Зи IэщIагъэм нэхъ хуэIэижь

Къэбэрдей-Балъкъэрым МафIэсым пэщIэт-­къегъэлакIуэ и къулыкъущIапIэм щекIуэкIащ зи IэщIагъэм нэхъ хуэIэижьыр къэзыгъэнэIуэну ­зэпеуэ - мафIэс частым и зэпыщIэныгъэ пунктым и диспетчер нэхъыфIыр къыщыхахар. 

Диспетчерхэм ягъэлъэгъуащ я къалэнхэм зэрыхуэхьэзырыр, фIыуэ зэ­ры­хащIы­кIыр. Зэпеуэм къыщыхуагъэувахэр зэригъэзэщIам къыпэкIуа баллхэмкIэ бжьыпэр иу­быдащ ­Къэщкъэтау (Шэрэдж район) дэт мафIэс-къегъэлакIуэ часть №8-м и диспетчер ­Къардэн ­Таисэ.
ЕтIуанэ увыпIэр къихьащ Лэскэн районым хыхьэ Анзорей къуажэм и мафIэс часть №14-м и лэжьакIуэ Къардэн Ленэ. Май къалэм дэт ­ПСЧ-6-м и диспетчер Понедельников Виктор ещанэ увыпIэр лъысащ. 
МафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ къулыкъу­щIапIэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI Сэбан Арсен къызэрыджиIамкIэ, Къардэн Таисэ иджы япэу щыте­кIуащ апхуэдэ зэпеуэм. 2020, 2022 гъэхэм абы къылъысар ещанэ увыпIэрщ. IэнатIэм ар щолажьэ 2015 гъэ лъандэрэ. 

 

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: