Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и дивизион нэхъыщхьэм хыхьэ зэхьэзэхуэхэр и кIэм нэблэгъащ. ТIощIрэ ебланэ джэгугъуэм хыхьэ зэпэщIэтыныгъэхэр тхьэмахуэ блэкIам республикэм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щызэхэтащ. Мыгъэрей зэхьэзэхуэм и саугъэт нэхъыщхьэр къэзыхьар тхьэмахуэ ипэкIэ наIуэ хъуами, дыжьын медалхэм папщIэ бэнэныгъэр иджыри йокIуэкI.
2022 гъэм зыхуагъэувыжа къалэн нэхъыщхьэр зыгъэзэщIа «Автозапчасть»-р IущIащ зэхьэзэхуэм и турнир таблицэм етIуа-нэ увыпIэр щызыIыгъ Псынэдахэ и «Родник»-м. ЗэпэщIэтыныгъэм кърикIуэнум езыхэм яIыгъ увыпIэм зэрызримыгъэхъуэжынур зыщIэ бахъсэндэсхэм зэIущIэм гугъущэ зыщрагъэхьауэ пхужыIэнукъым. Абыхэм хуэмыдэу, хьэщIэхэм Iэмал къахукъуэкIащ чемпионатым и медаль нэхъыщхьэхэм ящыщым адэкIи щIэбэныну. Апхуэдэу топ тIурытIкIэ зэхъуэжауэ, дэтхэнэ зыми очко зырыз къахэхъуауэ командэхэр зэбгъэдэкIыжащ.
Саугъэт нэхъыщхьэхэм дапхуэдэу щIэмыбэнами, командэ нэхъыфIищым я гупым хэхуэфынукъым «Искра»-р. И унэ щыIэу алътуддэсхэм жэуапыншэ топищ худагъэкIащ «ЛогоВАЗ»-м, арщхьэкIэ ещанэ увыпIэм зы лъэбакъуэкIэ нэмысу къэувыIэжащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол командэ нэхъыщхьэм и щIалэгъуалэ гупым щэбэт блэкIам я IутIыжт. Абыхэм Налшык къыщрагъэблэгъащ чемпионатым зэрыщIидзэрэ кIэух увыпIэхэм къимыкIыфа «Шэрджэсыр». «ХьэщIагъэ зыхэмылъа» налшыкдэсхэм Шэджэм и коман-дэм и щхьэр къиIэтыну зы Iэмали иратакъым. Зым нэхърэ адрейр нэхъ дахэжу «Спартак-Д»-м и хьэрхуэрэгъухэм я гъуэм дигъэкIащ жэуапыншэ топ пщIыкIуий (!). Ар джэгугъуэм и мызакъуэу, атIэ чемпионат псом зы командэм топ нэхъыбэ дыдэ щыдигъэкIа зэIущIэ хъуащ.
Джэгугъуэм и етIуанэ махуэм зэхэтащ зэхьэзэхуэм и турнир таблицэм зэхъуэкIыныгъэ езымыт зэIущIэхэм ящыщ зы. «Ислъэмейм» и унэ къыщригъэблэгъащ «Кэнжэр». Чемпионатым щыщIидзэм зыхуагъэувыжа къалэнхэр ягъэзэщIэным яхузэфIэкI псори езыхьэлIа командэхэм зэпэщIэтыныгъэр жыджэру ирагъэкIуэкIащ. Топ тхурытхукIэ зэхъуэжа, кIэух увыпIэхэм щыт гупхэр зэрытемыгъэкIуауэ зэбгъэдэкIыжащ.
Дыжьын медалхэр зыIэригъэхьэным иджыри и гугъэр хихыжакъым «Тэрчым». Ипэ махуэм «Родник»-р зэрылъэпэрэпам джылахъстэнейхэм я гурыщIэхэр къигъэщIэрэщIэжат. АрщхьэкIэ чемпионатым ику ит увыпIэхэр щызыIыгъ командэхэм ящыщ «Шэджэм-2»-м хэгъэрейхэр къигъэнэщхъеижащ. Тэрч къалэ щызэхэта зэпэщIэтыныгъэр зэрытемыгъэкIуауэ иухащ. Иужьрей джэгугъуэращ иджы щызэхэкIынур етIуанэ, ещанэ увыпIэр къызыIэрыхьэнур.
Шэджэм ЕтIуанэ «Къэбэрдейм» къыщригъэблэгъащ «Урыхур». Иджырей зэIущIэм ирихьэлIэу очкоипщI фIэкIа зыIэрызымыгъэхьэфауэ кIэух увыпIэхэм языхэзым къыщызэтеувыIа «Къэбэрдейр» жыджэру джэгуащ икIи «Урыхум» текIуащ.
«Псыгуэнсумрэ» «Малка»-мрэ я зэIущIэм кърикIуэнуми мыхьэнэшхуэ иIэжтэкъым турнир таблицэм и теплъэмкIэ. АрщхьэкIэ чемпионатым и кIыхьагъкIэ джэгукIэ хъарзынэ къэзыгъэлъэгъуа, Балъкъ Iуфэ щыщ командэм иужьрей зэпэщIэтыныгъэхэри итыну и мурадкъым. И хьэрхуэрэгъухэм топибл яхудэзыгъэкIа малкэдэсхэм зи чэзу текIуэныгъэр зыIэрагъэхьауэ Псыгуэнсу къыдэкIыжащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и дивизион нэхъыщхьэм и тIощIрэ ебланэ джэгугъуэм зэхэта зэIущIэхэм мыпхуэдэ бжыгъэхэр кърикIуащ: жэпуэгъуэм и 29-м - «Спартак-Д» (Налшык) - «Шэрджэс» (Шэджэм) - 18:0, «Искра» (Алътуд) - «ЛогоВАЗ» (Бабугент) - 3:0, «Автозапчасть» (Бахъсэн) - «Родник» (Псынэдахэ) - 2:2; жэпуэгъуэм и 30-м - «Ислъэмей» (Ислъэмей) - «Кэнжэ» (Кэнжэ) - 5:5, «Тэрч» (Тэрч) - «Шэджэм-2» (Шэджэм ЕтIуанэ) - 1:1, «Къэбэрдей» (Налшык) - «Урыху» (Урыху) - 7:3, «Псыгуэнсу» (Псыгуэнсу) - «Малка» (Малка) - 4:7.
Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и дивизион нэхъыщхьэм и иужьрей джэгугъуэм щызэхэтынущ «ЛогоВАЗ» - «Спартак-Д», «Шэрджэс» - «Тэрч», «Малка» - «Урыху», «Родник» - «Искра», «Шэджэм-2» - «Ислъэмей», «Кэнжэ» - «Псыгуэнсу», «Къэбэрдей» - «Автозапчасть» зэIущIэхэр.