ДзюдоДзюдо «Динамо» спорт зэгухьэныгъэр илъэсищэ зэрырикъур ягъэлъапIэ Налшык къалэ дэт «Гладиатор» спорткомплексым гъатхэпэм и 4 – 5-хэм щекIуэкIащ дзюдомкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Ар хуэгъэзауэ щытат «Динамо» Урысейпсо физкультурэ спорт зэгухьэныгъэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэсищэ зэрырикъум. Зэпеуэм хэтащ ди къэралым и щIыналъэ 14-м къикIа, зи ныбжьыр илъэс 23-м фIэмыкIа щIалэу, хъыджэбзу 180-м нэблагъэ. А зэхьэзэхуэм ди спортсменхэм медалибл щызыIэрагъэхьащ. Зи хьэлъагъыр килограмм 81-м нэсхэм я гупым щыбэна Байсиев Таулан дыщэр къихьащ. Дыжьыныр зыIэрагъэхьащ Мысыр Каринэ (кг 48-рэ), Шэджэм БетIал (кг 66-рэ), Мырзэбэч Ильяс (кг 100) сымэ. Балъкъыз Алихъан (кг 81-рэ), Къуныжь Ролан (кг 90), Быф Идар (кг 100) сымэ домбеякъыр зыIэрагъэхьащ.
Дзюдо Тегеран дыжьыныр къыщахьащ Ираным и къалащхьэ Тегеран къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Перс псыдэжыпIэм и кубокыр дзюдомкIэ къэхьыным хуэгъэза дунейпсо зэхьэзэхуэ. А зэпеуэм хэтащ Ираным, Иракым, Афганистаным щыщхэр, апхуэдэуи Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Локомотив» спорт клубым и гъэсэнхэр. Командэ 12 зи гугъу тщIы кубокым щIэбэнащ. Финалым кIуа ди щIалэхэр хьэрхуэрэгъу къахуэхъуа хэгъэрейхэм къыхагъэщIащ икIи етIуанэ увыпIэр яубыдащ.
Гимнастикэ Урысейм и кубокыр Налшык щагъэджэгу Урысейм гимнастикэмкIэ и кубокыр къэхьыным хуэгъэза зэпеуэ Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ зи ныбжьыр илъэс 16 ирикъуахэм къыщыщIэдзауэ пщащэ нэхъыжьхэр - псори зэхэту командэ 21-рэ. УвыпIэ нэхъыщхьищыр къэзыхьахэм хуагъэфэщащ УФ-м спортымкIэ и мастер цIэ лъапIэр. КъищынэмыщIауи, абыхэм Iэмал ягъуэтащ ди къэралым и цIэкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэхэм хэтыну. Зэпеуэм увыпIэ нэхъыщхьищыр щаубыдащ Москва къикIахэм. Япэ увыпIэр «Экспрессия»-м, етIуанэр «Мадоннэ»-м, ещанэр «Амуаж» командэхэм я хъыджэбзхэм хуагъэфэщащ. Урысейм и Кубокыр къэхьыным ехьэлIауэ «Бгыхэм я макъамэ зыфIаща зэхьэзэхуэм хэтащ илъэс 12 - 14 зи ныбжьхэр. Абы япэ увыпIэр щиубыдащ Калмыкъым и «Аура» гупым. ЕтIуанэ хъуахэщ КъБР-м и «Iуащхьэмахуэр». Ещанэ увыпIэри зыIэрагъэхьащ ди республикэм и «Iуащхьэмахуэ-Олимп» гупым. Илъэси 10 – 12 хъухэм я зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр щызыIэрагъэхьащ Москва областым къикIа «Сириус» гупым. ЕтIуанэр Свердлов областым щыщ «Легенда»-м иратащ, ещанэ хъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Iуащхьэмахуэ и щыгум» гупыр. Шахмат Бзылъхугъэхэм я чемпионат
Налшык шахматымкIэ и уардэунэ «Каисса»-м иджыблагъэ щекIуэкIащ КъБР-м классическэ шахматымкIэ и 65-нэ цIыхубз чемпионат. КIэух зэхьэзэхуэм щызэрихьэлIэжат республикэм шахматымкIэ щынэхъ лъэрызехьэ цIыхубзипщI. А зэпеуэм щытекIуауэ, КъБР-м и чемпион цIэри хуэфащэу къалъытащ Кабардиковэ Миланэ. ЕтIуанэ хъуащ Мэрзей Лилианэ. Ещанэ увыпIэр къылъысащ Жантудуевэ Амалие.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 20:03 →
Уанэш зэхьэзэхуэшхуэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
|