Журналистхэм я зэIущIэшхуэ![]() Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и XIII зэIущIэр иджыблагъэ Мэзкуу щекIуэкIащ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ щIыналъэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэу 326-рэ. ЗэIущIэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэри. Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкIа зимычэзу зэIущIэм щытепсэлъыхьащ блэкIа илъэситхум IэнатIэм щахузэфIэкIам, я ехъулIэныгъэхэм, зыхунэмысахэмрэ ялэжьын хуейуэ къапэщылъхэмрэ. Зэгухьэныгъэм и унафэщI Соловьев Владимиррэ секретариатым и пашэ Агранович Екатеринэрэ я къэпсэлъэныгъэр зэфIэкIа нэужь, унафэщI гупхэри хахащ. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ дызыхуэкIуэ илъэситхум зэрылэжьэну щIыкIэм, гулъытэ хэха зыхуэщIыпхъэ, цIыхубэм нэхъыбэу гу зылъегъэтапхъэ Iуэхугъуэхэм. Зэгухьэныгъэм зыхуигъэувыж къалэнхэм ящыщу нэхъыщхьэу къалъытащ хъыбарегъащIэ IэнатIэм пэрыт цIыхухэм я пщIэр къэIэтын, журналистым хуэщIыпхъэ Iулыджыр гъэбыдэн зэрыхуейр. КъызэрыхэщамкIэ, абы и лъэныкъуэкIэ ехъулIэныгъэ хъарзынэхэри яIэ хъуащ. Апхуэдэу Зэгухьэныгъэм и жэрдэмкIэ къэралым къыщызэрагъэпэщащ «Урысейм щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэр, зэуапIэм ит журналистхэм страховкэ щхьэхуэхэр къыхузэрагъэпэщащ, шынагъэншагъэм ехьэлIа программэхэр IэнатIэм пэрытхэм папщIэ ирагъэкIуэкIащ. Гулъытэншэу къэнакъым щIыналъэхэм щыIэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьыгъэри. Зэгухьэныгъэм и гукъэкIкIэ Урысейм и щIыпIэ куэдым журналистхэм я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ хэзыгъахъуэ программэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщыхалъхьэри, курсхэр щрагъэкIуэкIащ. ЗэIущIэм и гугъу щащIащ дзэ зэпэщ1этыныгъэхэр щек1уэк1 щ1ып1эхэм щыIэ журналистхэм я лэжьыгъэр Iэщэ яIыгъыу зауэм Iутхэм хуэгъэдэн хуейуэ къыхалъхьа жэрдэмми. А гупысысэр зэхуэсым хэтхэм я нэхъыбэм игъуэу къалъытащ икIи къэрал къулыкъущIапIэхэм ар я пащхьэм иралъхьэну Iэ яIэтащ. Зимычэзу зэIущIэр хэхыныгъэхэр щекIуэкI зэхуэсыгъуэуи щытащ. Апхуэдэу Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу етIуанэ пIалъэр ирихьэкIыну хахыжащ Соловьёв Владимир. Зэгухьэныгъэм ЩIыхь зиIэ и унафэщI цIэр хуагъэфэщащ Богданов Всеволод, КъэпщытакIуэ гупым и пашэу ягъэуващ Вишневецкий Алексей сымэ. Журналистхэм я зэIущIэшхуэм щыхахащ Федерацие советкIэ зэджэ хасэри. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу абы хыхьащ КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Шаваевэ Разият.
Поделиться:
Читать также:
12.11.2025 - 18:59 →
Хабзэхъумэхэм я махуэшхуэ
02.11.2025 - 12:52 →
ПсэукIэр егъэфIэкIуэным пащэ
13.09.2025 - 11:00 →
ЛъэхъэнэщIэм къапэщылъхэр
23.08.2025 - 10:57 →
Кхъухьлъатэ гъуэгуанэхэм заубгъу
11.08.2025 - 12:40 →
ЩIыхуэр дагъэпсынщIэ
| ||




