Иужьрей зэIущIэхэм уриплъэжмэ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2022-2023 гъэ джэгугъуэм хиубыдэу мы илъэсым иригъэкIуэкIын хуея зэIущIэхэр зэфIэкIащ. Ди тхыгъэм кIэщIу къыщызэщIэткъуэжынщ жэпуэгъуэмрэ щэкIуэгъуэмрэ «Спартак-Налшыкым» зэрыджэгуар.
Бжьыхьэм и етIуанэ мазэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол командэ нэхъыщхьэм Песчанокопскэ «Чайка»-м щыдригъэкIуэкIа зэIущIэмкIэ къыщIидзащ. ЕтIуанэ дивизионым и Япэ гупым щыпашэхэм ящыщ гупым налшыкдэсхэр зэрыщыпэмылъэщынур, дауи, тщIэрт. АрщхьэкIэ, сыт щыгъуи хуэдэу, гугъэ гуэрхэр аддэ жыжьэу гущIэм щыдгъэпщкIуат. Джэгум щIидзэри дакъикъиплIи дэкIатэкъым, ахэр псори къыщызэтещэщэжам. Хэгъэрейхэм я гъуащхьауэ Садовыр зэуа топым Мицаевым ерагъкIэ къригъэгъэзащ, ауэ абы япэу нэса Востриковым налшыкдэсхэм гугъэ лъэпкъи къахуигъэнакъым. ЗэIущIэм и япэ Iыхьэр и кIэм нэблэгъауэ Садовым джэгум щыщIидзэм игу ирилъхьар зригъэхъулIащ. Загъэпсэхуну икIыным куэд имыIэжу абы бжыгъэр 2:0-м нигъэсащ.
Песчанокопскэдэсхэм джэгум и етIуанэ Iыхьэри жыджэру къыщIадзащ. 48-нэ дакъикъэм абыхэм бжыгъэр 3:0-м хуагъэкIуащ икIи гурыIуэгъуэ хъуащ «Чайка»-м текIуэныгъэр зэриIэрылъхьэр. Джэгур иухыным дакъикъэ зыбжанэ фIэкIа имыIэжу «Спартак-Налшыкым» пенальтикIэ зы топ дигъэкIыжащ, арщхьэкIэ абы очко бжыгъэхэм хигъэхъуакъым.
КъыкIэлъыкIуэу ди щIалэхэм кърагъэблэгъащ зэхьэзэхуэм и турнир таблицэм и кIэух увыпIэм къыщызэтеувыIа «ЕсэнтIыгур». ЗэIущIэм и япэ сыхьэт ныкъуэм иужькIэ Хьэшырым бжыгъэ къызэIуихар «Спартак-Налшыкым» ихъумэфащ икIи зи чэзу текIуэныгъэр зыIэригъэхьащ.
Жэпуэгъуэм хиубыдэ ещанэ зэIущIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол командэ нэхъыщхьэм дригъэкIуэкIащ турнир таблицэм щигъунэгъу Таганрог и «Форте»-м. ЗэпэщIэтыныгъэм и япэ Iыхьэм и кIэухым «Спартак-Налшыкыр» япэ иригъэщащ командэм и гъуащхьауэ нэхъыфIхэм ящыщ Хьэшыр Алан. Загъэпсэхуу къихьэжа нэужь ди щIалэхэм дакъикъэ пщыкIутху нэхъыбэ захуэIыгъакъым. Гупышхуэу ипэкIэ кIуэта ди хьэрхуэрэгъухэм бжыгъэр зэхуэдэ ящIыжащ.
Апхуэдэу щыт пэтми, джэгупIэ губгъуэм щытепщэ налшыкдэсхэр убыдыпIэншэт икIи контратакэ жыджэрхэмкIэ таганрогдэсхэм я гъуэм екIуалIэрт. Футболеплъхэр куэдрэ пэплъакъым къыкIэлъыкIуэ топми. Бжыгъэр зэхуэдэ зэращIыжрэ дакъикъиплI нэхъ дэмыкIауэ «Спартак-Налшыкыр» япэ иригъэщыжащ Жангуразовым.
Джэгум хухаха зэман нэхъыщхьэр иухыным куэд къэмынэжауэ текIуэныгъэр зи Iэрылъхьэу къэзылъыта налшыкдэсхэм набдзэгубдзаплъагъэр яфIэкIуэдащ. Iэмалыр псынщIэ дыдэу къигъэсэбэпащ «Форте»-м и япэ топыр дэзыгъэкIа Магомедовым. Абы зэхуэдэ ищIыжа бжыгъэмкIэ зэпэщIэтыныгъэр иухащ.
«Спартак-Налшыкым» жэпуэгъуэм иригъэкIуэкIа зэIущIэ нэхъ гукъинэжхэм ящыщ хъуащ зэхьэзэхуэм щыпашэхэм ящыщ «Ротор»-м Волгоград щыдригъэкIуэкIар. ЗэпэщIэтыныгъэм и япэ Iыхьэм футболеплъхэм топ дагъэкIа я нэгу щIэкIакъым. АрщхьэкIэ къыкIэлъыкIуэм ирагъэкъужащ. 54-нэ дакъикъэм Жангуразовым ди щIалэхэр япэ иригъэщащ. АрщхьэкIэ гуфIэгъуэр кIэщI дыдэт - дакъикъищ нэхъ дэмыкIыу хэгъэрейхэм бжыгъэр зэхуэдэ ящIыжащ.
Командэ нэхъ лъэщхэм сытым дежи жыджэру япэщIэт налшыкдэсхэм къикIуэтын мурад яIэтэкъым, атIэ джэгупIэ губгъуэм топыр нэхъыбэрэ зэрыщаIэщIэлъым нэхъри гушхуэныгъэ къаритырт. ЗэпэщIэтыныгъэр «Ротор»-м и лъэныкъуэмкIэ зыгъэIэпхъуа «Спартак-Налшыкым» и гугъуехьыр псыхэкIуадэ хъуакъым. Бжыгъэр зэхуэдэ зэрыхъурэ дакъикъипщI хуэдиз дэкIауэ ди щIалэхэр япэ иригъэщыжащ Хьэшырым. Абы зи лъэр нэхъ жаныж къищIа хьэщIэхэм джэгур имыух щIыкIэ иджыри тIэунейрэ волгограддэсхэм я гъуэр хагъэщIащ икIи цIыху минхэр я щыхьэту «Ротор»-м и унэм щыхагъэщIащ.
ЕпщыкIутхуанэ джэгугъуэм хыхьэ зэIущIэм «Спартак-Налшыкым» къригъэблэгъащ «Биолог-Новокубанск»-р. Зэхьэзэхуэм и турнир таблицэм ди щIалэхэм я гъусэу къыщыкIуэ Прогресс и командэм зэпэщIэтыныгъэшхуэ жыджэрагъышхуэ къыщигъэлъэгъуакъым, арщхьэкIэ 26-нэ дакъикъэм хэгъэрейхэм я гъуэм топ дигъэкIри къэнэжа зэманыр а бжыгъэр зэрихъумэным и къару псори хухихащ.
Зи джэгукIитI зэтемыхуэ Къээбэрдей-Балъкъэрым и командэр къыкIэлъыкIуэ Павловскэ щыдэджэгуащ «Кубань Холдинг»-м. Хэгъэрейхэм «Спартак-Налшыкым» дригъэкIуэкIа иужьрей зэIущIиплIым ящыщу щыр ди щIалэхэм я текIуэныгъэкIэ, зыр зэрытемыгъэкIуауэ иухауэ зэрыщытам гугъэфIхэр уигъэщIырт. Апхуэдэуи къыщIэкIащ – Ашуевымрэ Топуриерэ зэIущIэм зэрызэрэ къыщыхэжаныкIри къыкIэлъыкIуэ текIуэныгъэр я командэм къыхуахьащ.
Мы гъэ джэгугъуэр зэрыщIидзэрэ текIуэныгъитI фIэкIа къимыхьыфауэ очкоипщI иIэу къыкIэрыхухэм яхэт «Алания Владикавказ-2»-р щэкIуэгъуэм и 9-м Налшык щыхьэщIащ. А зэпэщIэтыныгъэм текIуэныгъэкIэ фIэкIа ди щIалэхэм зыри щыгугъакъым, арщхьэкIэ дэнэт… ЗэIущIэм и бжыгъэр къызэIуамыхауэ, «Спартак-Налшыкым» очкоитI фIэкIуэдауэ, владикавказдэсхэм зы очко къахэхъуауэ гупхэр зэбгъэдэкIыжащ.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ лигэм и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хиубыдэу 2022 гъэм зэхэтын хуей зэIущIэхэм я иужьрейр «Спартак-Налшыкым» дригъэкIуэкIащ Мейкъуапэ и «Дружба»-м. Адыгэ Республикэм и къалащхьэм щызэхэта зэIущIэр налшыкдэсхэм жыджэру къыщIадзащ. Ди щIалэхэр текIуэмэ, зэхьэзэхуэм и командэ нэхъыфIихым я гупым хэту илъэсыр зэхуищIыжыну Iэмал псори иIэт.
ЗэпэщIэтыныгъэм и япэ Iыхьэр командэхэм бжыгъэр къызэIуамыхауэ иухащ. Джэгум кърикIуэну псор щызэхэкIар 64-нэ дакъикъэрщ. Хэгъэрейхэм я контратакэ лъэщым хэту гупышхуэу Сиукаевым и гъуэм къекIуэлIа ди хьэрхуэрэгъухэм ящыщ зыр зэуа топыр гъуэм дыхьэрэ пэт Лелюкаевым и лъакъуэм техуэри къигъэлъеижащ. Асыхьэтым абы пэмыжыжьэу къэхута «Дружба»-м и капитан Къуэн Амир зэ еуэгъуэкIэ топыр гъуэм дигъэкIащ – 1:0. Апхуэдэу «Спартак-Налшыкыр» зы лъэбакъуэкIэ къыщыувыIащ къалэн зыщащIыжа 6-нэ увыпIэм нэсыным иIэжу.
Зэхьэзэхуэм и япэ зэIущIэу 2023 гъэм зэхэтынур «Спартак-Налшыкым» и унэ щригъэкIуэкIынущ. Гъатхэпэм и II-м ди щIалэхэм кърагъэблэгъэнущ Мэхъэчкъалэ и «Легион»-р.

Жыласэ Замир.
Поделиться:

Читать также: