Адыгэшым и дуней телъыджэр

Наужьыдзэ Iуащхьэм километрищкIэ нэхъ ищхъэрэIуэу щыIэщ Инал Iуащ­хьэр. Ар щIыпIэ дахащэщ, гъэщIэ­гъуэнщ, IуэрыIуатэшхуэ зэпхащ, ауэ удэкIыну гугъущ, я нэхъ цIыху быдэ дыдэм и узыншагъэр зыпэмылъэщщ. Арами, адыгэхэм абы ижь-ижьыж лъандэрэ шы щагъэхъу. Уеблэмэ Кавказ псом зы къуапэ щыIэкъым шы гъэ­хъунымкIэ Инал пащIу щыта. Дауи, ар зи фIыщIэр и щIыуэпсырщ. Сыту жыпIэ­мэ, Инал щIыпIэр лъагэ дыдэщ - метр мини 3-м щIегъу. 

Апхуэдэ лъагапIэм и псым къаруу­шхуэ хэлъщ, и удзым къэуат щIэлъщ, и хьэуари къызэрымыкIуэу къабзэщ. А псом къищынэмыщIа, мы щIыпIэм къыщыхъуа шыр адрейхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ губзыгъэщ. Губгъуэм къыщыхъуа шыр шына­гъуэ куэдым ирохьэлIэ. Псом япэрауэ, ­дыгъужьым е мыщэм. Абы и закъуэкъым, хакIуэхэри куэдрэ зэпэщIоувэ. Апхуэдэ­-хэм деж шыр мэгупсысэ, дауэ яIэщIэкIа хъунуми, дауэ япэлъэщынуми, зихъумэ­жынуми. Инал щIыпIэм и хьэуар, зэры­жытIащи, къабзэщ, ауэ икъукIэ хьэ­лъэщ икIи мащIэщ. Аращ мы щIыпIэм ущыпсэуну щIэгугъур. Апхуэдэ гугъуехьхэм еса, ар зышэчыф шым и Iэпкълъэпкъым фIыуэ зеузэщIри, ямылейуэ бэшэч мэхъу. 
Шыхъуэхэр тхьэмахуэ къэс Инал дэ­кIыурэ, шыхэм я Iуэху зытетыр зрагъащIэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ахэр жэщи махуи губгъуэм итщ, мэхъуакIуэри. ЦIыхухэр абы­хэм я псэукIэм зыкIи зэрыхэмыIэбэным иужь итщ, щэхуу яхъумэ мыхъумэ. Ап­хуэдэу шыхэр мази 8 - 9-кIэ щыIэщ бгы­щхьэм. 
Адыгэхэм шым и ныбжьыр илъэси 5 - 6-м нэмысауэ ягъасэу я хабзакъым. А ныбжьым нэсыху шыхэр Инал губгъуэм итын хуейт. 
ШыщIэм и ныбжьыр махуищ фIэкIа мыхъуами, Къущхьэхъу драшейт. А гъуэгуа­нэм шыщIэм къыщегъэлъагъуэ хузэ­фIэ­кIынури, и къарур здынэсри, здынэсынури. КIэщIу жыпIэмэ, гъуэгуанэр - гъэу­нэхупIэщ. Мы мывэ къырхэм, гъуэгу бгъу­з­эхэм дэкIыфа, гъуэгуанэ хьэлъэ зэ­пызычыфа шыщIэращ шы лъэщ хъунур.      А псор шыщIэм хузэфIэмыгъэкIамэ, ­къехьэлъэкIамэ, ар шы хъунукъым, зы­щIебгъэлIэлIэни щыIэкъым. Сыт хуэдизу мыгущIэгъуншэми, апхуэдэ шы махэхэр псэуну хуиттэкъым: шы лъэпкъыфI къы­зэбгъэпэщыну ухуеймэ, фIым я нэхъыфI­хэр къыхэщыпыкIыпхъэщ. Абы папщIэ, зэрыжытIащи, гъэунэхупIэ щыIэщ - къыр гъуэгуанэр. 
Инал и хъупIэхэм унэсын папщIэ, къыр защIэкIэ километр 12-кIэ удокIуей. Шы нэсым ар зы сыхьэтым къриубыдэу зэпичын хуейщ. Абы и закъуэкъым! Уанэри зэрытелъу, тхьэмахуэкIэ зы цIыху зри­къун шхын щIыгъуу, килограмми 100-м нэс ­щIалэ тесу икIун хуейщ а гъуэгуанэр. 
Iуащхьэм гъуэгу екIуалIэркъым, шууэ фIэкIаи удэкIыфынукъым. Ауэ щыхъукIэ, Инал ущыпсэунумэ, дэIэпыкъуэгъу ухуэ­ныкъуэщ - хьэфI. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, мэлыхъуэхьэ. Ахэр икъукIэ дэIэпыкъуэгъу щхьэпэщ икIи, гъэщIэгъуэнракъэ, а псэущхьэхэр (шыхэмрэ хьэхэмрэ) зозэгъ. Гъэ­щIэгъуэнщ, хьэхэм я къару псори шыхэр хъумэным зэрырахьэлIэр, жэуаплыныгъэшхуэ зэрахэлъыр, я лэжьыгъэр къа­зэрыгурыIуэр. Апхуэдэ зы хьэм и зэфIэкI­хэр цIыху зытIущым я лэжьыгъэм покIуэ.
Шыхъуэ пщыIэм я нэщэнэ нэхъыщхьэ дыдэр - берычэтращ. Ерыскъыр куэду уиIэнырщ. ХьэщIэ къыпхуэкIуами, гъуэгурыкIуэ къуихьэлIами «Къеблагъэ!» жып­Iэу, уи жьэгум мафIэ дэлъу, тхъурымей-бжьэрымейкIэ упежьэн хуейщ. Сытым ­дежи уи жьэгум лыгъур илъыныр къызэ­рыгуэкI Iуэхущ шыхъуэм, мэлыхъуэм ­дежкIэ. ПщыIэм нэхъыжьу лэгъупэжь тесын хуейщ. Зэрыхабзэщи, абы псори ­йодаIуэ, и жыIэм щIэтщ. Езыр сыт хуэдэ Iуэху къэмыхъуами, псоми щыгъуазэу щы­тыпхъэщ, и къалэн нэхъыщхьэри - пщэ­фIэнращ. Адыгэхэм ар хабзэ дахэу яхэ­лъащ - шыхъуэхэр ерыскъыкIэ зэпэщ зыщI лэгъупэжьым пщIэшхуэ хуащIырт, абы жиIэми зыри ебакъуэртэкъым. Губ­гъуэм итым дежкIэ псом нэхърэ нэхъыщхьэр ерыскъыращ. 
Шыхэм деж дгъэзэжынщи, абыхэм мы щIыналъэхэм щахъуэкIу удзым къи­щы­нэмыщIа, нэгъуэщI зыри яIухуэркъым, ауэ иныкъуэхэм деж шыгъу ират. Кавказ ­щIыналъэр сытым дежи шыгъукIэ къу­лейсызу щытащ. Абы къыхэкIыу, шыхэр апхуэдизу зыхуэныкъуэ шыгъур псэущ­хьэхэм худрамыхьейуэ хъуртэкъым. Адрей зыхуеину псори бгым щагъуэтырт. 
Шыхъуэхэр зытес шыхэм датепсэ­лъы­хьынщи, ахэр гугъу нэхъ йохь, лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIахым къыхэкIыу, я шхыныр щхьэхуэщ, Iус ират. Жэщ псом хъуэкIуа уанэшхэр пщэдджыжьым кърашэлIэжри, Iус ирагъэшх, ягъэкъабзэ, зэпаплъыхь. Псори тэмэму щытмэ, махуэм зэрылэжьэным хуагъэхьэзыр. 
Мыпхуэдэ къуакIэбгыкIэхэм хуиту ущызекIуэн папщIэ, шым адыгэ уанэ ­телъын хуейщ. Тхыдэми IуэрыIуатэми Iуп­щIу къахощ уанэр шы и уасэу зэ­рыщытар, ар шыми шуми хуэфащэу щытын зэры­хуеяр. Шымрэ уанэмкIэ къацIыхуу щытащ адыгэ шур.
Ди щIыналъэхэм уанэ щызэрахьэхэм уахэплъэмэ, ахэр тхууэ ягуэш. Япэр - Инджылызым къикIа, шы къызэрагъажэ уанэращ. ЕтIуанэр - испаниолэ - Америкэм нэхъ щызэрахьэ, ауэ ди щIыпIэхэми ущрохьэлIэ. Ещанэр - драгун - Фран­-джым нэхъ щызекIуэу щытащ икIи лIэ­щIыгъуитI ипэкIэ Урысейм куэду къыщагъэсэбэпырт. Ди гуапэ зэрыхъунщи, дунейм лъэпкъыу тетым я уанэхэм зыкIи емыщхьщ ди адыгэ уанэ, адыгэ щхьэнтэ зытелъыр. Апхуэдэ уанэм шур быдэу ­иIыгъщ, шым хуиту тезэгъауэ. Къапщтэмэ, илъэс мин бжыгъэ тхыдэ иIэщ абы, нобэр къыздэсми щIэупщIэ иIэщ, фIы дыдэу къалъытэри. 
Ди адыгэ щIыналъэхэм хъыбар гъэщIэгъуэнхэр щаIуатэ шым теухуауэ. Псалъэм папщIэ, Тызыл аузым узэпрыкIыу щытмэ, Уафэбгыкъу (Къэнжал) уолъагъу. Псоми дощIэж илъэс 300 ипэкIэ абдеж щекIуэ­кIауэ щыта зэхэуэ гуащIэр. А зауэм адыгэ­хэм я дэIэпыкъуэгъу нэхъыщхьэу щытар шыхэращ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ап­хуэдэ лъагапIэм дэкIуеифын шы лъэпкъ куэд дунейм теткъым. Ди текIуэныгъэр зи фIы­щIэр адыгэлIхэм я закъуэкъым, атIэ а лъагапIэ задэм дэзыша шыхэми къагъэлъэгъуа зэфIэкIырщ. 
Тхыдэм ухэплъэу щытмэ, япэ дыдэу узрихьэлIэ шы лъэпкъыр «хуарэ» жыхуаIэращ. Нарт эпосым къыхощ ар IупщIу, Бэтэрэз и шыр хуарэщ, жиIэу. Хуарэ шы лъэпкъыр гупиплIу ягуэшу щытащ икIи ­зэманыр кIуэху абыхэми захъуэжырт. ­Хуарэм и ужьым иту «щолэхъу» шы лъэп­къыр къэунэхуауэ щытащ. Щолэхъум ­теухуауэ хъыбар хьэлэмэти уэрэди щы­Iэщ, КъардэнгъущI Зэрамыку итхыжауэ. 
Шы гуартэр куэд хъуа нэужь, зэ­хэ­мызэрыхьын папщIэ, Iэмал имыIэу дамыгъэ трагъауэрт, шым и куафэм шэсыпIэ лъэныкъуэмкIэ хуэзэу. А тегъэуэкIэми ­хабзэ иIэт. Хуабэ хъуауэ, ауэ иджыри ба­дзэр къэмыхъеяуэ, къуажэм дэс цIыхухъу­хэр зэхуэсырт, ныш яукIырти, джэгу ящIырт. ЩызэхэкIыжкIэ, шыхэм дамыгъэ трагъауэрт. 
Адэм и ныбжь нэсарэ, и шы гуартэр и ­къуэхэм ятригуэшэжын хуей хъумэ, лъэпкъ дамыгъэм хуабжьу ещхьу, ауэ зыр зым тIэкIу къытещхьэхукIыу зэшхэм къалъыса шыхэм дамыгъэ трагъауэрт. Абы къыхэкIыу, зы шы лъэпкъым и дамыгъэм зэхъуэкIыныгъэ игъуэтырт, теплъэ зытIущ, уеблэмэ плIы-тху иIэу. 
Мыпхуэдэ къырым къыщыхъуа шыхэр, нал щIэмылъми, гугъуехьыншэу мывэхэм пхокIыф. Апхуэдэшхэр кIуэ пэтми нэ­-хъыфI мэхъу, заузэщI. НобэкIэ диIэ лъэп­къыр, илъэс мин бжыгъэкIэ узэIэ­бэкIыжмэ щыIахэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыфIу жыпIэми, ущыуэну къыщIэкIынкъым. Ди щIы­налъэхэм къыщыхъуа шыр лъакъуэ кIыхь хъункIэ Iэмал яIэкъым. Адыгэхэм ап­хуэ­дэшхэм щхьэкIэ «бжэ­Iупэш, хьэгъуэлIы­гъуэш» жаIэу щытащ, икIи щIэупщIэ яIэтэкъым. Нэхъыбэу щIэ­упщIэ зиIар гъуэгуанэ кIыхь зэпы­зы­чыф­хэмрэ жэнымкIэ бэ­шэчхэмрэт. Иджыпсту ди къырхэм къыщагъэхъур апхуэдэшщ. 
Адыгэшыр хьэтхэм деж къыщежьауэ къалъытэ. Хьэтхэм хуэдэу а зэманым къэралыгъуэ лъэрызехьэ зыбжанэ щыIащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Вавилон, Мысыр, Ассирие, Шумер. Абыхэм шым мы­хьэ­нэшхуэ ирату, бгъэдыхьэкIэ зырыз яIэу щытащ. ГъэщIэгъуэнращи, мы кIуэдыжа къэралыгъуэхэм къащIэна шыхэмрэ ди адыгэшхэмрэ куэдкIэ зэщхьщ, зэтохуэ. Ар телъыджэщ. Псом хуэмыдэу, Испание ип­щэм, Андолузием, шы хьэлэмэт дыдэхэр щыIэщ. Ахэри ди адыгэшым хуэдэу, лъэрызехьэщ, гуащIэщ, я щхьэр къэрэкъэшщ. КIэщIу жыпIэмэ, я шыфэлIыфэ­кIэ ди шы лъэпкъхэм хуабжьу ещхьщ. Андалуз лъэпкъыр нэхъ жьы дыдэхэм ха­-бжэ.
Шымрэ шумрэ зэпхауэ, а тIур зым хуэдэу, лIым зыгуэр и щхьэм къихьамэ, шым псэкIэ къищIэрэ, игъэзащIэу щытащ. ЛIыр пщэдджыжьым жьыуэ шым шэсрэ, пщыхьэщхьэ хъуху зэгъусэу махуэр кIуамэ, а тIур зэгурымыIуэнкIэ, зэ­мы­сэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Шым и тхьэ­кIу­мэхэм фIы дыдэу зэхах, жыжьэу къэIу макъыр цIыху тхьэкIумэм къимыцырхъэ щIыкIэ шым къеубыд. Абы и зыщIыкIэмкIэ, и зыгъэхъеикIэмкIэ куэд дыдэ къыб­гуригъэIуэфынущ. Псалъэм папщIэ, мэ­зым ущыщIэткIэ, шым и тхьэкIумэ сэ­мэгур мащIэу игъэхъеймэ, а лъэныкъуэмкIэ Iэуэлъауэ гуэрхэр щыIэу аращи, а щIы­пIэр бгынэн зэрыхуейм ар и нэщэ­-нэщ. 
Гуартэм къыщекIуэкI хабзэхэри гъэщIэгъуэнщ. Псалъэм папщIэ, шыщIэ къалъ­хуам зэрыгуартэу кIэлъоплъ, яхъумэ. Хамэ къахыхьамэ, зыр зым зэрыдэIэпыкъу­ным хущIокъу, зэкъуэтщ. Псом нэхърэ ­нэхъыщхьэр - гуартэм дыгъужь къы­зэ­ребгъэрыкIуэм хакIуэм и чэзум гу лъитэ­нырщ. Абы гу зэрылъитэу, хакIуэпщIэр зэ­хуехус, шыщIэхэр гуартэм и кум хагъэувэ, шыбзхэр и хъуреягъэм къоувэкI, щхьэж и шыщIэм бгъуроувэри, дыгъужьхэр зы­кIэ­лъэщIамыгъэхьэну, щIопхъуэ. ХакIуэмрэ шыщIэ зимыгъусэ шыбз бгъэхэмрэ иужь зыкърагъанэри, дыгъужьхэмрэ хакIуэп­щIэмрэ я зэхуакум блыну доувэ. Дыгъужь­хэр гъунэгъу щыхъукIэ, ахэр къызэуэ­кIыурэ, хакIуэпщIэр фIыуэ япэ ирагъэщ. ИтIанэ, гуартэр жыжьэу ягъэIэпхъуа нэ­ужь, езыхэм зрачыжри, дыгъужьхэр зыкIэ­рагъэхупэ. 
Шыхэр икъукIэ псэущхьэ губзыгъэщ. ­Зэманыжьым абрэджхэмрэ шыхэмрэ ­щы­тыкIэ гъэщIэгъуэнхэр ягъэлъагъуэрт. Псалъэм папщIэ, абрэджыр яубыдыну ­къаувыхьамэ, хэкIыпIэ имыIэжмэ, и шым уанэр трихырт, хуит ищIырти, губгъуэм ириутIыпщхьэжырт. Езым уанэр и блэгущIэм щIилъхьэрти, мэзым зыщигъэпщкIурт. Дауи, губгъуэм ит шым и ужь иувэрт пхъэрыр. Мо уанэ зытемылъ, зи щIы­быкум цIыху имыс шыр нэхъ псынщIэу япэ ищырт, зейр здэщыIэ щIыпIэм бийр ­Iуишырт, игъэгъуащэрти, езым мэзым ­къигъэзэжырт. Пхъэрыр абрэджым и лъэужь лъыхъуэу губгъуэм итыху, мыд­рейр хуиту бауэу ежьэжырт. Апхуэдэшым зейм фIэкIа нэгъуэщI зы цIыху зыбгъэдигъыхьэртэкъым, къыпхуэубыдынкIи Iэмал щыIэтэкъым. 
Шы гуартэм укIэлъыплъмэ, хьэлэмэт куэдым гу лъыботэ. Псалъэм папщIэ, цIыхухэм хуэдэу абыхэми яхэтщ щхьэхы­нэ, зыбгъэпсэхуну укъызэрыувыIэу зан­щIэу зезыгъэхуэх, псы щхьэкIэ лIэрэ зэ­рыхуэмыхьыжыр наIуэ пщызыщI. Ап­хуэ­дэуи гъунэжщ я щхьэр лъагэу Iэтарэ, я фэр лыдыжу, гуартэм и пэ ит зэпытрэ, ­хъупIэ къилъэгъуамэ, жэрэ ар зищIысыр зригъащIэрэ, къэсыжу. Апхуэдэхэращ ­гуартэм къыханэу илъэситхукIэ хагъэтыр. 
Куэд щIоупщIэ, шым сыт егъэшхын ­хуейр жаIэри. Тэмэмыр шым зыри иумыгъэшхынырщ. Ар губгъуэм ибутIыпщ­хьэмэ, езым и шхыныр къигъуэтыжыфу щытын хуейщ. Аращ абы сэбэп хуэхъунури, зыхуэныкъуэри. 
Адыгэ тхыдэми IуэрыIуатэми IупщIу ­къахощыж зауэлIымрэ шымрэ я зэхущытыкIэр. Псалъэм папщIэ, зауэлIыр уIэгъэ хъуарэ, и гуащIэр хэщIамэ, шыр щIым тIысырт, лIыр и щIыбым иригъэгъуалъ­хьэрти, унэм къишэжырт. Е, шур гъэр ­хъуамэ, шым унагъуэм къигъэзэжырти, тесар къызэрагъуэтыну лъагъуэм утри­шэрт. 
Адыгэбзэм хэтщ лъабжьэшхуэрэ мы­хьэнэ инрэ зиIэ псалъэ дахэ - «шы­фэ­лIы­фэ». Абы къеIуатэ адыгэм и гъащIэм шым щиубыду щыта мыхьэнэр зыхуэдизыр.

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: