Алборэ Амир и етхуанэ текIуэныгъэ

МафIэсгъэункIыфIхэр «Зи IэщIагъэкIэ нэхъыфI» цIэм щыщIэбэна мыгъэрей еплъыныгъэ-зэпеуэм и кIэух Iыхьэр зэфIэкIащ. Абы къыщыхахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ IэнатIэм профилактикэ IуэхумкIэ гупым и унафэщI нэхъыфIыр.

Зэпеуэр IыхьиплIу гуэшат. Къалъытащ илъэсым къриубыдэу мафIэс къэмыгъэхъуным теухуа хабзэхэм цIыхухэр щыгъэгъуэзэным, республикэм и къуажэхэм мафIэс-профилактикэ Iуэхухэр къызэрыщызэрагъэпэщам, зэрыщрагъэкIуэкIам я фIагъыр. Апхуэдэуи зэпеуэм хэтахэм зачётхэр ятащ, мафIэсым пэщIэтыным теухуа псалъэмакъ щхьэпэхэр егъэкIуэкIынымкIэ я зэфIэкIхэр ягъэлъэгъуащ.

Еплъыныгъэ-зэпеуэм бжьыпэр щиубыдащ мафIэс-къегъэлакIуэ часть №14-м (Анзорей къуажэ) и профилактикэ гупым и унафэщI Алборэ Амир. ЕтIуанэ увыпIэр иубыдащ ПСЧ-20-м (Къубэ-Тэбэ къуажэ, Бахъсэн район) щыщ и лэжьэгъу Къумыкъу Астемыр. ПСЧ-21-м (Старэ Шэрэдж къуажэ, Аруан район) и профилактикэ гупым и унафэщI Шымэзокъуэ Заур ещанэ увыпIэр лъысащ.

Алборэ Амирнэхъапэми инструктор нэхъыфIу мызэ-мытIэу къалъытащ, профилактикэ гупым и унафэщI пэрыт щэнейрэ хъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и мафIэс-къегъэлакIуэ IэнатIэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ Сэбан Арсен къызэрыхигъэщащи, Амир IэщIагъэм епха еплъыныгъэ-зэпеуэхэм иджы етхуанэу щытокIуэ.

 

 

 

 

 

Къумыкъу Астемыр

 

 

 

 

 

 Шымэзокъуэ Заур

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: