...адыгэ дыхъужынт...

Жыг къудамэр къришэхыу абы пыт тхьэмпэр хэт зэпызыплъыхьар? Мыхъуми зэ... зэ закъуэ... зы дакъикъэкIэ.

А ТХЬЭмпэр ТХЬЭм и Iэужьу зэрыщытыр зыхэзымыщIахэм сопсэу, сыпсэуащ зэрыжаIэнур дауэ? Тхьэмпэр зэрыIущащэр псэм щызэхыбох... ар зэIущащэр псэ зиIэхэращ. Тхьэмпэм и Iущащэ макъ зэхыумыхымэ, абы къикIыркъым ар мыIущащу.

Тхьэмпэм и бауэ макъыр щыму мэIу. Ар къытщосхь ину бэуэну, ауэ дэ дегъэбауэ. Фызогъэбауэри пщIэ лей къысхуэфIщ жиIэркъым. Дапхуэдизу упсэкъабзу ущытын хуей фIеягъэу щыIэр зэщIэпшэрэ, укъэзыухъуреихь псом абы иужь къабзагъэкIэ ухуэупсэжын щхьэкIэ? Хьэрэмагъ уигу къэмыкIыххэу упсэуныр сыту телъыджэ.

Хэт зэпиплъыхьа тхьэмпэм иIэ лъынтхуэхэм я тхыпхъэр? Абы зэ уеплъын щIэбдзэмэ, щымыIэр къэзыгъэхъурэ къэхъугъэр хэзыгъахъуэм хулъэкIыр умыгъэщIэгъуэнкIэ зы Iэмал иIэкъым. Нэхъ IэпэIэсэ дыдэу щыIэ нэрыбгэ цIыкIур бгъэтIысрэ, нэхъ псыгъуэ дыдэу щыIэ дыщэ Iуданэр ептми хухэмыдыкIын апхуэдэ тхыпхъэ дахэ. ИтIанэ зэщхьу тхьэмпитI къэгъуэти улIщ уэ. Псори зэмыщхьщ, псори телъыджэщ. Псори зы хупхъэм къыщиджэлыкI зэманым сыту фIы Тхьэшхуэм дызэмыщхьу дыщыIэн папщIэ дыкъызэригъэщIар уигу къэбгъэкIыжыну.

Тхьэмпэм фемыдэIуамэ федаIуэ, фемыпсэлъамэ фепсалъэ, фемыплъамэ феплъ, Тхьэмпэм псэ Iутщ, псэ Iутыр къабзэщ. Къабзагъэм фыхуэзэшамэ, нэхъыбэрэ Тхьэмпэм феIущащэ. Фи фIэщ фщIы, жэуап къывитыжынущ. Тхьэмпэр зэрыIущащэр къэтщIэжамэ, дызэрыцIыхур дигу къэкIыжынт, зыттхьэщIыжынти адыгэ дыхъужынт.

ШЫБЗЫХЪУЭ Астемыр.
Поделиться: