Суд приставхэм я лэжьыгъэм щагъэгъуазэ![]() Урысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и IэщIагъэлIхэр яхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и студентхэм. УФССП-м къэрал къулыкъумрэ кадрхэмкIэ и къудамэм и унафэщIым псалъэмакъ щхьэпэ ядригъэкIуэкIащ университетым и сату-технологие факультетым и студентхэм. Ясеневэ Регинэ щIалэгъуалэр щыгъуазэ ищIащ суд приставхэм я институтым и тхыдэм, зэрызиужьам, абы и лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм, ФССП-м къулыкъу щызыщIэнухэр къызэращтэ щIыкIэм. Къэрал кIуэцI къулыкъум и лейтенантыр къытеувыIащ щIэныгъэ лэжьыгъэхэм я конкурсми. Студентхэм къащIащ къэхутэныгъэхэр зытеухуар, ахэр щатыпхъэ пIалъэр. Юрист IэщIагъэм хуеджэхэр яфIэгъэщIэгъуэну щIэупщIащ я лэжьыгъэхэр Урысей ФССП-м, ЮстицэмкIэ Урысейпсо къэрал университетым къыдагъэкI газетхэм, тхылъхэм, щIэныгъэ журналхэм къытрадзэну хэкIыпIэ щыIэмэ. ВУЗ-м и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ суд приставхэм фIыщIэ хуащIащ къыдрагъэкIуэкIа псалъэмакъ гъэщIэгъуэным папщIэ икIи жаIащ апхуэдэ зэIущIэхэр хабзэ яхуэхъуну зэрыщыгугъыр.
Поделиться:
Читать также:
11.07.2026 - 12:00 →
Хабзэхэм щыхэплъащ, зэхъуэкIыныгъэхэри халъхьащ
05.07.2026 - 09:00 →
ЩIэпхъаджагъэхэр къызэпауд
04.07.2026 - 10:23 →
Хэхыныгъэхэм зыхуагъэхьэзыр
02.06.2026 - 11:18 →
Министерствэм щрагъэблагъэ
30.05.2026 - 10:01 →
IэнатIэм щрагъэкIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм я фIыгъэкIэ
| ||





