Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

       «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Къэзыпщытэ-къэзыбж и палатэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым хуэгъэзауэ

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

 1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Къэзыпщытэ-къэзыбж и палатэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн

2. А Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи  хэIущIыIу  ищIын папщIэ.

3. Мы Унафэм къару егъуэи къыщащта махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и

Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ

Налшык къалэ

2022 гъэм жэпуэгъуэм и 27-м

№582-П-П

 

 

 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Къэзыпщытэ-къэзыбж и палатэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ           2022 гъэм           жэпуэгъуэм и 27-м
 
1 статья
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Къэзыпщытэ-къэзыбж и палатэм и IуэхукIэ» 2003 гъэм накъыгъэм и 29-м къащта Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №53-РЗ-м мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
1. 1-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм къару имыIэжу къэлъытэн.
2. 1-I-нэ статьям и I-нэ Iыхьэм хэт «Урысей Федерацэм и субъектхэм я къэрал властым и лIыкIуэ (законхэр къыдэзыгъэкI), гъэзэщIакIуэ органхэр къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэм теухуауэ псоми яхуэгъэза хабзэхэм я IуэхукIэ» псалъэхэр зэхъуэкIын «Урысей Федерацэм и субъектхэм я цIыхубэ властыр къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэм теухуауэ псоми яхуэгъэза хабзэхэм я IуэхукIэ» жиIэу.
3. 6-нэ статьям:
1) 1-нэ Iыхьэм и етIуанэ абзацым хэт «Кандидатурэхэм ятеухуауэ къыхалъхьэр» псалъэхэр «Кандидатурэм теухуауэ къыхалъхьэр» жиIэу, «къыхалъхьэхэр» псалъэр «къыхалъхьэр» жиIэу зэхъуэкIын;
2) 3-нэ Iыхьэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу къитхыкIыжын:
«3. Къэзыпщытэ-къэзыбж палатэм и аудиторыр и къулыкъум илъэсих пIалъэкIэ егъэув Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым.».
4. 6-1-нэ статьям къару имыIэжу къэлъытэн.
5.27-нэ статьям и фIэщыгъэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу къитхыкIыжын:
«27 статья. Къэзыпщытэ-къэзыбж палатэм и лэжьыгъэр къызэрызэригъэпэщ Iэмалхэр».
6. 38-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм:
1) 5-нэ пунктыр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу къитхыкIыжын:
«5) къулыкъум нэхъыбэ дыдэрэ зэрытет хъуну ныбжьым – илъэс 65-м зэрынэсам къыхэкIыу;»;
2) 10-нэ пунктыр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу къитхыкIыжын:
«10) «Урысей Федерацэм и субъектхэмрэ муниципальнэ щIыналъэхэмрэ къэзыпщытэ-къэзыбж я органхэр къызэрызэрагъэпэщымрэ зэрылажьэмрэ я лъэныкъуэкIэ псоми яхуэгъэза хабзэхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 7-нэ статьям и 4-6-нэ Iыхьэхэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхухэр къызэрыщIэщам къыхэкIыу;».
2 статья
Мы Законым къару егъуэт официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2022 гъэм щэкIуэгъуэм и 14-м
№53-РЗ
Поделиться: