Анэхэм я нэпсыр гъущакъым

1992 гъэ… ШыщхьэIум и 14… - Абхъаз Республикэм и тхыдэм и напэкIуэцI щхьэхуэщ, гуIэгъуэрэ бэлыхькIэ гъэнщIауэ… Илъэс 30 и пэ, а махуэм Куржы Къэрал советым и дзэр Абхъазым къытеуауэ щытащ.

«1992 гъэм шыщхьэIум и 14 махуэр дауэ фигу къинэжа? Дэнэ щызэхэфха къэхъуа гузэвэгъуэм и хъыбарыр? Иужьрейуэ дэвгъэкIа щIалэм къывжиIэнIауэ хунэса?», - апхуэдэ упщIэхэм я жэуапым нэпсыр кърегъакIуэ, гур ехуз, залымыгъэмрэ гузэвэгъуэмрэ я купщIэр сэтей къещI.

Кичбэ Гули, Абхъаз анэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI: Нобэрей махуэр зыми хуэмыдэжу игу къинащ дэтхэнэ зы абхъаз анэми. Нобэ хуэдэ махуэращ къалэдэс щIалэ цIыкIухэр зэхаха хъыбар жагъуэм Iэщхьэ пцIанэу щришэжьар. Я лъэпкъым, хэкум хуаIэ лъагъуныгъэм зауапIэ губгъуэм иришащ ахэр Iэщэ ямыIыгърэ фащэкIэ мыхуэпауэ. АР-м и Совет Нэхъыщхьэм и УнафэщI Ардзинбэ Владислав телевиденэмкIэ къэпсэлъэн и пэ ди щIалэ цIыкIухэр Сыхъум дэжри, Лъэмыж Плъыжьым нэсат.

ГуIэгъуэт а махуэри, абы къыкIэлъыкIуа илъэсри. Зыри зимылажьэ, зи псэугъуэ щIалэ цIыкIухэр биишэм къыхигъащIэрт. Дэтхэнэ анэм дигъэкIынт и къуэр арэзыуэ? Псоми я бынхэм я гъащIэр яхъумэныр нэхъ къащтэрт. Ауэ Iуэхум и куууагъым уегупсысмэ, хэтыт лъахэр зыхъумэнур, хэтыт бийм пэщIэувэнур ди щIалэхэр мыхъуамэ? Зауэм зи псэр щызытахэр иджыри къыздэсым тщыгъупщакъым, дяпэкIи тIэщIэхунукъым.

Гурэ псэкIэ дыгуIэми, акъылкIэ къыдгуроIуэ хэкIуэда щIалэхэр мыхъуамэ, ди хэкур зэрытхуэмыхъумэнутэр. Нобэ мы сыным деж къокIуалIэ иджыри къыздэсым зи нэпс мыгъуща анэхэр. Сыным удз гъэгъахэр тралъхьэ етIуанэ махуэм щегъэжьауэ къыткъуэува Кавказ Ищхъэрэм щыщ щIалэхэм я анэхэми, Абхъазым зыщызыгъэпсэху бзылъхугъэхэми.

Мыбдеж зи цIэр тетха дэтхэнэми и фэеплъыр ди дежкIэ лъапIэщ.  АфIэкIа зэи щремыIэ мыпхуэдэ фэеплъ щIагъэувын щхьэусыгъуэ. Дэ ди щхьэ кърикIуа гузэвэгъуэр зэлъэгъуа, зыхэзыщIа дэтхэнэ зыми фIыуэ къыгурыIуэн хуейщ зауэкIэ Iуэху зэрыпхузэфIэмыхынур. Тхьэ солъэIу, ди лъахэми, Кавказми, нэгъуэщI щIыпIэхэми апхуэдэ мафIэс зэи къыщымыхъеину.

Почулия Раисэ, зауэм хэкIуэда Почулия Валерэ и анэ: ШыщхьэIум и 14-р сэри, си унагъуэми зэи тщыгъупщэнукъым. А махуэм и пщэдджыжьым, адрейхэми хуэдэу лэжьапIэ сыкIуат. Зауэ къэхъеяуэ зэрызэхахыу, си къуищри пщIантIэм дэкIащ. Сэ лэжьапIэм щызэхэсха хъыбарыр сигу щIыхьат, псом япэу сызэгупсысари си бынхэращ. Дакъикъэ бжыгъэкIэ сыкъэсыжат унэм, арщхьэкIэ, зи хэкур зэрапхъуэ щIалэхэр я пIэ изэгъэнт? Дэнэ къыщыслъыхъуэнт я лъахэм къытехьа лейр зымыгъэхъуфыну щIалэ цIыкIухэр… Мазэ бжыгъэкIэ дызэрылъэгъуакъым, я хъыбар сщIакъым. «Гур зэрыгъум дыгъур ирожэ», - жыхуаIэрати, нэхъ Iей дыдэу сызыщышынэ гузэвэгъуэр къыслъэIэсащ: мазаем и 25-м Валерэ яукIащ. Я щхьи, я быни, къэзылъхуаи къафIэмыIуэхуу бийм къатригъэпса шэ бзаджэм пэщIэува щIалищым языр сIэщIихащ зауэм. Илъэс 30 дэкIащ абы лъандрэ. Мыпсэуж си къуэм сыщегупсыскIэ, зэми си нэпс къысфIыщIож, зэми си щхьэр лъагэу сегъэлъагъуж… 

 Пэж Лерэ, КъБР-м икIа, зауэм хэкIуэда Пэж Заур и анэ: Хуабжьу къызэхьэлъэкIыу си гъащIэм хэт махуэщ шыщхьэIум и 14-р. Си къуэ Заур Къэбэрдейм щыщу япэ дыдэу Абхъазым къэкIуа щIалэхэм яхэтащ. Унэм нысхуашэжар куржыхэм яIэщIэкIуэда щIалэм и хьэдэрщ. Си закъуэкъым апхуэдэ гузэвэгъуэ зылъысар, лъэпкъ зэхуэмыдэ куэдым щыщ анэхэр игъэгуIащ а зауэм. Си къуэр щыпсэуми, яукIа нэужьи, Абхъазым къытехьэ лейм сигу хигъэщIырт, дэIэпыкъуэгъу нэхъыбэ къызэрызгъэкIуэным сыхущIэкъурт. Уеблэмэ, сэр дыдэр сыкъэкIуэну сыхуейт.

Илъэс щэщI блэкIами, си хьэлъэр нэхъ мащIэ хъуакъым. Сэ сыхуейщ си къуэм и псэр зыщIита, хэку етIуанэ схуэхъуа Абхъазым и уафэр сыт щыгъуи къащхъуэу щытыну, зэгурыIуэныгъэ, гуапагъэ, мамырыгъэ илъыну!

Акабэ Нателлэ, 1991 - 1996 гъэхэм Абхъаз Республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и депутату щыта: 1992 гъэм, шыщхьэIум и 14-м и пщэдджыжьым АР-м и Совет Нэхъыщхьэм и зэIущIэр зэхэтын хуейт. Дэ дыхэплъэну ди мурадт Абхъазымрэ Куржымрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэм теухуа зэгурыIуэныгъэм и проектым. А махуэм мамырыгъэкIэ Iуэхур зэфIэтхыну зи гугъэ дэ, ди пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым а сыхьэтым IэщэкIэ зэщIэузэда куржыдзэр ди щIым къихьэну. Ардзинбэ Владислав и лэжьапIэ пэшым дыщIыхьауэ зэхэтхащ хъыбарыр. Депутатхэр псори дызэщIыгъуу Гудаутэ дыкIуэну унафэ къытхуищIри, дыкъыщIэкIыжащ. Дэфтэрхэр къэсщтэну си пэшым сыщыщIыхьэжам, куржы вертолетхэр хуарзэу къытщхьэщытт, и хъуреягъыр зэтракъутэу. Абдеж занщIэу къыдгурыIуащ куржыхэм я мурад нэхъыщхьэр - Апсным и орган нэхъыщхьэхэр псом япэу зэтекъутэнырт, зэхэуэ куэди ирамыгъэкIуэкIыу куржы бэракъыр Абхъазым и Совет Нэхъыщхьэр зыщIэс унэм щыфIэдзэнырт. Ауэ, ди насып къихьри, абыхэм зэхалъхьа сценарийм Iуэхур къытекIащ. И кIэн къикIащ лей зехьэным пэIэщIэ, зи хэку зыхъумэж лъэпкъым.

Абхъазым и хуитыныгъэм, мамырыгъэм папщIэ ди щхьэр лъагэу тIэтыху, ди нэпсыр къекIуэнущ абы щIэтта уасэм и гуащIагъыр зыхэтщIэурэ. Си фIэщ мэхъу ди лъахэ цIыкIум и зыужьыныгъэр, нобэкIэ зэригъэхъулIахэр абы щIэзэуа дэтхэнэ щIалэми псэкIэ зэрызыхищIэр, зэрыщыгуфIыкIыр.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: