Нэфисэт гуащэ

Тхыдэм къыхэнащ адыгэ бзылъхугъэ куэдым я гъащIэм и къекIуэкIыкIар. Абыхэм ящыщ зым теухуа хъыбар гъэщIэгъуэн итхыжащ Къалмыкъ Аднан. 

Нэфисэт Кавказым хъыджэбз цIыкIуу ирашат. «Нэфисэт Iумахуэ», «Мурад и щхьэгъусэ Нэфисэт», «Къулейхэм я къулеиж», «Адыгэ пащтыхьхэм я анэ» – а цIэхэмкIэ щыIуащ Нэфисэт гуащэ Мысырым. Къыщалъхуа щIыпIэм и пэжыпIэр ящIэркъым: хэт Анатолэу етх, хэти – Кърымыр, хэти Кавказрауэ жеIэ. Дахэу зэрыщытар псоми я япэ псалъэщ. Пащтыхь Алий Бэч Ин тыгъэ хуащIри, иужькIэ щхьэгъусэу къишэжащ. Езым и пщIантIэм дэт цIыхубз гупым яхишщ, Езбэчхэ я хьэблэкIэ зэджэ щIыпIэм щаухуауэ щыта хыжьей дахэм хэплъэу чэщанэ хуригъэщIри, абы щIигъэтIысхьащ. 
Езбэч хьэблэ хъужыр Мысырым и къалащхьэ Каир дэт хьэблэжьхэм ящыщ зыщ. Ар зыухуауэ щытар ТIытIыхъу и къуэ Езбэч Сейфудинщ. Сейфудин пащтыхь Темырыбгъи Къэитбеи я лъэхъэнэхэм дзэпщу щытащ. Къэитбей и тетыгъуэм, 1475 гъэм щыщIидзэм, и мурадыр пщы Езбэч игу ирихьри, Нилым хэша псыкIэ хыжьей ищIащ, жыгхэр хисащ, удз гъэгъахэр игъэкIащ. 1477 гъэм хыжьейм мэжджыт екIу, чэщанэ дахэ IуищIыхьащ. Зэманым декIуурэ Езбэчхэ я хьэблэм зиужьащ, абы чэщанэ дахэхэм нэмыщIауи, сэрей лъагэхэмкIэ къэхухьауэ унэшхуэхэр дэтащ. 
Алий Бэч Ин зауэм щыхэкIуадэм, 1773 гъэм Нэфисэт гуащэр абы и дзэпщу щыта Мурад Бэч (Мурад-бей) къишэжащ. ЖыIэпхъэщ Нэфисэт и щхьэгъусэу щытам къыщIэна псори езымрэ зыдэкIуа Мурадрэ къазэрыхуэнар. Абы къыщIэнат чэщанэ зыбжанэ, сату щIапIэ куэдхэр, мин 400 зи бжыгъэ дзэ зэгъэпэща, Нилым щызекIуэ кхъухьхэр, цIыхубз гъэру 56-рэ. Нэфисэт къыхуэна мылъкум хигъэхъуа фIэкIа хигъэщIакъым, Каир и дыхьэпIэхэм щыщ ЗуелэкIэ зэджэм деж 1796 гъэм цIыхубэм псы ефапIэрэ еджапIэрэ яхуищIауэ щытащ. Псы ефапIэр мраморкIэ дэщIеят, Нэфисэт и щытхъуу усэ сатыриплI тетхауэ: 
ФIыщIэ хуэфащэщ псы ефапIэ зыщIам. 
И теплъэр дахэщ, гур зэлъыIуех. 
Псы къижыр, Евфрат псыуэ, къабзэщ, 
Нэфисэт ищIа тхьэщIагъыр ди гум имыхунщ. 
Псы ефапIэр зыхэт блыным щхьэгъубжищ хэлът. Ар щащIам щыгъуэ Каир къалэ апхуэдэ 300 дэтащ, иджыпсту дэтыжыр 70 къудейщ. Абыхэм нэмыщIауи, Нэфисэт къалэм дищIыхьат хьэмэмитI, цIыхур абы щIыхьэрэ зигъэкъабзэу. ЗэрыжаIэжымкIэ, Нэфисэт кIасэу зригъэщIэжа хьэрыпыбзэмкIэ еджэрт икIи тхэрт, къыдалъхуа бзэм хуэдэу. Абы ищIэрт тыркубзэри франджыбзэри. Джэбэрти тхыдэджым зэритхыжымкIэ, Нэфисэт и щхьэгъусэ Мурад хуэарэзытэкъым, Европэм къикIа сатуущIхэм налог куэд зэратрилъхьэм щхьэкIэ. Арауи жеIэ щхьэусыгъуэ хуэхъуар Франджым и дзэр Мысырым къришэнымкIэ. 
1798 гъэм бадзэуэгъуэм и 21-м пирамидэхэм деж щекIуэкIа зауэм Мурад и дзэр Наполеон ейм щыхигъэщIащ. Мурад Суданыр щтапIэ ищIащ, Нэфисэт Каир къыдэнащ, зэрыпхъуакIуэ къихьам цIыхубэр ящихъумэну, и лъэпкъэгъу адыгэхэм къащхьэщыжыну, иIэ мылъкушхуэр бийм IэщIимыгъэхьэну. Ар къалэн тынштэкъым цIыхубзым игъэзэщIэну, ауэ ар гугъуехьхэм пэщIэтащ, дипломат Iэзагъэ хэлъу. 
Нэфисэт цIыхубз дахэт, щIэныгъэ бгъэдэлът, адыгэ гуащэм хэлъын хуей хьэл телъыджэхэр хэлът, цIыхубэм фIыуэ къалъэгъуат, бгъэдэлъ мылъкум щымысхьу зэрыпсапащIэм щхьэкIэ. Каир дэс унагъуэ хуэмыщIахэм мазэ улахуэ яхуигъэувауэ яритырт. Нэфисэт и чэщанэм и хьэщIэщыбжэр сыт щыгъуи зэIухат, щIэныгъэлIхэр щызэхуэсу, абы щызэдауэхэу, щызэчэнджэщу. 
 Франджым и дзэ Мысырым ихьам, зи пащтыхьыгъуэр икIа адыгэхэм я щIэблэхэр зэхэзехуэн ящIащ, псом хуэмыдэу цIыхубзхэр. Нэфисэт а цIыхубзхэм ящхьэщытащ лей къатримыгъэхьэу. Ар тынштэкъым зи щхьэгъусэр щIэпхъуэжа цIыхубзым дежкIэ. Абы ищIыIужкIэ, мылъку къыхуэнари зехьэн хуейт. Абы и гущIэгъур зыхащIащ Наполеон и зауэлIхэми - абыхэм ящыщ уIэгъэ хъуамэ, и чэщанэм щеIэзэрт. 
Наполеон Мысырым щикIыжым, ар генерал Клебер къыхуигъэнащ. Мурадрэ абырэ зэгурыIуащ. Ауэ Мурад 1801 гъэм мэлыжьыхьым и 22-м тало узым илIыкIащ, Нэфисэт и закъуэ къыхуэнащ мылъку хъумэнри и лъэпкъэгъу адыгэ цIыхубзхэм къащхьэщыжын Iуэхури. Мис а лъэхъэнэм Нэфисэт «Адыгэ пащтыхьхэм я анэ» цIэр теIукIащ. 1804 гъэм уэсмэнхэм Хъуршид-пэщэр Мысырым и уэлийуэ щагъэувым, ар ебзэджэкIащ Нэфисэт: абы пцIы трилъхьащ къэралым цIыхухэр къыщызэщIиIэтэну хэта хуэдэу. Абы ипкъ иткIэ Нэфисэт хьэпсым щIадзащ, арщхьэкIэ куэдрэ имысу, и телъхьэхэр щIэлъэIури кърагъэутIыпщыжащ. Абы иужькIэ, 1805 гъэм Мухьэмэд Алий и тетыгъуэр къыщысми, Нэфисэт уэху жрагъэIакъым, абы къытрихащ мылъкуу къыхуэнэжар, ауэ и щIыхьым лъэIэсыфакъым. 
Нэфисэт Iумахуэ Мысырым щынэхъ цIыхубз къулей дыдэу псэуами, щынэхъ тхьэмыщкIэ дыдэу дунейм ехыжащ 1816 гъэм мэлыжьыхьым и 19-м. Ар щыщIалъхьэжащ и япэ щхьэгъусэу щыта Алий Бэч Ин и кхъащхьэм ибгъукIэ. 
Нэфисэт Гуащэ теухуа документ куэд щIэлъщ Каир и дэфтэр хъумапIэхэм. Абыхэм ярытщ абы и гъащIэм и къекIуэкIыкIар, мылъкуу иIар зыхуэдизыр, ар зытекIуэдар.
Франджы тхакIуэ Франсуаз Бротулей Нэфисэт и гъащIэм и къекIуэкIыкIам дихьэхри, абы триухуащ «Къулейуэ псэуащ, тхьэмыщкIэу лIэжащ» и романыр.
 

 

Зыгъэхьэзырар Тхьэхущынэ Ланэщ.
Поделиться:

Читать также: