхэри, зэбий хъуащ. Я нэпсеягъэм къыхэкIыу, Тхьэр къэгубжьщ, щIыр зыгуигъэхури, Iэхъуэхэри Iэщхэри дигъэхуащ, иужькIэ а щIыпIэм деж гуэлищ къыщыунэхуащ.
Абыхэм япэгъунэгъу къуажэхэм щыпсэу цIыхухэм а щIы­пIэр фIыуэ ялъагъуркъым, шынагъуэу ябж, Iэмалыншэ мы­хъуауи гъунэгъуу бгъэдыхьэркъым. 
Мыри гъэщIэгъуэнщ. 1972 гъэм Шэдхъурей цIыкIум и деж «Земля Санникова» фильмым щыщ Iыхьэ зыбжанэ щытри­хауэ щытащ «Мосфильм» киностудием. Абы дуней псом щыцIэрыIуэ къэфакIуэ Эсамбаев Мэхьмуд роль щигъэзэщIащ. 

Бицу Жаннэ.
Поделиться: