IэмалыщIэр япэу къэзыгъэсэбэпа банк

«Урысейм и Мэкъумэшбанкым» интернетым щиIэ «Своё жильё» платформэм дяпэкIэ онлайн щIыкIэм электрон IэщIэдзкIэ щIэгъэбыдауэ щызэфIагъэкIыфынущ ипотекэ зэгурыIуэныгъэхэр. Ди къэралым и банкхэм ящыщу «Мэкъумэшбанкым» япэу къигъэсэбэпын щIидзащ «Госключ» интернет гудзэныр. Абы и сертификат къыдэхынымрэ электрон IэщIэдзыр зэхэгъэувэнымрэ пщIэншэщ. IэмалыщIэм нэхъ тынш ещI псэупIэ къэщэхуным ехьэлIа кредитым и къыхэхынымрэ а Iуэхум ехьэлIа зэгурыIуэныгъэхэр зэщIылIэнымрэ.

«Урысейм и Мэкъумэшбанкыр» хущIокъу физическэ цIыхухэм щIыхуэ къэщтэныр нэхъ тынш зарщищIыным. Электрон IэщIэдзыр ар дзыхь зыхуэпщI хъун къэпщыта Iэмэпсымэщ. «Своё жильё» платформэмрэ «Госключ»-мрэ зэрызэпащIам псэупIэ къэщэхуным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр нэхъ тынш икIи псынщIэ ищIынущ», - къыхигъэщащ Урысейм и мэкъумэшбанкым розницэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ абы ехьэлIа Iуэхугъуэхэмрэ зегъэужьынымкIэ департаментым и унафэщI Волосевич Еленэ.

 «Госключ»-р ар юридическэ мыхьэнэ зиIэ документхэм электрон щIыкIэу Iэ зэрыщIэбдзын гуэдзэнщ. Ар къэбгъэсэбэпын папщIэ «Госуслуги» зыуэ щыт къэрал, муниципальнэ Iуэхутхьэбзэхэр щагъэзащIэ порталым зыщебгъэтхауэ ущытын хуейщ. Электрон IэщIэдзым хуитыныгъэ къует онлайн щIыкIэу документхэм уелэжьыну, абыкIэ къэралым хуитыныгъэ итащ икIи уи IэкIэ щIэбдзам хуэдэщ.

Электрон IэщIэдзыр «Своё жильё» порталым къыщыбгъэсэбэп хъунущ «Урысейм и Мэкъумэшбанкым» и ипотекэ Iэмалхэр къыщыпщтэм и деж.

Банкым и Iэмалхэмрэ и Iуэхутхьэбзэхэмрэ нэхъ зэпкърыхауэ зыщыбгъэгъуазэ хъунущ телефоным иIэ гуэдзэным, 8 800 100 0 100 телефымкIэ, www.rshb.ru официальнэ сайтым.  

«Своё жильё» платформэм къызэщIеубыдэ псэупIэ къэщэхунымрэ ар зыхуей хуэгъэзэнымрэ ехьэлIа Iуэхутхьэбзэ псори. Абы къыщыхьащ псэупэщIэ минитIым щIигъурэ нэхъапэм къагъэсэбэпа псэупIэ минрэ ныкъуэрэ. Ар пыщIащ ЦИАН псэупIэ къэлъыхъуэнымкIэ платформэм. КъищынэмыщIауэ, мыбы къыщыгъэлъэгъуащ ипотекэм ехьэлIауэ «Урысейм и Мэкъумэшбанкым» иIэ Iуэхутхьэбзэ псори.

Урысей Федерацэм и мэкъумэш-промышленнэ IэнатIэм епха IуэхущIапIэхэм кредит-финанс Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэнымкIэ лъабжьэ быдэщ «Урысейм и Мэкъумэшбанк» АО-р. Ар къызэрагъэпэщащ 2000 гъэм икIи нобэ къалъытэ АПК-м и кредитор нэхъыщхьэу. «Урысейм и Мэкъумэш банкыр» ди къэралым щылажьэхэм ящыщу нэхъ лъэщхэм, зи Iуэхухэр зэпIэзэрытхэм, мылъку хъарзыни зыбгъэдэлъ нэхъ банкышхуэхэм хабжэ.

КЪЭХЪУН Бэч.
Поделиться: