ГъащIэр - бэзэркъым, цIыхур - хьэпшыпкъым

 «Махуэкур» зыхухэтха Iуэхухэм язщ экономикэр. ЦIыхур зыхуей хуэзэн папщIэ, жылагъуэм ахъшэ къыщыблэжьыфу щытын хуейщ. Ауэ гъащIэр зэрыщыту а зыгуэр къэлэжьынымрэ зэхуэхьэсынымрэ щытегъэпсыхьам деж, езы цIыхум и мыхьэнэр щыкIэрыху куэдрэ къохъу. Иджыпсту зыгуэр къэзыщэхухэр нэхъ мащIэу къыпфIощI зыщэхэм нэхърэ. Дауэ-тIэ апхуэдэ гъащIэм цIыхур къызэрелыр?
 УпщIэм  и жэуап къилъыхъуэну хуежьауэ щытащ псэм и щытыкIэхэр зыгуригъэIуэныр зи IэщIагъэ нэмыцэ психолог цIэрыIуэхэм яз Фромм Эрих. «Зыгуэр уиIэн е зыгуэр къыпхэкIын» зыфIища тхылъым Фромм щытопсэлъыхь зыгъэтынш Iэмэпсымэхэр къэзыгъэIурыщIа иджырей цIыхум хуиту щIэныгъэм зритыным и пIэкIэ, а Iэмэпсымэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ я пщылI зэрыхъум. Апхуэдэхэр армырауэ пIэрэ адыгэхэми «хъыдан шу», «щыгъыныкъуэ-щыгъыныпхъу» зыхужаIар?
Иджырей цIыхум и гупсысэкIэр къыбгурыIуэн щхьэкIэ, и дуней тетыкIэм зэрызихъуэжам еплъын хуейщ, - жеIэ Фромм. XVI лIэщIыгъуэм пхъашэу, тепщэныгъэм, нэпсеягъэм, и унафэр пхыкIыным хуэерыщу щыта цIыху цIыкIур XIX лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ «бэзэр хьэл» жыхуэтIэм хуэкIуэн щIидзащ.
«Мыпхуэдэ дуней тетыкIэм «бэзэр хьэл» щIыфIэсщар езы цIыхур хьэпшыпым ещхьу зыхущытыжу зэрищIырщ. Псэ зыIут цIыхум гъащIэр бэзэру къыщохъу. И щхьэм пщIэ хуищIыжын-хуимыщIыжыныр зэлъытар а зэпеуэшхуэм къыщыхуагъэув уасэрщ. Бэзэр дыдэм хьэпшыпхэр щащэмэ, цIыху бэзэрым уи зэфIэкIыр здынэсыр уегъэлъагъу. Укъыхуосэбэп е укъыхуэсэбэпыркъым. Ауэрэ цIыхур адрейхэм задегъэкIун нэрыгъым еубыдыпэри, яхэгъуэщэн хьэлым езым къыдалъхуа фIы куэд фIегъэкIуэд. «Бэзэр хьэлым» и хъуэпсапIэр зыщ – адрейхэм къакIэрымыхун, лей мыхъун хуэдэу, къалъыхъуэ хьэпшып зищIын.
Бэзэр хьэл зыхэлъхэм «сэ сыхэт?» упщIэр я пащхьэ къиувэххэркъым, сыту жыпIэмэ, махуэ къэс зызыхъуэж бэзэр уасэм ипкъ иткIэ, «фызэрыхуейм хуэдэ дыдэу сыщытынущ» псэукIэм зрехулIэж.
«Сыт цIыхур щIэпсэур?» упщIэр къэувыххэркъым апхуэдэ цIыхум дежкIэ. Зыгуэр фIыуэ илъагъунри илъагъу мыхъунри зыхимыщIэж гурыщIэщ. Апхуэдэ гухэлъ «мымоднэжхэр» Iуэхум, щэн-щэхуэным зэран хуэхъу гупсысэ лейщ, Фромм зэрыжиIэмкIэ. Машинэ абрагъуэм ещхьу, гъащIэм мыхьэнэ нэхъ щызиIэу бэзэр хьэлым къилъытэр уи Iуэху дэкIын папщIэ сэбэп хъу Iэмалхэм я закъуэщ.
Мыхэр егъэлеяуэ щхьэхуэфIщ, итIани я щхьэри гунэсу фIыуэ ялъагъужыфыркъым, адрейхэми пIалъэ кIыхькIэ ягу кIэрыпщIэркъым. Ара къыщIэкIынщ, псалъэм папщIэ, зыгуэрым лей къытехьэкIэ е экологиер зэIыхьэкIэ, ягу щIэмыузыр.
ГъэщIэгъуэн дыдэр сыт жыпIэмэ, апхуэдизу щэн-щэхуэн Iуэху фIэкIа я щхьэ куцIым зэрызэримыгъэзахуэм нэмыщI, хьэпшып къаIэрыхьэхэми уасэшхуэ хуащIыркъым бэзэр хьэлхэм. Ныбжьэгъури, псэгъури, Iыхьлыри, хьэпшыпхэри зэхуэдэу къагъэсэбэпу аращ.
Мыпхуэдэ цIыхухэм гугъу уадемыхьынкIэ Iэмал щIимыIэри арагъэнщ: Iэмэпсымэм ещхьу, езым хуэдэ цIыхум зыхуейр къыпахын мурадым я гур егъэункIыфIыпэри, акъыл зэфэзэщкIэ Iуэхум бгъэдохьэ. «Зыхуейр адрейхэм къыжьэдитхъын нэрыгъ зиIэ акъылыр шынагъуэщ, - жеIэ Фромм. – Апхуэдэ IэбэкIэм уэ езым уи зэран зыхэлъыр къыхэпхынращ нэхъыбэу узрихулIэр».
Сыт апхуэдэу щIэхъур? ЦIыхум фIэкIа зыми бгъэдэмылъ гум и зыхэщIэныгъэхэм «жыглыц къатокIэжри» аращ. Ауэрэ бэзэр хьэл зиIэм цIыхуфIымрэ цIыху Iеймрэ, нэпцIымрэ пэжымрэ зэхимыгъэкIыжыфу мэхъу. ГъащIэм Iэбэрабэу хэту аращ ар, къыжьэдэхуэр игъэныщкIуу.
«Сыт нэхъри нэхъ сфIэгъэщIэгъуэныр, - жеIэ Фромм, - мыпхуэдэ цIыхухэм дин зэрахьэуи уарохьэлIэ. ФIэщхъуныгъэ яIэу жаIэ щхьэкIэ, «нэхъыбэ сиIащэрэт» гупсысэкIэм и пщылI цIыхум и фIэщхъуныгъэр тхьэншэ дыдэщ. Апхуэдэ цIыхур езым и гурей-гурыфIхэм я пщылI зэрыхъум къыхэкIыу, и щхьэм хуэпщылIыжу дунейм тету аращ. Зыхуей псоми зэрылъэIэсыф Iэмэпсымэ къызыIэрыхьа тхьэмыщкIэм абы тхьэпэлытэу зыкъыщегъэхъуж, ауэ щыхъукIэ, езыр а машинэхэм я пщылIу аркъудейщ. Сыт-тIэ иджыри мажусиигъэкIэ узэджэнур?»
Мы «бэзэр хьэл» зыфIища щэным Фромм пэщIегъэувэ гъащIэм и пэжыр къызыгурыIуэ, цIыхугъэр зыфIэмыкIуэд, зэрыхъукIэ «нэхъ цIыхуфI сыхъуащэрэт» жызыIэ гупсысэкIэм хэпсэукIхэр. Фэ дауэ феплърэ психологым и Iуэху еплъыкIэм?

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: