Удз банэмрэ (кактус) епэрымрэ

(сабийхэм папщIэ)

         Епэрымрэ уцпанымрэ (кактус) зы щхьэгъубжащхьэм къыщыхутащ. ЗыкIи зэщхькъым а тIур. Шэкъафэ хъужу епэр цIыкIур гъэ псом мэгъагъэ. Псом хуэмыдэу гухэхъуэщ  абы пщэдджыжьыпэхэм деж укIэлъыплъыну: дыгъэ бзийр къызэрылъэIэсу, зэрылъэлъу дыхьэшхын щIедзэ. Уцпаныр аракъым; банэм зэщIибгъарэ, напщIэуфэ хъужу, щытщ махуэ псом. Сытым хуэдэуи жейнэд ар. Къуалэр губгъуэм ихьэжауэ къоуш, зы шэджагъуэ жеи блигъэкIыркъым. Епэр цIыкIум сыт и гукъеуэ жыпIэмэ, уцпаныр псэлъэгъуи ныбжьэгъуи къызэрыхуэмыхъурщ.

                            Сыбдэуэршэрынут махуэ псом, сыгуфIэу,

                            ауэ апхуэдизу щхьэ упсэлъэгъуей?

                            ПщIэжрэ, нэгъабэ

                            къыщожам бадзапцIэр,

                            сеуэурэ птесхуати…

                            Сыт ныбжесIэ IакIи, згъэузу жьэр-ау-уей…

хэщэтыкIащ епэрыр. ИщIэрт гъунэгъу щхьэумэм жэуап лъэпкъ къызэрыпимыхынур. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, махуэ гуэрым зи джэгун къикIа Лурэ Залымрэ щхьэгъубжащхьэм Iузэрыхьащ. ЩIалэ цIыкIуитIыр школым къаутIыпщати, я IутIыжт: зэтIыркъым, зэтIыркъыурэ, епэрми нэсащ. Нэсри, яфыщIащ, тхьэмпэ цIыкIухэм щыщ къахэмынэу. Уцпаным ар илъэгъуакъым. Пэпщэжу жейрт. Зы зэман зэ ар къоуш. И зыгъазэ зы мазэу, хохущхьыкIри, епэрым хуоплъэкI. Уэсэпсыр къыпыжрэ, и щхьэр къыфIэхуауэ щытт ар.

                            КъыIулъадэри Залым,

                            и кIэм иту Лу,

пщIэрэ къызащIар а тIум?

ПщIащэу стетыр яфыщIащ,

дэкIуэу си гъэгъар,

ЗысшыIа мыхъу,

Сымыгъа…

къыхуэтхьэусыхащ епэрыр. Абдежми зыри жиIакъым уцпаным. Епэр цIыкIум къудамэу тетыр апхуэдизу бжьыбжьырти, жэщ псом и напIэр зэтрилъхьакъым. Ерагъыу нэху игъэщри, дыгъэ бзийм тIэкIу зыхиубгъуауэ здэщысым, къуейщIеитIыр, я къажи, я къыжьэхэуи зыуэ, епэрыр зэрыт кхъуэщыным хьэбэсабэр къыхуагъэкIуащ. Абы хэту я анэр къыщIохьэ. Унэкум илъ епэрыр къищтэжщ, и щхьэ къыфIэхуахэр зэрипхщ, нэгъуэщI кхъуэщын хигъэтIысхьэжри, игъэувыжащ. Уцпаныр а зэрыщытщ, щыIи-щымыIи. Епэрри афIэкIа сыт щхьэкIэ абы хуэтхьэусыхэнт…

         КъыкIэлъыкIуэ махуэми къытрагъэзащ щIалэ цIыкIуитIым. Иджыри къэс зызыIыгъа гъэгъа тхьэмыщкIэр, мо тIур щилъагъум, къыщиудри гъащ.

Iэхэлъахэм ар зэхихыну зыпси иткъым… Залымрэ Лурэ гъэгъам яIэр щыхуахь дакъикъэм, уцпаным зы тхьэмпэшхуэ къызэпхедз, банэу зэщIэбла Iэбжьанэхэм зэраншухэм я IитI мыувыIэм зыхасэу… епэрымкIэ дэнэ щеплъэкIыжынт ахэр…

         Куэдрэ сымэджа гъэгъа цIыкIур хуэмурэ нэхъ нэжэгужэ къэхъужащ, тхьэмпэщIэ цIыкIухэри къытеувэжу хуежьащ.

         -Уэ зэи щхьэ умыгъагъэрэ?-еупщIащ махуэ гуэрым епэрыр уцпаным. Модрейм, зэрихабзэу, зыри къыпидзакъым. Уцпаным и хьэлтэкъым и шэху зыгуэрым хуиIуатэу. Арат епэрми къыгурымыIуэр. Зэмани дэкIауэ, епэрыр нэхущым къызэщыуащ. Зиплъыхьмэ, и хъуреягъыр Iурих-Iурилъхьэу нэхут.  Япэ щIыкIэ игугъащ мазэгъуэу, арщхьэкIэ уэгум исыр вагъуэхэм я закъуэт. ЗоплъэкIри, къелъагъу гъэгъауэ къыбгъэдэт уцпаныр. Уэзджынэм ещхь абы и гъэгъа закъуэр дэпым хуэдэу плъыжьт, нэр пIэпихыуи дахащэт. Арат щхьэгъубжащхьэр къэзыгъэнэхур. Епэр цIыкIур хэт иджы щышынэжынт, уцпаным къехъумэ, и гъэгъам жэщыр къыхуегъэнэху.

 

 

Лъостэн Музэ.
Поделиться: