Мамырыгъэрщ зыхуэунэтIар къалэн пыухыкIахэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яIущIащ Къэбэрдей-Балъ­къэрым и жылагъуэ, дин зэ­гухьэныгъэхэм я лIыкIуэу Хер­сон областым щыщ Ска­довск­ къалэм щыхьэщIауэ иджыблагъэ къэзыгъэзэжахэм. Делегацэр Херсон облас­тым кIуауэ щытащ Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и махуэр гъэлъэпIэным теухуауэ къы­зэрагъэпэща гуфIэгъуэ Iуэхухэм хэтын папщIэ.

Республикэм и Iэтащхьэм хуэзахэм ящыщщ къэрэшей-балъ­къэр щIалэгъуалэм я зыу­жьыныгъэм телажьэ «Эльбрусоид» фондым и Налшык къалэ ­къудамэм и унафэщI Анаев Марат, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Бажэ Дотий, Пятигорскрэ Черкесскрэ я дин епархием и Налшык округым хиубыдэ пра­вос­лавнэ члисэхэм я Iэтащхьэ Бобылёв Валентин, адыгэ щIалэгъуалэм я зыужьыныгъэм телажьэ «Шэрджэс къэщIэ­рэ­щIэ­жыныгъэ» Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэ зэгухьэныгъэм и правленэм и тхьэмадэ Жылэгъащтэ Хьэчим, Тэрч-Балъкъ къэзакъ жылагъуэ округым и пашэ Махонин Дмитрий, КъБР-м и Мус­лъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ, КъБР-м и волонтёрхэм я республикэ сабий-щIалэгъуалэ жылагъуэ зэгу­хьэ­ныгъэм и тхьэмадэ Сыжажэ Алим, «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жыла­гъуэ-къэрал организацэм и Къэ­бэрдей-Балъкъэр республикэ ­къудамэм и унафэщIхэм ящыщ, КъБР-м и цIыхубэ артист, КъШР-м щIыхь зиIэ и артист Текуев Амур, дзэ зэпэщIэтыныгъэхэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыщу хэтахэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэ­зыгъэуIу советым и унафэщI, ­КъБР-м и Парламентым и депутат Тхьэгъэлэдж Тимур сымэ.
Жылагъуэ лIыкIуэхэм республикэм и унафэщIым хуаIуэтэжащ ахэр здэщыIа щIыпIэр къа­зэрыщыхъуар. КъБР-м икIахэр гуфIэгъуэ Iуэхухэм хэтащ икIи абыхэм хиубыдэу къызэрагъэпэща зэIущIэшхуэм жыджэру хэлэ­жьыхьащ. Ахэр Скадовскэ райо­нымрэ Скадовск къалэмрэ я жы­лагъуэ лIыкIуэхэм епсэлъащ адэ­кIэ зэрызэдэлэжьэнум теухуауэ. Псом хуэмыдэу а зэIущIэм гъэ­щIэгъуэну щекIуэкIащ псоми я зэхуэдэ тхыдэ, щэнхабзэ хъугъуэ­фIыгъуэхэр хъумэным, щIэблэр хэкум хуэпэжу гъэсэным, нэхъ хуэмыщIа цIыху гупхэм ядэIэпыкъуным ятеухуа псалъэмакъхэр. Ди республикэм икIахэм дзэ-граждан администрацэм иратыжащ гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу а щIыналъэм и сабийхэм папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэгъуалэм зэхуахьэса тыгъэхэр.
ЗэIущIэм Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и жылагъуэ лIыкIуэхэм ап­хуэдэу щыжаIащ жылагъуэ IуэхущIапIэхэмрэ волонтёрствэмрэ зегъэужьыным хуэгъэзауэ Скадовск къалэм щыщ я ныбжьэ­гъу­хэм сыт и лъэныкъуэкIи ядэIэ­пыкъуну икIи ядэлэжьэну зэры­хьэзырыр.
КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэ­кIуэкIа зэIущIэм республикэм и Жылагъуэ палатэм хэт Бажэ Дотий къыщыхигъэщхьэхукIащ: «Ди бысымхэр зыгъэпIейтей гугъуехь псори зэман кIэщIым ­къриубыдэу зэхэдгъэкIыфауэ жы­пIэ хъунукъым. Гугъуехьхэр куэд мэхъу икIи абыхэм ящыщу нэхъыщхьэ дыдэхэм дыхэплъэну дыхунэсауэ къысщохъу. Си ­щхьэ­кIэ сэ нэхъыщхьэ дыдэу къыз­гурыIуар «Урысейр икIуэ­тыж­мэ, дауэ дыхъуну?» жаIэу гузавэхэр зэрыщыIэрщ. Апхуэдэу къэхъумэ, ахэр гузэвэгъуэшхуэ хэхуэнущ. Ауэ дэ шэч къытетхьэркъым ди цIыхубэр, Урысейр сыт хуэдэ гугъуехьхэми зэрапэлъэ­щынум. Абыхэм дазэрыдэIэпыкъуну щIыкIэмрэ дащыдэIэпы­къун хуей зэманымрэ фэ нэхъ фщIэнщ, ауэ ди дэIэпыкъуныгъэ фыхуей хъумэ, дэ сытым дежи дыкъэвгъуэтынщ. ЩыттIэгъэну фащэр зыхуэдэмрэ дыщы­зэ­хуэсыну щIыпIэмрэ къыджефIэ закъуэ».
КIуэкIуэ Казбек жылагъуэ лIыкIуэхэмрэ дин лэжьакIуэхэмрэ фIыщIэ яхуищIащ абыхэм граждан зэхэщIыкIрэ лIыхъужьыгъэрэ къызэрагъэлъэгъуам, Херсон областым и Скадовскэ районым гуманитар дэIэпыкъуныгъэ зэры­хуашам, гузэвэгъуэ хэхуа цIыху­бэм зэрызыщIагъэкъуам папщIэ. «Фэ аргуэру зэ нэрылъагъу фщIащ Урысейм нобэ игъэзащIэ къалэн пыухыкIахэр мамыр мурадхэм зэрыхуэунэтIар, къухьэ­пIэ къэралхэм зыхадза жыхьэн­мэм ахэр къригъэлыну Урысейр зэ­рыхущIэкъур. Хэхауэ Америкэрщ Украинэм и цIыхубэр зауэм и мафIэм, фашизмэм и идеоло­гием хэзыдзар. Нобэ мыбдеж къыщызэхуэсахэм зэпыфча ­гъуэ­гуанэм мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ. НывжесIэжыну сы­хуейщ Херсон областым и уна­фэщIхэм фэ евгъэкIуэкIа лэжьыгъэм пщIэшхуэ къызэрыхуащIар. Фызэхуэза, фызэпсэлъа цIы­хухэм я гур нэхъ къызэрыгъуэтыжащ. Сэ шэч къытесхьэркъым ап­хуэдэ лэжьыгъэр ди цIыхухэм яку дэлъ зэкъуэш зэпыщIэныгъэхэм адэкIи зегъэужьынымкIэ сэбэп зэрыхъунум», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: