Тепщэхэм я хъыбар

Псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр чэзуууэ илъэс 12-м я тепщэу зэрыщытыр IупщIу къыхощыж къуэкIыпIэ махуэгъэпсым теухуа хъыбарым. Абы зэрыжиIэмкIэ, зэгуэрым Буддэ и деж жэрдэм зиIэ псэущхьэхэр иригъэблэгъат. АрщхьэкIэ, мэз, унагъуэ псэущхьэ псори ирихьэлIэфакъым абы, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дунейр щIыIэт, Буддэ деж унэсын папщIэ псы куу узэпрысыкIын хуейт.

Псэущхьэхэр къызэрысым хуэдэу чэзууэ Буддэ деж щIыхьэрти, абы илъэс зэрызкIэ пащтыхьыгъуэр къахуигуэшырт. Псом япэу къэсар Дзыгъуэращ, етIанэу – Выращ, ещанэу – Къаплъэнырщ. Вымрэ Къаплъэнымрэ япэу щIыхьэнур яхузэхэмыгъэкIыу зэрызэпэщIэувам кIэлъыплъурэ псэущхьэхэм еплIанэу къэсар ялъэгъуакъым. Ар Джэдурами ТхьэкIумэкIыхьрами къахуэщIакъым. Абы къыхэкIыуи къуэкIыпIэ къэралхэм еплIанэ илъэсым жьантIэм дагъэтIысхьэр убзыхуауэ щыткъым.

АдэкIэ Буддэ деж щIыхьахэр ящIэж: етхуанэу бысымым деж къэкIуар Благъуэрщ, еханэу Блэрщ, ебланэу Шыр къэсащ. КъызэраIуэтэжымкIэ, еянэм и къэсыгъуэр къыщыблагъэм пшагъуэшхуэ къытрихуэри, Мэлымрэ (ТIымрэ) Бжэнымрэ япэу къыIухьар яхузэхэгъэкIакъым. Арати, а тIум еянэ илъэсым тепщэгъуэр зэIэпахын хуей хъуащ.

Ебгъуанэу чэзур къызылъысар Номинырщ. ЕпщIанэу щIыхьар Адакъэрщ. ЕпщыкIузанэу Хьэр еблэгъащ, иужьрейуэ КхъуэпIащэр къыпыуващ.

Мис апхуэдэ щIыкIэкIэ илъэсхэм я «тхьэмадэу» щытыныр гуэша хъуауэ ягъэхъыбар.

* * *

Мы илъэсым тепщэгъуэр зейуэ щытынур псэущхьэ мыин ТхьэкIумэкIыхь щабэрыкIуэрщ, Iэдэбырщ.

ТхьэкIумэкIыхьыр зэрышынэкъэрабгъэр псоми ящIэ, ауэ абы емылъытауэ а псэущхьэм зыхуейр пхегъэкIыф, хьэщIэ хуабжьу фIэфIщ, дахагъэмрэ унагъуэ гупсэхугъуэмрэ зыхилъхьэ щыIэкъым. Абы ипкъ иткIэ, къихьэ ИлъэсыщIэм фи ныбжьэгъухэр нэхъыбэрэ къызэревгъэблэгъэным иужь фит, фэри щIэх-щIэхыурэ хьэщIапIэ фыкIуэ.

ТхьэкIумэкIыхьым хьэл зэпIэзэрыт, зэтеубыда иIэщ, абы къыхэкIыу, фэри 2023 гъэм къипкI-къилъу фыщымыт, абы игу фызэрыдыхьэным нэхъ фегугъу. «Пащтыхьым» хьэл нэхъыфIу хэлъхэм ящыщщ зыгуэрым и гуапэ ищIыну зэрыфIэфIыр, къэзыухъуреихьхэм зэрахуэпэжыр. Хуэбгъэфащэ хъунущ дызытехьэ илъэсым ятхыну нэчыхьхэр нэхъ быдэ хъуну.

2023 гъэм и тепщэр икъукIэ къабзэлъабзэщ: щыгъынхэри, Iуэхухэри, гупсысэхэри, сытым дежи зыхуей хуэзауэ щигъэтщ.

Апхуэдэуи, къуэкIыпIэ гороскопхэм итщ ТхьэкIумэкIыхьыр Iущыцэу, лъэныкъуэ куэдым фIыуэ хищIыкIыу. 2023 гъэм ар сэбэп яхуэхъунущ щIэныгъэрылажьэхэм. Профессорхэм, творческэ IэщIагъэ пэрытхэм нэхъ я телъхьэу щытынущ. Къэбгъэлъагъуэмэ, абы гулъытэншэ ищIынукъым зи IэщIагъэр фIыуэ зылъагъу дэтхэнэ IэщIагъэлIри. ЖыпIэ хъунущ, илъэсыщIэр цIыху зэчиифIэхэм, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ дихьэххэм яйуэ.

Сыт хуэдэ хьэл хэлъми, ТхьэкIумэкIыхьыр шынэкъэрабгъэщ. Абы ипкъ иткIэ, цIыху куэд, псом хуэмыдэу ТхьэкIумэцIыхьым и гъэм къалъхуауэ жыхуаIэхэр, занщIэу Iуэхум тегушхуэфынукъым, жэуаплыныгъэ ин зыпылъ лъэбакъуи дэIэпыкъуэгъуншэу ячыфынукъым. А гъэм къалъхуа цIыхухэм зыхэтхэм я дзыхь кърагъэз, куэд чэнджэщакIуэ къахуокIуэ, я гупсысэкIэм пщIэ къыхуащI. ТхьэкIумэкIыхьыр унагъуэм, щIэблэр бэгъуэным, мамырыгъэм я нэщэнэ псэущхьэу къалъытэ.

ФIырыфIкIэ узыхэмызагъэ Къаплъэным и ужькIэ, цIыхубэм къапэплъэр гъащIэ мамырщ. Апхуэдэуи зэныбжьэгъухэм я IутIыжу щытынущ. Ахэр зэгъусэу гъуэгу техьэми, фIы дыдэу зэгурыIуэнущ.

ТхьэкIумэкIыхьыр дипломат нэгъэсащ, бэлыхь гуэри къыхэмыкIыу сыт хуэдэ Iуэхури мамыру зэфIехыф. Абы и нэфI зыщыхуэр псэ къабзэ зиIэхэрщ.

2023 гъэм къалъхуну сабийхэм фIы ягу илъу, езыхэр зэчиифIэу щытыну къалъытэ, ауэ ТхьэкIумэкIыхьым зэрихьэлщи, пасэ дыдэу балигъхэм гурагъэIуэнущ я щхьэ Iуэху зэрахуэжыныр нэхъ къызэращтэр.

ИлъэсыщIэм фытехьэмэ, фи мурад псори занщIэу гъащIэм хэфпщэну, фи псэукIэм зевгъэхъуэжыну фыхущIэмыкъуну чэнджэщ къыдат вагъуэхэм якIэлъыплъхэм, сыту жыпIэмэ, иджыпсту угупсысэныр нэхъыфIщ, тэмэму умыубзыхуауэ Iуэху пыухыкIа гуэрым иужь уихьэн нэхърэ.

Уигу зыхуэзэгъэжауэ ИлъэсыщIэм утехьэн папщIэ, щыптIэгъэным уегупсысын хуейщ. Ар елъытащ ИлъэсыщIэр къыщибгъэхьэну щIыпIэм, узигъусэнухэм. Фи щыгъынхэр ТхьэкIумэкIыхьым и фэм ещхьу къыхэфхмэ, нэхъыфIщ. Нэхъыбэр дызрихьэлIэр тхьэкIумэкIыхь хужьщ е щхъуэщ, ауэ щыIэщ зи фэр фIыцIэ, морэ, гъуэжь, къащхъуэ, щIыху.

ТхьэкIумэкIыхь теплъэ зиIэ щыгъын фимыIэмэ, фи фэилъхьэгъуэр леным, цым къыхэщIыкIауэ, хужьыфэу щытыпхъэщ.

ИлъэсыщIэ Iэнэм мыIэрысэрэ хурэ Iэмал имыIэу телъын хуейщ. Къытхуеблагъэ ТхьэкIумэкIыхьым «игу зэвмыгъэбгъэн» щхьэкIэ абы ил Iэнэм тевмылъхьэ. НэхъыфIыжыр лыхэкI фымыпщэфIынырщ.

ХадэхэкI нэхъыбэ къызэрытевгъэувэным иужь фит, къуэным, къуэнтхъурейм, бжьын цIынэм, салат тхьэмпэм фыщымысхь. Апхуэдэуи дэ, фо, кхъуей къытефлъхьэ хъунущ.

Фигу ивгъэлъ ИлъэсыщIэр зей псэущхьэм и  теплъэ зиIэ хьэпшып цIыкIухэмкIэ фи Iыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм фахуэупсэнми фIы къыдэкIуэну къызэралъытэр.

Псейр щывгъэщIэращIэкIэ, шархэр хужьыфэ-морафэу къыхэфхмэ, нэхъыфIщ, абы и лъабжьэм щIэфлъхьэну саугъэтхэм пхъы яхэлъын зэрыхуейр зыщывмыгъэгъупщэ. Ар ТхьэкIумэкIыхьым и гуапэ хъунущ.

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: