ЯIыгъыр зы динщ, арщхьэкIэ...Бадзэуэгъуэм и кIэм Иракым и правительствэр траху пэтащ. Ар зи Iэужьыр суннитхэмрэ шиитхэмрэ-исламым и къудамэ нэхъыщхьитIым - яку къыдэхъуа зэныкъуэкъурт. Апхуэдэ къаугъэхэр КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щIэх-щIэхыурэ къыщохъей икIи абыхэм яжь ящIеху гъащIэм и лъэныкъуэ Iэджэм: псалъэм и хьэтыркIэ, бензиным и уасэм. Абыхэм зауэшхуэхэм щыхуаши щыIащ.
СыткIэ зэщхьэщыкIрэ атIэ а къудамитIыр? Псори къыщежьар 632 гъэм Мухьэммэд бегъымбар лъапIэр дунейм ехыжа иужьщ. Суннитхэм IэтащхьэщIэу хахащ бегъымбарым и чэнджэщэгъуу щыта Абу Бакр. Ауэ шиитхэм къалъытащ а къулыкъур зылъысын хуейр Мухьэммэд и адэкъуэшым и къуэ икIи и малъхъэ Алийуэ: бегъымбарым и унагъуэм къыщыхъуати, абы нэхъ хуэфащэу къалъытащ.
Поделиться:
Читать также:
27.04.2024 - 11:00 →
Сом мелуанитхум щIигъу
26.04.2024 - 15:42 →
Фэеплъ жыг хадэхэр ягъэтIысынущ
26.04.2024 - 15:23 →
«Шато Эркен» щызэхуос
26.04.2024 - 15:00 →
Унэхэр зыхуей хуагъазэ
26.04.2024 - 14:00 →
ЩIыпIэцIэхэр
|