ИлъэсыщIэм и япэ тхылъ тыгъэ![]() Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэр илъэсыщIэ махуэщIхэм зыхригъэлъэсакъым, щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр къызэщIэзыубыдэ тхылъ купщIафIэхэр игъэхьэзыру екIуэкIащ. «ЩоджэнцIыкIу Алий и тхыгъэхэр джыным ехьэлIа щIэныгъэ Iуэхугъуэхэр» («Актуальные проблемы шогенцуковедения») фIэщыгъэр зыгъуэта тхылъыщIэмкIэ хишащ тхылъ тедзапIэм 2023 гъэм къыдэкIыну тхылъхэм я гъуэгур. ЩIэныгъэ къыдэкIыгъэ хьэлэмэтыр зэхигъэуващ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, ЩоджэнцIыкIу Алий и Фэеплъ музей-унэм и хъумакIуэ Щак1уэ Марьянэ. ЩIэныгъэрылажьэм емышыжу илъэс бжыгъэ Iэджэ хъуауэ усакIуэм и гъащIэмрэ и литературэ щIэинымрэ едж, къехутэ, зэрегъэзахуэ. Адыгэ литературэм и зэхэублакIуэ хъуа усакIуэшхуэм и IэдакъэщIэкIхэм ехьэлIауэ ЩакIуэ Марьянэ тхылъ зыбжанэ къыдигъэкIащ, пщIы бжыгъэкIэ тхыгъэхэр и къалэмыпэм къыщIэкIащ.
Поделиться:
Читать также:
11.05.2026 - 15:18 →
ЩIэуахътыншэри аращ
09.05.2026 - 10:07 →
ЛIэщIыгъуэкIэ лIакъуэхэм зэIэпах
04.05.2026 - 17:59 →
Лэжьыгъэм пащэ
03.05.2026 - 10:44 →
«Джэдыкъуэ Плъыжьым» и шыгъэжапIэм
26.04.2026 - 10:24 →
Къуэш зэрыгъэхъуащ, унагъуэкIи зэкIэлъокIуэ
| ||





