ФIыкIэ узыгъэгугъэКIуэкIуэ Казбек «Газпром» акционер зэгухьэныгъэм (ПАО) и департаментым и унафэщI Марков Владимиррэ «Газпром межрегионгаз» ООО-м и тхьэмадэ Густов Сергейрэ яхуэзащ. Ахэр тепсэлъыхьащ 2021 - 2025 гъэхэм ятещIыхьа программэм ипкъ иткIэ республикэм газыр щызэлъэгъэIэсынымкIэ щрагъэкIуэкI лэжьыгъэр зыхуэдэм. Къэдгъэлъагъуэмэ, 2022 гъэм къриубыдэу Тэрч районым щаукъуэдиящ газ зрикIуэ бжьамиишхуэу къуажэ зэхуакухэр зэпызыщIэр, къагъэсэбэпар зыхуэдизыр къэзыгъэлъагъуэ Iэмэпсымэхэри щIыпIэ зыбжанэм щагъэуващ. Мы илъэсым я мурадщ газыр зэзыгъэзахуэ станцхэм ящыщу 9-р къагъэщIэрэщIэжыну, ар зэбгрызыш бжьамийхэм зы къыхагъэхъуэну.
Поделиться:
Читать также:
29.03.2024 - 10:28 →
КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
26.03.2024 - 09:04 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
23.03.2024 - 15:54 →
КъБР-м и Iэтащхьэм и зэIущIэхэр
23.03.2024 - 13:31 →
Зэлэжьынухэр ягъэбелджылы
22.03.2024 - 17:00 →
Урысейр зы унагъуэ бжьыфIэшхуэм хуэдэу
|