Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и деж балигъ мыхъуахэм я Iуэхухэмрэ абыхэм я хуитыныгъэхэм къащхьэщыжынымкIэ щыIэ комиссэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ

2022 гъэм щэкIуэгъуэм и 17-м              Налшык къалэ   №244-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и деж балигъ  мыхъуахэм я Iуэхухэмрэ абыхэм я хуитыныгъэхэм къащхьэщыжынымкIэ щыIэ комиссэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм мазаем и 3-м къыдигъэкIа унафэ №I2-ПП-мкIэ къищтам, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

а) комиссэм хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:

Гуэнгъэпщ Р.Н. - Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм транспортымкIэ и къудамэм и Налшык линейнэ IэнатIэм (жылагъуэ хабзэр хъумэнымкIэ) и полицэм и унафэщIым и къуэдзэр (зэгурыIуауэ)

Лу А.Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIалэгъуалэм я IуэхуэмкIэ и министрыр

Мысост Е.Н. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэр егъэджэнымрэ  щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэр (комиссэм жэуап зыхь и секретарщ)

Тэрчокъуэ А.А. - Урысей Федерацэм Граждан зыхъумэжыныгъэм и IуэхухэмкIэ, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ къэхъуа гузэвэгъуэхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ и министерствэм и Управленэ нэхъыщхьэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIым кIэлъыплъыныгъэ Iуэхухэмрэ профилактикэ лэжьыгъэмкIэ  и къуэдзэр (зэгурыIуауэ).

б) Езауэ А.К. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу къитхыкIыжын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэр егъэджэнымрэ щIэныгъэмкIэ и министрыр (комиссэм и унафэщIым и къуэдзэр)»;

в) КIурашын А.В.  и къулыкъум  зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм уэдэу къитхыкIыжын:«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрыр»;

г) Мамхэгъ Н.М.  и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу къитхыкIыжын: «къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и къуэдзэр (зэгурыIуауэ)»;

д) Никитин Н.Н.  и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу къитхыкIыжын: «Тезырхэр егъэпшынынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и  Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и уголовно-гъэзэщIакIуэ инспекцэ» федеральнэ кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)»;

е) Щхьэгъэпсо А.Э.  и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу къитхыкIыжын: «КIуэкIуэ В.М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр аграрнэ университет» щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал бюджет еджапIэм щIалэгъуалэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)»;

ж) комиссэм къыхэгъэкIыжын Атмурзаевэ З.С, Жаным С. Р, Мокаевэ А.М,  Нэгъуей А.В.,  Щоджэн А.Б. сымэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и

Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

Поделиться: