Савмак хьэмэрэ Щауэмахуэ?

ЩIэныгъэр щыхьэт тохъуэ адыгэхэр пасэрей щынд-мэуэт лъэпкъыжьхэм къазэрытехъукIам. Ахэр хы ФIыцIэмрэ Iузэврэ я Iуфэм екIуэкIыу Iусащ, Темэн хытIыгуныкъуэри къызэщIиубыдэу. Ди лъэхъэнэм ипэкIэ 480 гъэхэм Ахынрэ МыутI гуэлымрэ (хы ФIыцIэмрэ Iузэврэ пасэрейм зэреджэу щытар аращ) зэпызыщIэ тIуащIэм къыдэтIысхьауэ щытащ алыдж лъэпкъхэр. Хуэм-хуэмурэ абыхэм къызэрагъэпэщат адыгэ лъэпкъыжьхэм ныкъуэкъуэгъу къыхуэхъуа Боспор къэралыгъуэр.

Нобэ Керч фIэщыгъэцIэм щIэту тцIыху къалэм а зэманым Пантикопей фIащауэ Боспорым и къалъащхьэт, унафэр зыIэщIэлъри Спартокидхэрат. Ахэр зауэлI лъэпкъ хахуэу къыщIэкIри, къуэкIыпIэмкIэ Iэбэу щIадзащ, адыгэ лъэпкъыу мэуэтхэмрэ щындхэмрэ щыпсэу щIыналъэхэр яубыдыну къебгъэрыкIуэу. Щындейм и фIэфIыныгъэкIэ Боспорым гухьащ, ауэ мэуэтхэр ерыщт. Абыхэм я зэпэщIэтыныгъэр куэд щIауэ къэгъуэгурыкIуэрт, пащтыхьхэмрэ пщыжьхэмрэ захъуэжми, зауэр зыри кIащхъэ мыхъуу. Апхуэдэхэм деж зэпэщIэува пщитIым я бынхэмкIэ зэхъуэжэрт, анэмэту ятырт, зэрымыщIэкIэ зыр адрейм темыуэн папщIэ, благъэ зэрыгъэхъу хуэдэу.

Къапщтэмэ, ари сэбэп хъущэтэкъым, сыту жыпIэмэ, зауэ зэпымыухэм алыджхэр нэрылъагъуу нэхъ къарууншэ ящIат.

Зэгуэр, Боспорым и тепщэ Перисад Етхуанэмрэ понтым ипщ Митридат Еханэмрэ зэхуэзат, я зэдэлэжьэныгъэр зэрырагъэфIэкIуэнум тепсэлъыхьыну. ЗэгурыIуэныгъэхэр тэмэму зэфIэкIмэ, щхьэхуимыт пщылIхэр къэзыщэху-зыщэж сатуущIэхэм я Iуэхур ефIэкIуэну щыгугъырт. ЗэIущIэр зэхашагъащIэу Боспор къэралыгъуэм и щхьэхуимытхэм зыкъаIэтри, щIыналъэм хьэргъэшыргъэ къыщыхъуащ, Перисадыр яукIащ, Понтым и лIыкIуэ Диафант дзэпщым Херсонес зыщигъэпщкIуащ. Апхуэдэу, Боспор Кърымым щиIэ щIыналъэм и тепщэ хъуащ зыкъэзыIэта пщылIхэм ящыщ Савмакыр. Ар бжьыпэм илъэсым щIигъукIэ тетауэ, Диафантым къигъэзэжащ Митридат и дзэр къыздишэри. Савмакыр яубыдри,  Понтым ирагъэшащ, абы и унафэ щащIыну.

А къэхъугъэр СССР-м и тхыдэм къыхэнэжащ и щIыналъэм «щхьэхуимытхэм япэ дыдэу зэрызыкъыщаIэтар» жыхуиIэу. Хъыбарыр нобэм къыщIэсыжари Диафант дзэпщым фэеплъ абрагъуэ Херсонес щыхуаухуати аращ. А фэеплъым тедзащ мыпхуэдэу: «Боспорым зыкъыщызыIэта пщылIхэр зыгъэужьыхыжа, Херсонес скифхэр изыхужа дзэпщ Диафант». Тхыгъэм къызэрыхэщыжымкIэ, Савмак скифт, боспор пащтыхьым анэмэту къратауэ арат.

Хэт Савмак хъужыр? Хэт ар зи къуэр? Сыт и цIэм къикIыр? Алыджхэр «скифкIэ» еджэу щытащ мыалыдж лъэпкъыу хы Iуфэм Iус псоми. Абы тепщIыхьмэ, Савмак е мэуэтт, е щындт. Щынд-мэуэт лъэпкъхэр зэрыпсалъэу щытари нобэрей адыгэ-абазэ лъэпкъхэм лъабжьэу яIа хьэтыбзэрщ. Ауэ щыхъукIи, ди лъэхъэнэм ипэкIэ 107 гъэм Боспор къэралыгъуэр игъэкIуэдыжыну яужь ихьа щхьэхуимыт хахуэми и цIэр Шумахуэт е Щауэмахуэт. АпхуэдэцIэхэр Ахынрэ МыутIрэ я Iуфэм зэрыщыкуэдми, алыджыбзэм къызэрырагъэтIэсами, я бзэ дыдэкIэ нэгъуэщIу къызэрапсэлъми щыхьэт тохъуэ Рогавэ Георгий и лэжьыгъэхэр.

 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: