Зэреджэм ехьэлIауэ

Мы псым адыгэхэм «Лэскэн», осетинхэм «Лескены дон» хужаIэ. КъыщыщIидзэри Тэрч сэмэгу лъэныкъуэмкIэ щыхэлъэдэжри Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэр арами, икухэм хуэзэу иджырей Осетие Ищхъэрэ - Аланием и щIы кIапэми пхрож. «Къырылъэ шытх» зыхужаIэу Кавказ къуршхэм яхэт лъагапIэ екIуэкIым ищхъэрэкIэ гъэза и джабэ нэкIухэм зыщызэхуехьэс, километр 59-рэ и кIыхьагъщ. И тIуащIэм Анзорей, Лэскэн ЕтIуанэ, Ерокъуэ, Лэскэн Езанэ (мыр осетин жылэщ, здэщыIэ щIыпIэм I864 гъэм ирагъэтIысхьащ), Лэскэн Ипщэ къуажэхэм зыдаубгъуащ.

Нэхъыбэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, фIэщыгъэр осетинхэм я бзэм къытехъукIащ. ИтIани, аркъудейм теухуауэ Iуэху еплъыкIэу щы щыIэщ. Япэр зэхьэлIар осетинхэмрэ адыгэхэмрэ я щIыналъэхэр щызэпыхьэм деж узыщрихьэлIэ щIыпIэцIэхэм ящыщ гуэрхэм «ск» («лдск») жыIэкIэр зэрыхалъагъуэрщ, зэпхыжауэ къалъытэри нэгъуэщIым и Iэщым пIалъэ гуэркIэ щыкIэлъыплъкIэ, щIэжьейуэ къащIэхъуэм и зы Iыхьэ, зэрызэгурыIуам тету, пщIэ папщIэу къыIахыжу зэрыщытарщ. ЕтIуанэ Iуэху еплъыкIэр къызыхэкIар осетинхэм я «лашкэ» псалъэу «захуэ», «джафэ» мыхьэнэхэм хуагъакIуэрщ. Ещанэ егупсысыкIэр къызыхахар осетинхэм бдзэжьей лъэпкъыгъуэхэм ящыщ зым "ласаккун" псалъэмкIэ зэреджэрщ, я нэхъыжьхэм къызэраIуэтэжымкIи, а лIэужьыгъуэм щыщу куэд дыдэ Лэскэн псым хэсу зэрыщытарщ.

ПсыцIэм и къэхъукIэм ехьэлIауэ нэгъуэщI Iуэху еплъыкIэхэми уарохьэлIэ. Апхуэдэу, Шэшэн Республикэм щыщ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Чокаев Къаты зэригъэувымкIэ, шэшэн-мышкъышхэм бдзэжьейм хужаIэ «лещ» псалъэм «ка» пычыгъуэу «зыгуэрым хуэгъэза» мыхьэнэр къызэрыкIыр пыдгъэувэжмэ, «бдзэжей нэхъ здэщыIэ» егупсысыкIэм хуэдгъакIуэ хъунущ.

Лэскэныпсым гуэж цIыкIухэри иIэщ, адэкIэ-мыдэкIэ къыщIэж псынэхэри къыхолъадэ. Иужьрейхэм ящыщщ Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм ипщэкIэ (Ерокъуэ унэмысыпэу, ныджэмкIэ дэбдзыхмэ) цIыхухэм зыгъэпсэхупIэ щIагъуэ яхуэхъуа, «Дзэл-къэб» зи фIэщыгъэ лъапэрытым деж щIым къыщызыпхива псынэ гуэрэн телъыджэхэри.  

Анзорей ЦIыкIу (Лэскэн ЕтIуанэ) и Iэшэлъашэм щежэх Лэскэн псым сэмэгу лъэныкъуэмкIэ дех щIы кусэу «ныджэ» (къуажапщэм дэсхэм «псыхъуэныджэ») зыхужаIэр къуажэдэсхэм я Iэщыр махуэкIэрэ щаIыгъ хъупIэщ. Абы гектар 250-м нэблагъэ къызэщIеубыдэ, «ПсыIэрышэ» зыфIаща и къуэпсыр и гъунапкъэщ.

БЭРАУ Бышэ.
Поделиться: