ЛIыхъужьхэм я фэеплъ

Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэм ирихьэлIэу Дзэлыкъуэ къуажэм къыщызэIуахащ Дзэлыкъуэ районым къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъ.

Абы кърихьэлIащ КъБР-м щыIэ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министрым и къуэдзэ, полицэм и полковник Бахъуэ Аслъэн, республикэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Руслан, Дзэлыкъуэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Дэхъушокъуэ Исмаил, КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и IэнатIэхэмрэ къэрал кIуэцI дзэхэмрэ я ветеранхэм и советым и тхьэмадэ Пыхъ МуIэед, районым и  ОВД-м и ветернахэм я советым и тхьэмадэ Щоджэн Барасбий, Урысей МВД-м Дзэлыкъуэ районымкIэ и къудамэм и унафэщIхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ.

- Ди лэжьэгъу ныбжьэгъухэм зэрахьа лIыгъэр республикэм и тхыдэм хатхащ. Абыхэм я щIыхькIэ мемориалхэр ягъэув, я цIэхэр фIащ школхэмрэ уэрамхэмрэ. КъБР-м щыIэ МВД-м и унафэщIхэм къывдаIыгъ пхуэмыгъэзэкIуэжыну хэщIыныгъэм кърикIуа гуауэр икIи къыфхуощыгъуэ,- жиIащ Бахъуэ Аслъэн къыщыпсалъэм.

АдэкIэ къызэухэсахэм зыхуагъэзащ Дэхъушокъуэ Исмаил, Мэкъушэ Руслан, Пыхъ МуIэед сымэ.

- Махуэ къэс хабзэм и хъумакIуэ мин я лэжьыгъэм пэроувэ цIыхухэм я шынагъуэншагъэр яхъумэу. Ди къалэнщ хэкIуэдахэм я фэеплъым пщIэ хуэщIыныр. Ахэр лIыгъэмрэ лIыхъужьыгъэмрэ я щапхъэу къэнэнущ хабзэхъумэ IэнатIэххэм я лэжьакIуэм я дежкIэ, - къыхагъэщащ абыхэм.

Мемориалыр къызэIуахащ Дэхъушокъуэ Исмаилрэ Щоджэн Барасбийрэ.

Iуэхум и кIэухыу къызэхуэсахэр дакъикъэкIэ щымри хабзэхъумэ сэлэт хэкIуэдахэм я фэеплъым деж удз гъагъахэр щагъэтIылъащ.

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.
Поделиться: