Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Нэхъыжьхэм ядэIэпыкъуным хуэгъэза республикэпсо щэбэт щIыхьэху егъэкIуэкIыным и IуэхукIэ
 
2023 гъэм         гъатхэпэм и 3-м         Налшык къалэ         №34-ПП
 
1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ныкъуэдыкъуэ ­щыхъуахэм, абы хэтахэм, апхуэдэу хэкIуэда зауэлIхэм я щхьэ­гъусэхэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэ зэрыратыр егъэфIэкIуэн икIи абыхэм адэкIи защIэгъэкъуэн мурадкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. 2023 гъэм гъатхэпэм и 25-м нэхъыжьхэм защIэгъэкъуэным хуэунэтIауэ республикэпсо щэбэт щIыхьэху къызэгъэпэщыным теухуауэ зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм, апхуэдэу «Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм и Профсоюзхэм я федерацэ» Союзым къыхалъхьа жэрдэмыр ядэIыгъын.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и гъэ­зэщIакIуэ органхэм, муниципальнэ районхэм, къалэ округхэм я щIыналъэ администрацэхэм, зи мылъкуу щытым емылъытауэ, организацэ псоми чэнджэщ етын нэхъыжьхэм ядэIэпыкъуным хуэунэтIа республикэпсо щэбэт щIыхьэхум хэтыну икIи зы махуэ лэжьапщIэ абы хухахыну.
3. Нэхъыжьхэм защIэгъэкъуэным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкIыну республикэпсо щэбэт щIыхьэхум хэтынухэм езыхэм я фIэфIы­ныгъэкIэ хухах псапащIэ ахъшэр ирагъэхь «Урысей Федерацэм и бюджет IэнатIэр зэхуэгъэкIуэжынымIэ Федеральнэ казна­чействэм тригуашэ хэхъуэхэр» 03100643000000010400 счетым и «Урысей Федерацэм и субъектхэм я бюджетхэм налогхэм ­химыубыдэ я адрей хэхъуэхэр» 96111705020020000180 кодымкIэ.
4. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ФинансхэмкIэ и министерствэм яхуэгъэувын щэбэт щIыхьэхум и фондым къыхалъхьа ахъшэм и хьэкъкIэ:
гъэ къэс зэрадэIэпыкъум тету, 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку ­зауэшхуэм ныкъуэдыкъуэ щыхъуахэмрэ абы хэтахэмрэ, апхуэдэу хэкIуэда зауэлIхэм я щхьэгъусэхэм 2023 гъэм накъыгъэм и 9-м нэсыху дэтхэнэми сом мин 75,0-рэ иратыну;
муниципальнэ районхэм, къалэ округхэм я щIыналъэ адми­нистрацэхэм, апхуэдэу ветеранхэм я къалэ (район) советхэм зэрагурыIуам тету 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ­ныкъуэдыкъуэ щыхъуахэм, абы хэтахэм, хэкIуэда (лIа) зауэлI­хэм я щхьэгъусэхэм ящыщу зи псэупIэр зэгъэпэщыжын хуейхэм 2023 гъэр икIыху ахъшэкIэ ядэIэпыкъуну.
5. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и ми­нистерствэм хуэгъэувын нэхъыжьхэм ядэIэпыкъуным хуэгъэза республикэпсо щэбэт щIыхьэхур зэрырагъэкIуэкIымрэ абы ­кърикIуэхэмрэ республикэм и цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм къыщыгъэлъэгъуэныр къызэригъэпэщыну.
6. Мы унафэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыну и пщэ илъхьэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ Хъубий М. Б.
 
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI                      МУСУКОВ  Алий.
Поделиться: