Абыкъуэ Заур и фIыгъэкIэ

Гъуэгум щыплъырхэм къулыкъур зэрырахьэкIыр къипщытэн мурадкIэ, КъБР-м и Дзэлыкъуэ районым щыIэу, щIыналъэ МВД-м и ДПС-м шынагъуэншагъэмкIэ и къудамэм и I-нэ ротэм и 2-нэ взводым и командир, полицэм и капитан Абыкъуэ Заур гу лъитащ гъуэгум къыщыувыIа, зыгуэр къызэрыхъуам и щыхьэту зи уэздыгъэхэр къэзыгъэблэ автобусым.

КъэувыIэри, ГИБДД-м и лэжьакIуэм къищIащ, пассажир пщIы бжыгъэ зыбжанэ абы зэрисыр, щылъэтэну пIалъэри щIыпIэри зэрагъэIэпхъуам къыхэкIыу Минеральные Воды кхъухьлъатэ телъэтыкIыпIэм къикIыжу Владикавказ къалэм и аэропортым зэрыкIуэр. Гъуэгу здытетым ахэр зэрыс транспортым ныкъусаныгъэ игъуэтати, рулым дэсым къигъэувыIэн хуей хъуащ.

ЩытыкIэр зэпилъытщ, хабзэхъумэм и лэжьэгъухэр къриджэри, транспорт уфIынкIам щIэрыIэурэ зэщIагъэнэжащ. Абыхэм ядэIэпыкъуащ автобусым исахэм ящыщ цIыхухъуихи.

АдэкIэ полицэм и капитаным, гъуэгу-плъыр къулыкъум и экипаж къэсам щIыгъуу, автобусыр нигъэсащ АЗС гъунэгъум. Абдежым пассажирхэм Iэмал ягъуэтащ шынагъуэншэу икIи щIыIэм имысу транспортыр зэрахъуэкIыным щыпэплъэну.

КъБР-м щыIэ МВД-м и Къэрал автоинспекцэм къыIэрыхьащ Ставрополь крайм щыпсэу цIыхубзым Абыкъуэ Заур фIыщIэ къызэрыхуищIым теухуа тхыгъэ. Жыджэру Iуэхум бгъэдыхьэу щытыкIэ гугъум къызэрикIын Iэмал къызэригъуэтам и фIыгъэкIэ цIыхухэр щIыIэми исакъым икIи и чэзум аэропортым нэсащ.

БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться: