Пщыгъупщэ хъунукъым

Совет зауэлIхэм Сталинград деж щекIуэкIа зауэ хьэлъэхэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр къызэрыщыхагъащIэрэ мы махуэхэм илъэс 80 ирокъу. ЦIыхум хуэмыхь бэлыхь ирокъу ди щIалэхэм а махуэхэм я фэм дагъэхуар, щыщIэныгъэу ялъэгъуар, лъы нэпсу щIагъэкIар. Ауэ я щIыб къыдэлъ лъапIэныгъэхэм я псэр игъэпIэжьажьэрт, къапэплъэ я унагъуэхэм я гуащIэр къызэщIагъаплъэрти, я лъэр щIэхуакъым, бийм пэщIэтащ, Хэкум и щыжакIуэ пэжу къэнащ.

БлэкIар зыщыгъупщэм и нобэр хъатэкъым, къэкIуэнури фIым хуэзэнкIэ фIэщщIыгъуейщ. Къэралми, абы хиубыдэ хэгъэгухэми мы махуэхэм ягу къыщагъэкIыж Сталинград деж щекIуэкIа зауэ хьэлъэр, абы хэкIуэда игъуэнэмыс щIалэхэр, щагъэлъэгъуа хахуагъэр. Нобэ хуэдэ махуэхэращ абыхэм ятелъа бэлыхьмыгъуаехэр нэхъ щызыхэпщIэр, ар пщыгъупщэ хъунухэм зэращымыщыр къыщыбгурыIуэр. Ар хэплъагъуэрт Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щеджэ щIалэгъуалэм иригъэкIуэкIа фэеплъ пэкIум щыIа щытыкIэм, яхэлъа пIейтеиныгъэм.
Щыхьэрым дэт еджапIэ нэхъыщхьэм и пщIантIэм дэтщ абы щеджахэмрэ щылэжьахэмрэ ящыщу Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъ уардэ. Абдеж щекIуэкIа пэкIум хэтащ КъБКъУ-м и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ, еджапIэм егъэджэныгъэ, щIэныгъэ, гъэсэныгъэ лэжьыгъэр къыщызэзыгъэпэщ къудамэхэм я унафэщIхэр, КъБКъУ-м и Ветеранхэм я советым хэтхэр, егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр.
- Мазаем и 2-р Хэку зауэшхуэм и тхыдэм щыщу лIыгъэкIэ гъэнщIа зы напэкIуэцI щIэрыщIэу къыдэзыгъэгъэдзэкIыж махуэщ. Совет зауэлI хахуэм и фэеплъ махуэщ. Илъэс 80 хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, Дзэ Плъыжьым дуней псом и фIэщ ищIащ къикIуэт жыхуаIэр зэримыщIэр, и псэр хилъхьа папщIэ, бийм лъэгущIыхь зэрызримыгъэщIынур. Сталинград деж щекIуэкIа зэхэуэр Хэку зауэшхуэм къэгъэнауэ, ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и екIуэкIыкIэм зыкъезыгъэгъэза тхыдэ къэхъукъащIэщ. Сталинград зауэм хуэдэ XX лIэщIыгъуэм къэхъуакъым, абы щызэпэщIэува лъэныкъуитIым я бжыгъэм гъунэгъуу екIуэлIа зауэзэрылI зыщIыпIи къыщыхъуакъым. 1942 гъэм бадзэуэгъуэм и 17-м къыщегъэжьауэ 1943 гъэм мазаем и 2 пщIондэ зэпымыууэ щекIуэкIащ Индыл Iуфэ деж нобэ Сталинград зауэкIэ дызэджэ къэхъугъэр. Нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ абы зи щхьэ хэзылъхьа щIалэхэм, лажьэншэ цIыхухэм, сабийхэм я бжыгъэр. Кавказым и хъугъуэфIыгъуэхэр зыIэщIалъхьэн щхьэкIэ цIыхупсэр аркъудей хъымпIар зымыщI нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм ягъажэ лъыр яфIэмащIэу, ухуэныгъи, псэуалъи, гъэтIылъыгъи къимыгъанэу мафIэ яридзырт, къэбгъазэу зыщумыузэщIыжын хуэдэу лъапсэкIуэдыр къахуигъакIуэрт. Апхуэдэу щыт пэтми, советыдзэр нэхъ лъэщу къыщIэкIащ. Бийм а щIыпIэм зыкъыщимыужьыжын хуэдэу ар лъэгуажьэмыщхьу игъэтIысыхункIэ Дзэ Плъыжьыр къикIуэтакъым. Ди щIыналъэр къапщтэмэ, адыгэрэ балъкъэру, мы лъахэм къыщыхъуауэ нэгъуэщI лъэпкъ къыхэкIа ди хэкуэгъуу а зауэм цIыху мин бжыгъэхэр хэтащ. Ар зылъэмыIэса унагъуэ куэд щыIэкъым. Политикэ и лъэныкъуэкIи, дунейпсо зэхэтыкIэ и лъэныкъуэкIи мыхьэнэшхуэ зиIа а зауэм ди жылэр пщIэрэ щхьэрэ иIэу къыхэкIащи, ар къытхуэзызэуа ди адэжьхэм яхуэфащэу дыщытын зэрыхуейм аркъудей шэч хэлъкъым, - жиIащ КъБКъУ-м и Ветеранхэм я советым и унафэщI Шурдым Хьэсэн.
Апхуэдэу Шурдымым къыхигъэщащ Сталинград щекIуэкIа зауэм иужькIэ хамэ къэрал унафэщIхэм ди хэкум къыхуаIэ щытыкIэм зэрызгъэхъуэжар, и псалъэм уасэ иIэрэ и Iуэху еплъыкIэм пщIэ хуащIу зэрыхъуар.
КъБКъУ-м и къудамэхэм я студент икIи щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм, ныбжьыщIэхэм ехьэлIа пэхуэщIэхэмрэ программэхэмрэ, щIалэгъуалэ политикэмрэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ Центрым и унафэщIым и къуэдзэ, жылагъуэ-гуманитар институтым и аспирантурэм щеджэ Хуторская Елизаветэ и къэпсэлъэныгъэр кIыхьтэкъым, ауэ гущIэм зыпхидзырт: «ЩIалэгъуалэм ди хьэкъщ лIыхъужьыгъэкIэ гъэнщIа ди хэку тхыдэр тщIэну. Ауэ псалъэр хурикъуну пIэрэ а фэеплъыр хъумэным? Зы унагъуэ щыIэу къыщIэкIынкъым абы исхэм я зэхуаку хуабагъэ гуэр имылъу, зым и Iуэху щхьэкIэ адрейр хуэмыгузавэу. Унагъуэм исхэм щхьэкIэ дэтхэнэми и гум увыIэпIэ зэрыщигъуэтым хуэдэ дыдэу, къысщохъу Хэку зауэшхуэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэри гум имыхужу илъын хуейуэ. ХэмыкIуадэу къигъэзэжами, и адэжь унэ къэмыкIуэжу и щхьэр зауэм хилъхьами, дэтхэнэми дэр щхьэкIэ лъы игъэжащ: жэщкIэ нэпс щэхур и Iыхьлыхэм щхьэкIэ щIигъэкIыу, махуэкIэ пщIэнтIэпсыр ирикъуэкIыу бийм и шэ цIывам пэщIэту. Дауэ ар зэрыпщыгъупщэнур, дапхуэдэ щIыкIэкIэ ар гум зэриптхъыкIыжынур? Ди адэшхуэ-анэшхуэхэр зыхэта гуIэгъуэм и джэрпэджэжыр иджыри зэпыуакъым, а гузэвэгъуэр дэрэ къытщIэхъуэхэмрэ къытлъэмыIэсын щхьэкIи зэпыугъуэ еттынкIи Iэмал иIэкъым. Тхыдэр дерсщ».
Сталинград деж щекIуэкIа зауэм теухуауэ къэпсэлъащ КъБКъУ-м информацие технологиехэмрэ экономикэмкIэ и колледжым тхыдэр щезыгъэдж Хочуев Абдулыхь. Абы зэрыжиIамкIэ, цIыху мелуанрэ ныкъуэм хуэдиз совет зауэлIхэм я щхьэхэр халъхьащ а зауэм. «Бийм пэщIэт советыдзэм и Iыхьэ плIанэ хъу а бжыгъэшхуэм гум зыпхедз, ауэ абы къегъэлъагъуэ апхуэдэ щIэпхъаджагъэ къэмыхъун папщIэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэм гулъытэ хэха хуэщIын, щIэблэр зэпымычу щапхъэ зытрихын къэхъугъэхэмрэ лIыфIхэмрэ я тхыдэм щIэпIыкIын зэрыхуейр», – жиIащ Хочуевым.
Хэку зауэшхуэм хэкIуэда щIалэхэм я фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьа нэужь, Шурдым Хьэсэн абыхэм зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуэну къызэхуэсахэр къыхуриджащ. КъБКъУ-м урысыбзэмрэ бзэщIэныгъэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, профессор Башиевэ Светланэ игъэхьэзыра «КъБКъУ-м и полк уахътыншэ» зи фIэщыгъэ тхылъым и Iэрытхым къыщыхьащ Сталинград зауэм хэтауэ а лъэхъэнэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым ЕгъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр институту щытам щеджа икIи щылэжьа щIалэхэм я цIэ-унэцIэхэр.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: