ТекIуэныгъэм и уэрэдхэр

Куржы Къэрал советым и дзэр Абхъазым къызэрытеуэрэ илъэс тIощI щрикъум дунейм къытехьауэ щытащ «Ди ТекIуэныгъэм и уэрэдхэр» фильмыр. Ар тезыхар илъэс куэдкIэ Абхъаз къэрал телевиденэм щылэжьа, зауэ корреспонденту щыта Ходжавэ Эммэщ (зыгъэувар Дзедзария Тимурщ, режиссер-операторыр Кучуберия Тимурщ).

Нобэ хуэдэу сощIэж ар Мухьэжырхэм я утым деж зэрыщагъэлъэгъуар. Нэхъыбэм ялъагъун хуэдэу ягъэува экранышхуэм и гупэм шэнт 600 щрагъэувэкIащ. Абдеж щызэхуэсащ АР-м и Президентыр зи пашэ Правительствэм хэт гупышхуэр, депутатхэр, хэкIуэдахэм я анэхэр, Абхъазым щызэуахэм я зэгухьэныгъэу Кавказ Ищхъэрэм и хэгъэгухэм щыIэхэм я лIыкIуэхэр, зауэм хэтахэр, къалэдэсхэр, хьэщIэхэр. ТIысыпIэхэм щысхэм нэхърэ нэхъыбэжт утым щызэхуэса цIыхубэм я бжыгъэр. Зэплъынур гъэщIэгъуэн гуэру зэрыщытыр, блэкIамрэ нобэмрэ зэрыщызэпэджэжыр, зауэр ящызыгъэпсынщIа уэрэдхэр дзапэ уэрэду къызэрырахьэкIыр зыдэплъагъу абхъазхэр йожьэ Хаджавэ Эммэ игъэхьэзыра проектым.

Фильмым щIидзэн и пэ къихуэу Эммэ депсэлъылIат абы щыгъуэм. Уэрэдхэм ятеухуа фильм трихыну гукъэкI зэрищIам, абы и мыхьэнэм кIэщIу къытхутепсэлъыхьат. Налшык дызэрикIар щыжетIэм, и нэгум занщIэу зызэлъыIуех, зауэм хэта адыгэ щIалэ куэд зэрицIыхугъэр жиIэурэ.

- Сэ зауэм и пэ махуэм щегъэжьауэ корреспонденту сыхэтащ. Илъэс 22-рэ фIэкIа сымыхъуу фронтым Iут си ныбжь щIалэхэр зыхэт зэхэуэ гуащIэхэм тесхырт, - къыддогуашэ Эммэ. - Зауэр цIыхупсэр зыгъэхыщIэ Iуэху фIыцIэщ. Дакъикъэ къэс я нэгу щIэкI лейм къыщыдэхуэ зэзэмызэм щIалэхэри хуейт джэгуну, гушыIэну, уэрэд жаIэну. Зи щIалэгъуэхэр дэнэ щIыпIэ къыщыщIидзми, я гурылъым зихъуэжыркъым. Ар сфIэгъэщIэгъуэнти, дэнэ деж уэрэд щыжаIэми, сыкIуэурэ ятесхырт. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми уэрэд къызжеIэ жыпIэмэ, зы псалъи къапхужьэдэшынутэкъым, атIэ апхуэдэ дакъикъэхэр къахуихуэу арат. Уеблэмэ, урысей каналымкIэ къатыну сюжетхэр езгъэхьын хуейуэ къыспэплъэу, ауэ сэлэт гуэрым уэрэд къыхидзарэ ар тезмыхыу сыблэмыкIыфу щытыкIэ сыкъыщихутаи щыIащ. А уэрэдхэм щIалэхэм я дэрэжэгъуэр къиIэтырт, текIуэныгъэм, фIым и фIэщхъуныгъэр къахилъхьэрт. Сэ апхуэдизкIэ сыдахьэхырт абыхэми, жэщым и сыт хуэдэ зэманми сыжеинутэкъым, зыщIыпIэ деж уэрэд щыжаIэу. А псори пленкэм тету схъумащ.

Зауэр иухауэ, цIыкIухэм еджэн щыщIадзэжам сэ, военнэ корреспондентыр, етIуанэ школым сыкIуэну къызжаIащ япэ уэзджынэр къызэреуэм тесхыну. Пэжыр жысIэнщи, си гъусэ операторми сэри тфIэфI хъуатэкъым, махуэм нэхъыщхьэ дыдэу къэхъу Iуэхугъуэр къэзыт дэ, сабийхэм я деж дызэрагъакIуэр.

Мис абы сыщыIэу сыщIэдэIуащ цIыкIухэм я уэрэд жыIэкIэмрэ ахэр зытеухуамрэ. Зауэ нэужьым къыдэкIуэтей щIалэгъуалэр, уэрэдым и мыхьэнэр, хэкIуэда лIыхъужьхэм я бынхэм я къэкIуэнур - куэд щызэблэкIащ а махуэм си щхьэм. СыкъэкIуэжри, къытезгъэзэжурэ сеплъащ зауэм щытетха сюжетхэм. Мис абы щыгъуэ си гум ислъхьащ а уэрэдхэм ятеухуа фильм тесхыну, лIакъуэхэр зэпызыщIэ лъэмыж хуэдэу дунейм къытезгъэхьэну. ИкIи ди текIуэныгъэм, хэкур хъумэным щIэзэуа лIыхъужьэм я бынхэр хэту фильм тесхыну мурад сщIащ. Иджы зауэм хэтхэм жаIэ уэрэд пычыгъуэхэр абыхэм я бынхэм нобэрей гъащIэм щагъэзащIэ. ГъащIэм къызэрыпищэр, лъэхъэнэхэр зэрызэпыщIар, лъэпкъым къыщIэувэ къаруущIэр - куэд лъабжьэ хуэхъуащ мы фильмым.

Мыбы уэрэд щыжызыIэр абхъазхэм я закъуэкъым, атIэ Кавказ Ищхъэрэм къикIа, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIа лIыхъужьхэри хэтщ. Сосналы СулътIан и зэфIэкIыр, Къардэн Генэ и гупыр – ахэр зэи ящыгъупщэнукъым абхъазхэм. Фильмым хэтщ Къэбэрдейм щыщ Жылэтэж Руслан «Адыгэ нысэ» уэрэдыр игъэзащIэу. Ар дэнэ дежи къыщыхидзэрт Руслан. Сэ адыгэбзэ къызгурыIуэртэкъым, ар абы апхуэдизу и гум хыхьауэ жиIэрти, зауэм, лIыхъужьыгъэм теухуа уэрэд гуэр си гугъэт. Мыбы хэт пычыгъуэр тесхри, сыкъыIукIыжа къудейуэ, сыхьэт зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу а гупыр хэкIуэдауэ щытащ.

Адыгэбзэ зымыщIэхэм уэрэдыр зытеухуар ящIэн папщIэ, Руслан игъэзащIэ уэрэдыр абхъазыбзэкIи зэредгъэдзэкIрэ щIалэ цIыкIухэм жедгъэIэмэ, нэхъыфIу къэслъытащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а уэрэдыр псоми фIыуэ ялъагъу.

Фильмыр щIидзэн и пэ къихуэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ Логуа Михаил. Абы къыхигъэщащ захуагъэм сыт щыгъуи гъуэгу зэригъуэтыр.

- Куржы-Абхъаз зауэм гушхуэныгъэри-нэщхъеягъуэри щызэхэухуэнауэ щытащ. ТекIуэныгъэр я фIэщ хъуууэ бийм пэщIэтащ зи псэугъуэ щIалэхэр, хэкупсэ адэхэр, псэемыблэж къуэшхэр, уеблэмэ, цIыхубзхэм Iэщэ къыщащтаи къэхъуащ, - жиIащ Михаил. - Хуабжьу сэбэпышхуэ хъуащ Кавказ Ищхъэрэм къикIа ди къуэшхэр. ФIыщIэ ин яхуэсщIыну сыхуейщ анэхэм. Абыхэм я щIалэхэм яхъумэфащ ди лъахэр, къытхуахьащ щхьэхуитыныгъэр. Зауэ нэужь илъэсхэри гугъуу щытащ Апсным дежкIэ. Ауэ абы щыгъуэми къэрал цIыкIум и зэфIэгъэувэжыныгъэм я гуащIэ халъхьащ хэкупсэ нэсу лъэпкъым къыщIэхъуэхэм. 2008 гъэм УФ-м зи щхъэ хуит къэралу къилъытащ Абхъазыр. Нобэ дэ иужь дитщ къэрал ныбжьыщIэм и щыIэкIэ-псэукIэр зыхуей хуэзэу зэфIэгъэувэным. КъыдэкIуэтей щIэблэм я къэкIуэнур нэхъыфI щIыным, Апсным зегъэужьыным дыхуэлэжьэнырщ ди къалэн нэхъыщхьэр. Зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъым пщIэ хуэдывгъэщI, абыхэм къытхуазэуа лъахэм дыхуэвгъэлажьэ.

Зауэм хэкIуэда урыс журналист Бардодым Александр и анэ Нинэ къыщыпсалъэм жиIащ и къуэ закъуэр езыр фIэфIу зауэ корреспонденту къызэрыкIуар.

- Зауэр щыщIидза махуэм къежьащ Сашэ, - игу къегъэкIыж Нинэ. – Машинэ тедзэкIэ къыздэкIуэфым нэс къакIуэри, адэкIэ бгым лъэсу къызэпрыкIащ. Абы и гур зэтар лэжьыгъэ къудейртэкъым, атIэ зыкIи мыкъуаншэу лей зрах жэнэт щIыналъэ цIыкIум щхьэкIэ пIейтейрт. Журналистым ехьэлIауэ щыIэ дунейпсо хабзэр къызэпиудащ Сашэ, лэжьэну къагъэкIуауэ арами, Iэщэ къищтащ. Зэ фIэкIа щымыIами, Абхъазыр и псэм щыщ Iыхьэ хъуат ди къуэм, абы абхъаз поэзиер, прозэр урысыбзэкIэ зэридзэкIырт. Ныбжьэгъу куэд иIэ хъуат абы, ахэр ди дежи нишэурэ дигъэцIыхуат, зауэр щIимыдзэ щIыкIэ.

Зауэм зэрыхэтым хуэдэурэ усэхэр зэхилъхьэрт, уеблэмэ, абы зэхилъхьа уэрэдыр зауэ лъэхъэнэм Абхъазым и гимн пэлъытэ хъуат. Куэдым фIыуэ къалъагъурт ар, езыми цIыхум и гур хузэIухат. АрщхьэкIэ, гъащIэ иIэтэкъым, зытетхыхьа жэнэт лъахэм, мандарин гъуэжьхэм, пальмэ лъагэхэм, хы Iуфэ телъыджэм папщIэ и псэр итащ…

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщу Абхъазым щызэуа щIалэхэм къабгъэдэкIыу зэIущIэм къыщыпсэлъащ Сэхъурокъуэ Александр. Абы къыхигъэщащ илъэс куэд дэкIа пэтми, зэхэуэ гуащIэхэр дыгъуасэ хуэдэу и нэгу къызэрыщIыхьэжыр. Къуэшым къуэшыр гузэвэгъуэ къызэрыримынэм хуэдэу адыгэхэри абхъазхэм зэрагуэувар, нобэ ялъагъу дахагъэ псори къахуэнэжыным папщIэ я псэ зэремыблэжар, дяпэкIэ гугъуехь гуэр къалъыкъуэкI хъужыкъуэми, зэракъуэувэнур къыхигъэщащ Сэхъурокъуэм.

…Фильмыр хуабжьу купщIафIэ хъуат. Эммэ къызэрыджиIам тету, зауэр щекIуэкIым щыгъуэ щIалэхэм уэрэд жаIэу ятриха пычыгъуэхэр къегъэлъагъуэ, иужькIэ иджырей щIалэгъуалэм ардыдэр и кIыхьагъкIэ ягъэзащIэ. Бардодым Александр и уэрэдхэмрэ усэхэмрэ нэпсыр кърегъакIуэ. ЗауапIэ губгъуэм здитым зэхилъхьа усэхэр гитарэ иIыгъыу егъэзащIэ, абы къыкIэлъокIуэ шэшэн щIалэм жиIэ уэрэдыр. Апхуэдэурэ экраным къредзэ КъБР-м щыщ адыгэ щIалэ Жылэтэж Руслан. И лъэгуажьэр бэрэбанэ хуэдэу теуIэу, «Адыгэ нысэ унэ идошэрэрэ, уойра-уорира-уорира…» жиIэу къыщыхидзэкIэ, иджыри къэс щыму щыса абхъазхэм Iэгуауэшхуэ яIэт. Си бгъумкIэ щысхэм соупщI: «Сыт адыгэ щIалэм нэхъ лейуэ Iэгу щIыхуеуэр?». Зауэм хэта цIыхухъум къызжеIэ Руслан адыгэбзэкIэ игъэзащIэ уэрэдыр псоми гукIэ зэращIэр. Къызбгъэдэсым къызжиIа псалъэхэм щыхьэт тохъуэ зауэм къыхэкIыу иджырей гъащIэм къыхыхьэ сюжетыр. УдзыпцIэ дахэм хэсу а уэрэдыр и кIэм нэс адыгэбзэкIэ егъэзащIэ абхъаз щIалэм, итIанэ абхъазыбзэкIэ зэрадзэкIа псалъэхэр щIэлъу ардыдэр къытрегъэзэж. Адыгэбзэми, абхъазыбзэми си гъунэгъуу щысхэр зэрыдежьуар телъыджэ сщыхъуащ. Зэкъуэш лъэпкъитIыр нэхъ гъунэгъуж зэхуэзыщI уэрэд хъуащ «Адыгэ нысэр». АдэкIэ къоуэ осетин, шэшэн, урыс щIалэхэм ягъэзащIэ уэрэхэр, ахэр жаIэж зауэр щекIуэкIым илъэс зы-тIу нэхъыбэ зимыныбжьу щыта абхъаз щIалэгъуалэм… БлэкIам къригъакIуэ нэпсымрэ нобэ зыхащIэ гурыщIэмрэ Iэпкълъэпкъыр егъэтхытх. ХэкIуэда щIалэхэм я гъащIэр гуузу къызэпыудами, нобэрей щIэблэм я дунейр нэхущ!!!

Мухьэжырхэм я утым деж щегъэжьауэ фэеплъ сыныр зэрытым нэс сэлэт фащэхэр зыщыгъ щIалэхэм мафIэ пыгъэнар яIыгъыу щытщ. Абыхэм я зэхуаку докI цIыху гупышхуэр. Зэхэуэм и щIыхь паркым шэху мин щыщIагъэнащ Куржы-абхъаз зауэм зи псэр щIэзытахэм, зауапIэ губгъуэм икIуэдахэм я фэеплъу. ЦIыхухэр щыму йокIуалIэ абы. Нэпсхэр щIалъэщIыкI. Мывэ сыным Iэ далъэ.

ШыщхьэIум и 14… Зауэм и пэ махуэр нэгум къыщыщIэувэжщ, дэтхэнэми игу къегъэкIыж и къуэр, и къуэшыр, и дэлъхур, и гъунэгъур, и ныбжьэгъур…

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: