Гугъэри гъуазэщ

Австралием ЩIэныгъэмрэ абы и гуэдзэн унэтIыныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSIRO) хэт щIэныгъэлIхэм хьэршым техноген дамыгъэ (сигнал) къыщылъыхъуэнымкIэ зэхагъэува проектым хыхьэу, уафэ жыжьэм щыIэ, вагъуэ мелуани 10-м нэблагъэ зыхиубыдэ, Парус (Жьыхь) зи фIэщыгъэ «цIуугъэнэ» гуэрэн абрагъуэм лъэныкъуэкIэ къыщыт и Iэгъуэблагъэр а къэралым щызэпкъралъхьа MWA (Murchison Widefield Array) радиотелескоп лъэрызехьэмкIэ къаплъыхьащ.

Дызытепсэлъыхь Iэшэлъашэм «нэрыплъэ» телъыджэмкIэ мелуан бжыгъэу къыщыпхузэщIэубыдэну «цIуугъэнэ цIыкIухэм» я гугъу дымыщIми, абджынэ лъэпкъ хэмытрэ дэIэпыкъуэгъуншэу уи нэхэмкIэ плъагъуну вагъуэхэри мащIэкъым - ахэр, псори зэхэту, 195-рэ мэхъу.

МWA (Murchison Widefield Array) Iэмэпсымэр, вагъуэ мелуанхэм къадз нурыр зэ зэIухыгъуэу уи нэгу къыщIэзыгъэувэ телескоп гъуэзэджэр, мызыгъуэгум къэзыгъэсэбэпахэм мурад нэхъыщхьэу яIар хьэршым а и къуапэу зыкIэлъыплъам псэ зыIут гуэрхэм (нэгъуэщI планетэхэм щыIэ цивилизацэхэм) къраутIыпщыкIагъэнкIэ хъуну сигналхэм гу лъатэнырщ.

«Зи гугъу тщIы лэжьыгъэм дыхэту зэ плъэгъуэкIэ къытхузэщIэубыдар хуэдищэкIэ нэхъыбэщ нэхъапэхэм, апхуэдэ щIыкIэм дытету, тхузэфIэкIам нэхърэ. ИтIани, къыжыдмыIэнкIэ Iэмал зимыIэщ, Парус зи фIэщыгъэ вагъуэ зэрыбын абрагъуэм сыхьэт 17-м и кIуэцIкIэ дыкIэлъыплъати, хьэршым а и къуапэм псэ зыIутхэм къраутIыпщыкIауэ техносигнатурэ гуэри къызэрытхуэмыубыдар, - къыщыхагъэщащ Publicationsof the Astronomical Societ of Austсralia журналым щIэныгъэлIхэм къыщытрадза я тхыгъэм.

АрщхьэкIэ, еджагъэшхуэхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, зыпэплъа сигналхэм хуэдэ мызыгъуэгум къазэрыIэрымыхьар щыхьэт хъуфынкIэ мащIэщ уафэ жыжьэу зыкIэлъыплъам и Iэгъуэблагъэм псэ зыIут гуэри щымыIэу къибгъэкIынымкIэ. Сыту жыпIэмэ, япэ дыдэрауэ, хьэршым а и Iэшэлъашэм цIыхухэм ещхьу гупсысэ лъагэ зиIэу щыпсэункIэ хъунухэм къамыгъэсэбэпынри хэлъщ дэ дызэсэжа FM-диапазоным хыхьэ радиосыджхэм хуэдэхэр.

«КъищынэмыщIауэ, мызэкIэ дызыкIэлъыплъа хьэршым а и къуапэр нэхъапэхэм къэтпщытахэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ инми, абырэ ар зыхиубыдэ Шыхулъагъуэ (Млечный путь) галактикэмрэ, вагъуэ меларди I00-м къыщыщIэдзауэ 400-м нэблагъэ зыхэтымрэ, зэрызэбгъапщэ хъунур псыгуэн къызэрыгуэкIыр здэщыт щIыпIэмрэ ди планетэм и хыпс псоми, зэхэлъхьэжауэ, къызэщIаубыдэ щIыгумрэ, я инагъ-цIыкIуагъкIэ зэрызэтемыхуэм хуэдэущ, - щыжеIэ зи гугъу тщIа тхыгъэм ар зи къалэмыпэ къыщIэкIахэм ящыщ астрофизик Тингрей Стивен. - Абы щыгъуэми щIыгъужыпхъэщ, нэгъуэщI планетэхэм щыIэу зыхуэдгъэфащэ цивилизацэхэм, зыкъытпащIэн папщIэ, дызыщымыгъуазэ Iэмалхэр къызэрагъэсэбэпынкIэ зэрыхъунури».

АтIэми, вагъуэхэм якIэлъыплъ астрономхэм я дежкIэ, алъандэрэ къахуэмылъагъуу щыта сигнал цIыкIухэми дяпэкIэ гу лъатэнымкIэ хэкIыпIэфIу къыщIэкIынкIэри хэлъщ (тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIхэм къызэралъытэмкIэ) SKA (Square Kilometer Array) зи фIэщыгъэу иджыблагъэ зэпкъралъхьа радиотелескопыщIэри.

«SKA Iэмэпсымэм дэ Iэмал къыдитыну дыщогугъ вагъуэ зэрыбын абрагъуэхэу иджыри къыздэсым дыздынэмыплъысыфахэм къикIынкIэ хъуну техносигнатурэхэм гу ялъыттэн и лъэныкъуэкIэ», - дыщIигъужащ Тингрей Стивен.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: