Наркотикхэм щахъумэ

«Урысейм и сабийхэр-2022» зыфIаща профилактикэ Iуэхум и етIуанэ Iыхьэр республикэм щызэхаублащ. КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм щызэхэтащ ар Къэбэрдей-Балъкъэрым щэкIуэгъуэм и 14 - 23-хэм къыщызэгъэпэщыным щытепсэлъыхьа зэIущIэ.

Iуэхум и мурад нэхъыщхьэр  балигъ мыхъуахэмрэ щIалэгъуалэмрэ я деж наркоманием зыщиубгъуныр къэмыгъэхъунырщ, ахэр наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ пыщIа Iуэхухэм
щыхашэ къэхъумэ, апхуэдэхэр къыщIэгъэщынымрэ къызэпыудынымрэщ, наркотикхэкIхэр зрахьэлIэмэ, ящэмэ, жэуапым зэрырашэлIэнум щыгъэгъуэзэнырщ.

ЗэIущIэм щыхэплъащ  республикэм  наркотикым ехьэлIауэ щыIэ щытыкIэм, гулъытэ хэха хуащIащ наркотикхэкIхэр игъэкIыным балигъ мыхъуахэр щыхашэ къэмыгъэхъуным.

                                                                 

 

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.
Поделиться: