Лъэпкъхэр зэзыпх лъэмыжым ущытехьэкIэ

ЕсэнтIыгу къалэ дэт, Шпаковский Владимир и цIэр зезыхьэ тхыдэ-лъахэхутэ музейм «ЩIэин» зи фIэщыгъэ гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн щокIуэкI. Абы щагъэлъагъуэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIыхь зиIэ и сурэтыщI, щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м и СурэтыщIэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Карасов Юрэ и IэдакъэщIэкIхэр.

Гъэлъэгъуэныгъэм курых хуэхъуащ «Нэгъуей лъэпкъ» къызэщIэзыубыдэ цIэр зиIэ лэжьыгъэхэмрэ Къэрэшей-Шэрджэсым и щIыуэпсыр къызытещ сурэтхэмрэ. Карасов Юрэ ейхэм ящIыгъуу, и IэдакъэщIэкIхэр гъэлъэгъуэныгъэм щегъэлъагъуэ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым архитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайн хуэIухуэщIэхэмкIэ и къудамэм и доцент, «Дизайнерхэм я зэгухьэныгъэ» дунейпсо зэщIэхъееныгъэм хэт, «Адыгэ дуней», «Нартиадэ», «Дэрбзэр» хэгъэгупсо зэхьэзэхуэхэм я къэпщытакIуэ гупым хэт, Урысейм и СурэтыщIхэм я творческэ зэгухьэныгъэхэмрэ Дизайнерхэм я зэгухьэныгъэмрэ я хасащхьэм щыщ Къанокъуэ ФатIимэ.

Карасов Юрэрэ Къанокъуэ ФатIимэрэ зэадэзэпхъущ, тIуми я лэжьыгъэр лъэпкъхэр зэзыпх лъэмыжу къалъытэ, зыхуэлажьэри аращ. Гъэлъэгъуэныгъэр зытеухуам, абы и гупсысэ нэхъыщхьэр зыхуэунэтIам щытепсэлъыхьым, Къанокъуэ ФатIимэ къыхигъэщащ пасэрей IэщIагъэхэмкIэ дунейм и дахагъыр цIыхухэм зэрызыхащIэу щытар къагъэлъэгъуэну зэрыхущIэкъуар.

«Нэгъуейхэр Кавказым куэд лъандэрэ щыпсэу лъэпкъхэм ящыщщ. Мы щIыналъэ дахэр зи псэупIэ лъэпкъхэм яжь нэгъуейхэм я щэнхабзэм зэрыщIихуами шэч хэлъкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, нэгъуейхэм зы дуней лъагъукIэрэ уней щэнхабзэ гъэщIэгъуэнрэ къадогъуэгурыкIуэри, фIы хъунут абы цIыхубэр щыгъэгъуэзэныр, ямыщIэ гуэркIэ ахэр щIэрыщIэу къахузэIутхыжыныр. Дыхуейщ цIыхухэр нэгъуейхэм я тхыдэжьхэм, IуэрыIуатэм, гъуазджэм, щэнхабзэм и макъамэм хэлъ хьэлэмэтхэр Кавказым и щIыдэлъху лъэпкъхэм я щIэиным зэрыдежьур зэхедгъэхыну», - жиIащ Къанокъуэ ФатIимэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым иришу гъэлъэгъуэныгъэм и утыкум ирилъхьа IэщIагъэхэм я гугъу щищIым, Къанокъуэ ФатIимэ жиIащ: «Нэгъуей фащэхэр сызэрысабийрэ зэхузохьэс. Си адэр Къэрэшей-Шэрджэсым фIыуэ къыщацIыху сурэтыщIщ, си цIыкIущхьэр абы и лъэщапIэм щызгъэкIуащ жыпIэмэ, пцIы хъунукъым. Арауи къыщIэкIынущ сэ гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ сызыIэпашэ щIэхъуар, псом хуэмыдэу фащэм гулъытэ хэха хуэсщIу сыщIыхуежьар. Ди адэми нэгъуей фащэм хэлъ гъэщIэгъуэнагъ псори къихутэну фIэфIт, щIэныгъэ зекIуэхэм кIуэрт, къигъуэтым е сурэт трихырт, е IэкIэ итхырти, абы теухуауэ къыжраIэр и дэфтэрым иригъэкIурт. Мис а дэфтхэрхэращ сэ сызыIэпызышар, нэгъуей фащэхэр зджыну сытезыгъэгушхуар. Ди унагъуэм къихьэрейт нэгъуей сурэтыщI Батыр Сражудин. Абы хъыбарищэхэр къиIуэтэжырт фащэм ехьэлIауэ, тепсэлъыхьыжырт ахэр зэрызэфIигъэувэжым, щыпэ теплъэу иIэр къызэригъэщIэрэщIэжым. Мыращ сэ щэнхабзэм и дунейм кIуэ гъуэгум сытезышар. Нэгъуей фащэм, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я фащэм къыщхьэщыкIыу, тхыдэкIи, лъэхъэнэкIи, гупсысэкIи фIыуэ зэпэжыжьэ щыIэкIэ-псэукIэхэм я нэпкъыжьэ телъщ. Абы къытощ Iэпхъуэшэпхъуэным зи гъащIэр епхауэ къумым иса тырку нэгъуейхэм я дунейри, Кавказым и лъэпкъыжь дыдэхэм ящыщ адыгэхэм я дунейри. Зэбгъэпщэныр, къэпхутэныр, бджыныр, цIыхухэм я пащхьэ иплъхьэжу я зэхэщIыкIым зебгъэIэтыныр - зыми хуэмыдэ гухэхъуэщ».

Мы лъэхъэнэм Къанокъуэ ФатIимэ нэгъуей фащэхэм я зэужь зыбжанэ иIэщ. Фащэ зыбжанэ езым и IэкIэ идащ. Ахэр псори цIыху IэкIуэлъакIуэм пасэрей фащэхэм ятрищIыкIащ, сурэтыжьхэм еплъу зэфIигъэувэжахэри яхэтщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, къэрэгъэш нэгъуейхэм я фащэр Къанокъуэм зэфIигъэувэжащ Ащтырхъан (Астрахань) къалэм дэт музейм къыщигъуэтыжа сурэтым еплъурэ. А сурэтым и тхыдэри гъэщIэгъуэн къыщыхъуу къиIуэтэжащ Къанокъуэ ФатIимэ. КъызэрыщIэкIамкIэ, бзылъхугъэм и пкъым изагъэу, хуэфIу фащэр хуадын щхьэкIэ, адэм абы Iэщ пIащэхэм я щхьэу 25-рэ тригъэкIуэдат, апхуэдизкIэ щыгъын дахэм фэ ираплъырт, ар цIыхур лъэпкъкIэ зыщыщыр къэзыгъэлъагъуэ нэщэнэу ябжырти. Хъыбарыр, щIэныгъэрылажьэ цIыхубзым зэрыжиIамкIэ, архив хъумапIэхэм къыхихыжащ.

«Дыжьыныр гъущIхэкI лъапIэхэм ящыщт, уагъэ-щагъэхэр къызыхащIыкI дыщэ Iуданэхэр нэгъуей бзылъхугъэхэм зыхуагъадэ щыIэтэкъым - ахэр фащэм бгъуфIэу традэу щытащ. Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я фащэхэм хуэдэу, сыт хуэдэ тхыпхъэми, сыт хуэдэ пкъыгъуэми, сыт хуэдэ тедэми мыхьэнэ иIэт. Фащэм и теплъэмкIэ ар зыщыгъ бзылъхугъэр дэкIуарэ дэмыкIуарэ къащIэрт. ГъэщIэгъуэнращи, адыгэхэм я фащэм къыщхьэщыкIыу, унагъуэ ихьа нэгъуей бзылъхугъэ фащэм зэпэплIимэ тращIэрт, и кIуэцIым тхыпхъэщIыпхъэхэр иращIыхьырт. Унагъуэ имыхьам и фащэм къыхагъэкI плIимэр нэщIт. ПыIэм кусэу къыхагъэкIымкIэ хъыджэбзым дэлъхуу иIэм я бжыгъэр къагъэлъагъуэрт. Iэщхьэтхьэмпэм бзу дамыгъэ тещIамэ, хъыджэбзыр дэкIуэн хьэзыру зэрыщытыр къагъэлъагъуэрт», - жиIащ Къанокъуэм.

Мыбдеж къыщыгъэлъэгъуэн хуейуэ къыщIэкIынщ, адыгэхэм я фащэм езым бзэ щхьэхуэ «Iурылъу», ар лъэпкъыбэм зэлъащIысауэ зэрыщытар. Зи бжыгъэк1э нэхъыбэ хъухэм ящыщу зы лъэхъэнэкIэ щыта адыгэхэм я щэнхабзэми и жьауэ гъунэгъу лъэпкъхэм ейм тридзэрт. Къанокъуэ ФатIимэ зи гугъу ищIа фащэм и «псэлъэкIэр» абы щыхьэт нахуэ хуохъу.

Къанокъуэм адэкIэ къыхигъэщащ фащэр зэрагъэщIэращIэу щыта дыщэщысэхэр ныбжь зиIэ нанэхэм къызэрыратыжар, ахэр имыщэну, игъэлъэгъуэну, лъэпкъым и беягъэ псори абыкIэ къигъэлъэгъуэну къелъэIуу. А лъэIухэм щхьэ лъапIэныгъэу яритыр къыпхуэмылъытэну инщ. Адыгэ нысэм къызэхуэсахэм яригъэлъэгъуащ жьгъырухэр къызыпыIукI Iэлъынхэр. КъызэрыщIэкIымкIэ, апхуэдэ Iэлъын лIэужьыгъуэхэр зыIэрызылъхьэу щытахэр ныбжь зиIэ лъэпкъым и бзылъхугъэ нэхъыжьхэрт. Iэлъынхэм къапыIукI макъыр щызэхахкIэ, ар зыщIэс шэтырым цIыхухэр къекIуалIэрт. КIэщIу жыпIэнумэ, фащэм цIыхубэм я тхыдэри, я гъащIэри, я хъуэпсапIэхэри, я щэнхабзэри къытещырт.

Жэпуэгъуэм и 6-м щегъэжьауэ щэкIуэгъуэм и 30 пщIондэ екIуэкIыну гъэлъэгъуэныгъэм цIыху куэд зэришэлIащ. Ахэр зыщыщ лъэпкъкIи, зэрахьэ динкIи, ябгъэдэлъ зэхэщIыкIкIи зэхуэдэкъым. Ауэ псоми зыщалъагъужырт, дэтхэнэми езым ей гуэр хьэпшыпхэм къахигъуатэрт. Апхуэдэ зыгуэру къыщIэкIынущ гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я теплъэгъуэхэр уахътыншэ зыщIыр.

Урысей Ипщэ щIыналъэм ис СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и вице-президент Рубец Александр гъэлъэгъуэныгъэм ехьэлIауэ къыщыпсалъэм къыхигъэщащ лъэпкъхэр зэгъунэгъу зыщI, зэзышалIэ сыт хуэдэ гукъэкIми дунейр куэдкIэ нэхъ дахэ икIи гъэщIэгъуэн зэрищIыр.

Зэадэзэпхъум утыкум кърахьэ дахагъэм пщIэшхуэ хуищIащ Къэрэшей-Шэрджэсым хыхьэ Нэгъуей щIыналъэм и унафэщI Санглибаев Мыхьэмэт. Абы и гуапэ хъууэ къыхигъэщащ зэадэзэпхъухэм я лэжьыгъэмкIэ хэгъэгуитIыр зэрызэрапхыр, лъэпкъхэм я зэхуакум дэлъ зэпыщIэныгъэхэр зэрагъэбыдэр. «Зыми хуэдэжкъым ди лъэпкъ щэнхабзэр джыным теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым лэжьыгъэшхуэ зэрыщекIуэкIыр. Пхъур дыдейми, ди лъэпкъыщхьэ здэщымыIэ хэкум ди цIэр щегъэIу, абы и IуэхукIэ Iэмал хъарзынэхэр къыхузэрагъэпэщ. Аращ ныбжьэгъугъэ, цIыхугъэ, дахагъэ жыхуаIэри. Лъэпкъхэр зэзыпх лъэмыжым ущытехьэкIэ, щIыбкIэ къанэм и уэрэдым гупэкIэ къаплъэр дожьу. Мы дунеижьым утезымыгъэзашэ уэрэдщ ар», - жиIащ Санглибаев Мыхьэмэт.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: