Аникеевым ишхэр ядыгъуащ

Адыгэш зезыхуэ псоми фIыуэ яцIыху Краснодар крайм щыIэ «Аникеевым и адыгэш заводыр». Шыхъуэ цIэрыIуэр дунейм зэрехыжрэ, лэжьыгъэр Сергей и къуэ Александр и пщэ къыдэхуащ. Иджы зэхыдох заводым щыщу шы 50 ямыцIыху гуэрхэм ирахуэжьауэ.

Дызэрыт илъэсым и япэ мазэм, илъэс 64-рэ и ныбжьу дунейм ехыжауэ щытащ нобэ дызытепсэлъыхь IуэхущIапIэр къызэзыгъэпэща, Урысейм адыгэшым и пщIэм зыщиIэтыжыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Аникеев Сергей. Езыр лэжьыгъэм и псэр етауэ зэрыбгъэдэтым нэмыщI, зигу зэIуха цIыху нэфIэгуфIэр адыгэ шухэмрэ шыхъуэхэмрэ ялъэIэс зэпыту, псори ныбжьэгъугъэкIэ зэбгъэдэту апхуэдэт. Зэкъым, тIэукъым Аникеевым ишхэм къэрал саугъэтышхуэхэр къызэрахьар. Гъэ къэс Санкт-Петербург щекIуэкI «Иппосфера» зэпеуэм къекIуэлIахэм нэхъ лейуэ ягу къинэжауэ щытащ абы и заводым къыщыхъуа Хъан хакIуэр. Мы илъэсым шыхъуэ цIэрыIуэм фэеплъ хуащIауэ щытащ «Иппосфера»-м и зы Iыхьэу щыта, «Шагъдий вагъуэбэ» гъэлъэгъуэныгъэр. Аргуэрми Аникеевым ишхэр адрейхэм япэ щищащ. Езыр дунейм зэрехыжрэ, заводыр Сергей и къуэ Александр зэрехьэ.

«Заводыр зэзыгъэпэщар си адэрат, - жеIэ Александр. - Абы адыгэшхэм закъригъэужьыж къудей мыхъуу, Iуэхур лъагапIэ хъарзынэм нигъэсат. ЩIымахуэм ар дунейм ехыжащ, иджы Iуэхум сэ иужь ситщ».

Хэти зэрищIэщи, шыхэр щIэубыдауэ пIыгъ хъуркъым, хъупIэм хуиту итын хуейщ. Гуартэм къебгъэрыкIуэхэм сурэт тезых видеокамерэ губгъуэм щыпхуфIэдзэркъым, дауи. Абы къыхэкIыу, дыгъухэр зылъэгъуа цIыхухэм фIэкIа, щыхьэт щыIэкъым.

«Адыгэшхэр адрейхэм ещхькъым, - жеIэ Александр. - Ахэр гъэм и кIыхьагъкIэ хъупIэм итщ, апхуэдэ гъэхъукIэращ абыхэм я щытыкIэфIыр къызыхахыр. Щадыгъуар жэщырщ. ЩIэпхъаджащIэхэр ди щIыпIэм зэрыщымыщми, Iэщэ зэраIыгъами гу лъатащ къэхъуар зи нэгу щIэкIахэм».

Адыгэшыр зымыцIыхум ар и пIэм иригъэкIыфынукъым. Шы бгъэдыхьэкIэ имыщIэмэ, езыр къемылынкIи хъунущ, гъунэгъу зыхуищIмэ. Аращ Александр шэч къыщIытримыхьэр дыгъухэр Iуэхум хуэхьэзыр защIэу, апхуэдэр зимыщыпэщIэу зэрыщытам.

Иджыри къэс IуэрыIуатэу кърахьэкIа хъыбарыр иджы Кубань областым и хабзэхъумэхэм я деж нэсащ, абы газетхэми щытепсэлъыхьын щIадзащ. «ФСБ-м и ветераным шы лъапIэхэр фIэзыдыгъуа шыдыгъу бандэр Кубань щыщ хабзэхъумэхэм къалъыхъуэ», - аращ «Коммерсантъ»-м и корреспондент Решетняк Наталье щэкIуэгъуэм и 8-м къытрыригъэдза тхыгъэм фIищар: «Мостовской районым сом мелуани 10 зи уасэ адыгэш 50 щадыгъуащ. Ахэр а щIыпIэм ит шы лъэпкъыфI заводым ейщ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, шыхэр Къэрэшей-Шэрджэс республикэм яхуащ. ЗыфIадыгъуар ФСБ-м хыхьэ «Вымпел» дзэ пакIэм и ветеран Аникеев Александрщ».

«Ди гуартэм шы 250-рэ хэтщ, - жиIащ езы Аникеевым, къэхъуам щытепсэлъыхьым. - Жэпуэгъуэм и 27-м, жэщу ирахужьащ тфIэкIуэда шы 50-р. Я нэхъыбэр къарэхэмрэ пцIэгъуэплъхэмрэщ, шыбз къащхъуитIи яхэтщ».

Дыгъухэм я лъэужь зыхуахэм щIэпхъаджащIэхэм къакIэрыхужауэ шы 18 къагъуэтыжри, заводым къахужащ. Адрейхэр къалъыхъуэ. Александр зэрыжиIэмкIэ, шы къэс «АК» дамыгъэ тедзащ.

Аникеевым и IуэхущIапIэр дуней псом адыгэшыр щагъэхъуу щыIэ заводищым язщ, - етх «Коммерсантъ»-м. - Мы шы лъэпкъыр пащтыхьыдзэми хэтащ, офицерхэр шэсу. Александр Iуэхур къезыхьэжьэжа и адэм и щIэиныр зэрихьэу арат.

«ДыгъуэгъуакIуэ Iуэху гуащIэ къыщыхъуащ Краснодар крайм хыхьэ Мостовской районым, - етх «Комсомольская правда». Кубань» газетым и корреспондент Хилько Евгение. - Мы щIыпIэращ здэщыIэр дуней псом адыгэшхэр щыщагъэхъу заводищым я зыр. Жэрхэу, бэшэчхэу, гъуэгуанэ кIыхь уритехьэну уасэ ямыIэу, дыщэм хуагъадэ псэущхьэхэр ядыгъуащ. Совет зэманым адыгэшхэр кIуэдыжыным нэсауэ, мащIэ хъуат. Иджыпсту ар къызэфIагъэувэжыну хэтщ. Абы зи къару езыхьэлIэхэм язщ ФСБ-м и ветеран Аникеев Александр. 2004 гъэм Александр яхэтащ Беслъэн къалэм щIэпхъаджащIэхэм школым щыщIаубыда сабийхэр мафIэ лыгъэм къыхэзыхыжахэм. Иджыпсту абы и адэм и лъэужьым иту адыгэш лъэпкъыр ирегъэфIакIуэ».

Имей зэзыхьэлIэф хьэрэмышхыр зыщыщ лъэпкъым дэ зыри худиIуэхукъым. Ауэ «мыпхуэдэм и адыгэшхэр фIадыгъуащ» хъыбархэми кIэ яIэкъым. Ди жагъуэ зэрыхъущи, я нэхъыбэр зэрыкIуэдам хуэдэу къонэж. Аникеев Александр ФСБ-м зэрыхэтам гугъэ мащIэ къыдет щIэпхъаджащIэхэр къагъуэтыну. Зэман дэкIрэ, шыгъажэм нэгъуэщI лъэпкъ гуэрым иш япэу къыщысауэ зэхэфхми, фымыгъэщIагъуэ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: