Зи хъэтI зиIэж дохутыр

Си сабиигъуэм щыщ зы теплъэгъуэ гуимыхуж сщыхъуащ икIи абы и ныбжь тридзауэ къызолъытэ адэкIэ си гъащIэ гъуэгуанэр зэрызубзыхуам. Класс нэхъыжьхэм сыщеджэрт а зэманым. Школым сыщыIэу, зыгъэпсэхугъуэ дакъикъэхэм ирихьэлIэу, сыджалэри си Iэпхъуамбэр зэрыпкIащ. Абы щыгъуэщ япэу узыр егъэлеяуэ щызыхэсщIар (мэдыхьэшх). Сыти сщIэну сыхьэзырт, ар згъэундэрэщхъуэн щхьэкIэ.
Си адэ-анэм сашащ зэрыпкIа къупщэ зэрытыпIэр и пIэм изыгъэувэжыфу къуажэм дэс «Iэзэм» и деж. Зэуэ гум хыхьэу къыхэузыкIри, къэхъуар сфIэтелъыджэу, Iэпхъуамбэм и къупщхьэхэр зэрыпкIэжащ, сыкъэзыгъэдзыха узри сщхьэщыкIащ. Абдежым си нэгу щIэкIащ узыр пщхьэщызыхыфын, абы и лъэныкъуэкIэ гугъуехьхэр къыпщызыгъэпсынщIэфын цIыхухэр зэрыщыIэр. Ар сфIэгъэщIэгъуэнащ икIи мурад быдэ зыхуэсщIыжащ абыхэм ящыщ зы сыхъуну. Абы щхьэкIэ щIэныгъэ тэмэм зэбгъэгъуэтын, адэкIэ лэжьыгъэ и пIалъи фIыуэ зыхэбгъэгъуэзэн хуейт. Къыхэсха IэщIагъэм хуэIэзэ сыхъуныр, си зэфIэкIым хэзгъэхъуныр сытым щыгъуи си къалэн нэхъыщхьэу къокIуэкI, - жеIэ Республикэ клиникэ сымаджэщым травматологиемрэ ортопедиемкIэ и къудамэм и травматолог-ортопед Безрокъуэ Лиуан.

 

И мурадыр зригъэхъулIащ Лиуан, ехъулIэныгъэхэр иIэу ар яхэтщ цIыхум нэхъ лъапIэ дыдэу иIэр хъумэнымкIэ жэуаплыныгъэшхуэ зи пщэ къыдэхуэ медицинэ лэжьакIуэхэм. Къэпщытэныгъэхэм наIуэ къызэращIымкIи, республикэм и дохутыр нэхъыфIхэм ящыщу къагъэлъагъуэ. Шэч хэмылъу, зыпэрыт Iуэхум щиIэ зэфIэкI лъагэхэр щIалэм къыхуэзыхьар емызэшу и щIэныгъэм зэрыхигъахъуэрщ, унэтIыныгъэм щIэуэ къыхыхьэ псоми щIэмычэу зэрызыщигъэгъуазэрщ. 
Лэскэн районым хыхьэ Анзорей къуажэм щыщ щIалэм япэщIыкIэ КъБКъУ-м и медицинэ колледжыр къиухащ, фельдшер IэщIагъэр иIэу. АдэкIэ ар щIэтIысхьэжащ КъБКъУ-м и медицинэ факультетым, абы и интернатурэми щеджащ. КъыкIэлъыкIуэу и щIэныгъэм щыпищащ Саратов къалэм Травматологиемрэ ортопедиемкIэ дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и ординатурэмрэ аспирантурэмрэ. А зэманым, 2014 - 2017 гъэхэм, ар щылэжьащ Саратов къалэм и травмпунктым. Къыщалъхуа щIыналъэм 2017 гъэм къигъэзэжащ икIи абы щегъэжьауэ Республикэ клиникэ сымаджэщым щыIэщ.
ЩIыналъэм и медицинэ дунейм зи увыпIэ щызэзыгъэгъуэтыжа, зи хъэтI зиIэж дохутыр щIалэр и IэщIагъэм зэрыпэрыувам теухуа и гукъэкIыжхэмкIэ, абы теухуа и гупсысэхэмкIэ къыддэгуэшащ.

Япэ лъэбакъуэхэр
 

- Гугъуехь гуэр зыхэмылъ зы IэщIагъи щыIэкъым. Ауэ, пэжщ, дохутыр IэщIагъэр адрей псом хуэдэжкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мыбдеж шэсыпIэ итыр цIыхум и узыншагъэмрэ и гъащIэмрэщ. Абы жэуаплыныгъэшхуэ къыптрегъащIэ, ар сэ икIи зыхызощIэ, икIи зэрысхьыным сыхуэхьэзырщ. Шэчыншэщ псантхуэ узыншэрэ психикэ зэпIэзэрытрэ уиIэн зэрыхуейр. Дохутырым и махуэхэм къызэрыгуэкI яхэткъым, лэжьыгъэм щыпэрыхьэ дакъикъэм щегъэжьауэ ар кърихьэлIэху и къалэнхэм къыхэхъуэурэ макIуэ, уеблэмэ нэхъ къарууфIэми гугъуехьыр къыщытехьэлъэ щыIэщ, псом хуэмыдэу психологие зыхэщIэныгъэм уи гуащIэр егъэмащIэ. ПхузэфIэкIахэр зэбгъэзэхуэжрэ цIыхухэм сэбэп уазэрыхуэхъуар къыщыбгурыIуэжкIэ жыджэрагъыр къыпхохьэжри, утегушхуауэ аргуэру лэжьыгъэм упэрохьэж.
Си япэ операцэр езгъэкIуэкIын ипэкIэ хирургхэм я дэIэпыкъуэгъуу зыбжанэрэ сыщытащ. ГурыIуэгъуэщ узэрыгузавэр, ар зыхыумыщIэнкIи Iэмал иIэкъым. Ауэ уи шыIэныгъэмрэ зэпIэзэрытагъымрэ зэран хуэбгъэхъункIэ Iэмал иIэкъым. Уи гумрэ уи псэмрэ щызэрызехьэ гурыгъуз псори зэуэ йокIуэтэкI, Iуэхум ущриубыдылIэкIэ. Сэ сыхирург нэхъыщхьэу япэу сщIа операцэр сыхьэтитIкIэ екIуэкIащ. Шхужьымрэ куэмрэ я къупщхьэ зэрытыпIэхэр зэхуэгъэкIуэжын хуейуэ арат, нэгъуэщIу жыпIэмэ абдеж IэрыщI протез дэгъэувэн хуейт. Iэпкълъэпкъым а и Iыхьэхэм мыхьэнэшхуэ зыгъэзащIэ лъынтхуэхэр хэлъщ, зэрымыщIэкIэ зэран уахуэхъумэ, гъащIэр къыпхуемыгъэлынкIэ шынагъуэшхуэ щыIэщ. Сытми, си операцэр хъарзынэ дыдэу зэфIэкIащ, жэщитI-махуитI нэужьым сымаджэм хуэмурэ къикIухьын щIидзащ.

ФIэщхъуныгъэм и къарур
 

- Дохутырым и лэжьыгъэр сыхьэт пыухыкIакIэ къэгъэлъэгъуауэ щытми, куэдкIэ зэман нэхъыбэ и IэнатIэм трегъэкIуадэ. Жэщым уплъырын хуейуэ къыщыпхуихуэ щыIэщ, упэмыплъэххауэ пIэщIэгъуэкIэ операцэ пщIыну ураджэнкIи мэхъу. Ди лэжьыгъэм къызэрымыкIуэ щытыкIэу хэтыр нэхъыбэщи, сыт хуэдэ зэманми абы дыхуэхьэзырын хуейщ.
Насыпыншагъэ куэд си нэгу щIокI. ПIэщIэгъуэкIэ операцэ щIын хуей сымаджэ хьэлъэ къыщыпхуашэкIэ дэтхэнэ зы дакъикъэри уасэншэщ. ПсынщIэу уи щхьэр абы тебухуэу Iуэхум иужь уихьэн хуейщ. ЗэфIэкIыуи Iэзагъэуи уиIэр хэплъхьэу удэIэпыкъуами, сымаджэр ажалым къыщыпхуIэщIэмыхкIэ ар егъэлеяуэ гущIыхьэ пщохъу. Абы и гъащIэр къегъэлыным уи гуащIэрэ уи къарурэ хуримыкъуауэ аракъым, атIэ щыIэщ Iэзагъышхуэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлI нэхъ лъэщ дыдэри зыпэмылъэщын щытыкIэ хьэлъэхэр. Абы иужькIэ кIуэцIкIэ узэныкъуэкъужу зэман гуэр ибохьэкI, тыншуи укъиутIыпщыжыркъым а гухэщIым. Сыт хуэдиз илъэскIэ IэнатIэм упэрымытами, укъэзыгъэуIэбжь щытыкIэхэм урохьэлIэ, абыхэм уосэж, IэщIагъэм гу быдэ ухуохъу жыхуаIэхэри пэжкъым. Хирург IэщIагъэр къыхэзыхахэм шыIэныгъэшхуэ, зэпIэзэрытыныгъэ быдэ яхэлъын хуейщ.
Къэхъугъэ телъыджэхэми дыщрохьэлIэ ди IэщIагъэм. Телъ фэбжьым е пкърыт узым елъытауэ мыхъужыну къалъытэ сымаджэхэм зэуэ зыкъагъазэу къызэрызэфIэувэжым хэлъ щэхур зы дохутыри зы щIэныгъэлIи къыхуэIуэтэщIакъым. Сэ шэч къытесхьэркъым нэрымылъагъу къару лъэщ гуэрым и Iэзэгъуи а Iуэхум зэрыхэлъым. КъищынэмыщIауэ, сымаджэм дохутырым кърит фIэщхъуныгъэми куэд дыдэ елъытащ. Абы къыхэкIыуи, хущхъуэкIэ дызэреIэзэм къищынэмыщIауэ, ди къалэнщ псалъэ гуапэкIэ я гур фIы яхуэтщIыжыну, гугъэ яхэтлъхьэжыну. Пэжыр жысIэнщи, ди Iэзэгъуэр нэхъ тыншу екIуэкIынымкIи дэри ар къытхуощхьэпэж. 

IэщIагъэм и уасэр
 

- Си IэщIагъэм си гъащIэм увыпIэшхуэ щеубыд. Уеблэмэ, сыщымылажьэхэм и деж зыгуэр схуримыкъуу, сыхущыщIэу къысщохъу. Сызыпэрыт Iуэхур си гум дыхьэу, фIыуэ слъагъуу зэрыщытырагъэнщ абы и щхьэусыгъуэр. Нобэ сызыпэрыт IэщIагъэр си гъащIэм хэмыту ар си нэгу къысхущIэгъэхьэркъым. БащэкIэ къыпщыгугъыу зи щхьэр къозыхьэлIа сымаджэм уи Iэзэгъуэр сэбэп зэрыхуэхъуар пщIэным, абы и нэгум иплъэгъуэжа гукъыдэжым уи гуащIэ зэрыхэлъым къуит гухэхъуэм пэкIуэн мылъку щыIэкъым. Абы иужькIэ нэхъыбэж зэрыпхузэфIэкIынумкIэ гушхуэныгъэ уиIэу ехъулIэныгъэщIэхэм, лъагапIэщIэхэм ухуэзышэ гъуэгуанэм къыпыбощэ. 
 

Гуэбэшы Марианнэ.
Поделиться: