Муниципалитетхэм иратыж

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий Iуэху зэхуэмыдэхэм щыхэплъа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал мылъкур зэгъэзэхуэнымкIэ республикэм и законым и 40-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ зэхуэсым къыщыпсэлъащ КъБР-м щIы, мылъку зэхущытыкIэхэмкIэ и министр Тэхъу Аслъэн.
Республикэм и къэрал мылъкур уней щIыным (приватизацэм) теухуауэ КъБР-м и Правительствэм иIа хуитыныгъэр абы теухуа законым хэтыжынукъым, Урысейм и щIыналъэхэм я къэрал мылъкур зэрызэрагъэзэхуапхъэ хабзэхэр иджы УФ-м и Правительствэм зэригъэбелджылым къыхэкIыу. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэр халъхьащ Урысейм и федеральнэ законым.
Министрыр къэпсэлъащ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и къэрал мылъку щхьэхуэхэр муниципали­тетхэм зэрыратым теухуа проектым и IуэхукIи. Абы тету, Бахъсэн къалэ администрацэм и мылъкум хагъэхьэнущ Бахъсэн къалэм дэт сабий яслъэмрэ (ар сом мелуан 37,9-рэ и уасэ унэлъащIэрэ техникэкIэ къызэрагъэпэщынущ), Дыгулыбгъуей ­къуажэм дэт сабий яслъэмрэ (сом мелуан 33,3-рэ и уасэ унэлъащIэрэ техникэрэ щIагъэувэнущ). Тэрч щIыналъэм и мылъкум хагъэхьэжынущ Новая Балкария къуажэм дэт сабий яслъэр. Ар сом мелуан 37,7-рэ и уасэ унэлъащIэрэ техникэкIэ зэпэщ ящIынущ.
ЗэIущIэм щыхэплъащ КъБР-р къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я щIыпIэ щхьэхуэхэр гъэдэхэным хуэунэтIауэ ирагъэ­кIуэ­кIыну зэпеуэм и проектым. Абы тепсэлъыхьащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Унэжокъуэ Астемыр. Республикэм и муниципалитетхэм я советым и зэгухьэныгъэм къы­хилъхьа проектыр КъБР-м и Iэтащхьэм диIыгъщ. Зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэщ КъБР-м Ухуэны­гъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэмрэ муниципалитетхэм я советым и зэгухьэныгъэмрэ. Мы зэманым къызэгъэпэщыныгъэхэр йокIуэкI, къэпщытакIуэ гупыр ягъэбелджылы.
Проектым текIуэдэнущ КъБР-м и Правительствэм и гъэтIылъыгъэ фондым щыщу сом мел­уани 5. НэхъыфIу къалъытэ къуажи 10-м дэтхэнэми хуэзэу сом мин 400, къали 2-м дэтхэнэми сом мин 500 тыгъэ хуащIынущ.
ПсэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм ехьэлIауэ къэрал властымрэ щIыпIэ самоуправленэхэмрэ ялэжьхэм республикэм и цIыхухэр щыгъэгъуэ­зэ­ным теухуауэ КъБР-м и Правительствэм къыхилъхьа проектыр къигъэнэIуащ Унэжокъуэм.
ЗэIущIэм къыщащтащ республикэм и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ ядэлэжьэ­нымкIэ щыIэ къэрал программэм халъхьа зэ­хъуэкIыныгъэхэр. Ахэр игъэбелджылащ КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэ­нымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор.
КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу ­къащхьэщыжынымкIэ и министр Асанов Алим къызэхуэсахэм я гугъу яхуищIащ республикэм щыпсэухэм ядэIэпыкъуным хуэгъэза проекти­щым. Ахэр къыхилъхьащ КъБР-м и Правительст­вэм.

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться: