Псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ цIыхухэм защIэгъэкъуэным пыщIа Iуэхухэм хэплъащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ иригъэ­кIуэкIащ КъБР-м и Прави­тельствэм и зи чэзу зэIущIэ.

Абы щыхэплъащ респуб­ликэм и социально-эконо­микэ зыу­жьыныгъэм ехьэлIа Iуэ­хухэм. Гулъытэ хэха хуа­щIащ лэ­­жьапщIэм и лъэныкъуэкIэ щыIэ ехъулIэныгъэ­хэмрэ гу­гъуехьхэмрэ. Къапщ­тэмэ, ды­зэрыт илъэсым и япэ мазитхум экономикэм и IэнатIэм ику иту щата лэжьапщIэр сом 32734,3-рэ мэхъу икIи нэгъабэ и апхуэдэ зэманым елъы­тауэ проценти 8,3-кIэ хэхъуащ.
- ЩэхуакIуэ уасэхэм зэрызахъуэжар къэплъытэмэ, ипэ­жыпIэкIэ къыщIэкIым тещIыхьауэ улахуэр процент ­96,1-рэ хъуауэ аращ икIи дэ   абы арэзы дыкъищIынкIэ Iэ-мал иIэкъым. ШыщхьэуIу ма­зэм и 1-м щегъэжьауэ дэ проценти 10-кIэ хыдогъахъуэ бюд­жет IэнатIэм хиубыдэхэм я лэжьапщIэм. Апхуэдэу щIэгъэхуэбжьауэ долэжь цIыхухэм я хэхъуэхэр нэхъыбэ щIыным икIи ахэр ику иту къэралым исхэм къаIэрыхьэм лъэщIыгъэхьэным, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
Республикэм и унафэщIым апхуэдэу къигъэлъэгъуащ         нэхъ хуэмыщIауэ псэухэм, абы­хэм ящыщу сабий зиIэ уна­гъуэхэм ядэIэпыкъуныр къа-лэн нэхъыщхьэ дыдэхэм зэ­ращыщыр. Республикэм ис уна­гъуэхэм зыщIагъакъуэ дэIэ­пыкъуныгъэхэм я унэтIыныгъэу 7-кIэ. Псори зэхэту нэхъ хуэмыщIауэ къалъытэ уна­гъуэхэм ирата дэIэпыкъуныгъэр сом меларди 2,1-рэ мэхъу. ДэIэпыкъуныгъэ хэхахэр ялъысащ сабийуэ 25351-м, унагъуэ 12900-м. Я псэупIэхэр ирагъэфIэкIуэнымкIэ унагъуэ 83-м зыщIагъэкъуащ.

Поделиться: