Махуэшхуэ зэIущIэхэр шынагъуэншэу

Налшык щекIуэкIащ Урысей гвардием и щIыналъэ управленэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-мрэ я зэIущIэ. Ар теу­хуат фокIадэм республикэм щызэхэтыну гуфIэгъуэ, фэ­еплъ Iуэхухэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным. КъБР-м щыIэ Урысей гвардием и управленэм и унафэщI, полицэм и полковник Васильев Сергей иригъэкIуэкIа зэхуэсым хэтащ щIыналъэ министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я унафэщIхэр, ­къалэ администрацэм и лIыкIуэхэр.

«Жэуаплыныгъэ зыпылъ лэжьыгъэшхуэ къытпэщытщ. Гулъытэ хэха хуэщIыпхъэщ цIыху куэд щызэхуэс щIыпIэхэр къэпщытэным. Iуэхухэр ще­кIуэкIыну щIыпIэхэм пэгъу­нэгъуу щыIэн хуейщ Урысей гвардием ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэ IэнатIэм и плъыр гупхэр», - къыхигъэщащ Урысей гвардием и щIыналъэ управленэм и унафэщIым. 
ЗэIущIэм кърикIуахэм япкъ иткIэ Васильев Сергей къудамэ хэхахэм я унафэщIхэм ягъэзэщIапхъэхэр пщэрылъ ящищIащ. 

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.
Поделиться: