Куэдым щытепсэлъыхьащ

Хабзэ зэрыхъуауэ, федеральнэ законодательствэр ягурыгъэIуэным, цIыхухэм яIущIэным теухуауэ ирагъэкIуэкI Iуэхухэм хиубыдэу, Тэрч районым и прокурор НэгъэцIу Заур Дей къуажэдэсхэмрэ хьэрычэтыщIэ зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэмрэ яхуэзащ. ЗэIущIэр щекIуэкIащ ЩэнхабзэмкIэ унэм. 

Абы хэтащ Тэрч район администрацэм и Iэтащхьэ Дадэ МуIэед, Дей къуажэ администрацэм и унафэщI Алъкъащ Виталик, Тэрч районым зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм (пенсионерхэм) я советым и тхьэмадэ Iэщыж Владимир, Дей къуажэм и ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Алъкъащ Юрэ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт – Тэрч районым и жылагъуэ палатэм и унафэщI КIэрэф Мурадин, нэгъуэщI жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ящыщхэр, депутатхэм я лIыкIуэхэр. 
Районым и прокурорыр тепсэлъыхьащ Iулъхьэм, экстремизмэмрэ террорымрэ зэрыпэщIэт Iуэхухэм, ягуригъэIуащ абыхэм ятеухуауэ федеральнэ законодательствэм къыщыгъэлъэгъуахэр. ЗэIущIэр зэIухауэ екIуэкIащ, апхуэдэуи абы къыщаIэтащ щIыр къэгъэсэбэпыным, псыкIэ къызэгъэпэщыным, гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэным ехьэлIауэ гулъытэ зыхуэщIыпхъэхэри. 
 Къызэхуэсахэм законодательствэр гурыIуэгъуэ щащIащ, къаIэта Iуэхухэм ящыщ зыбжанэмкIэ кIэлъыплъыныгъэхэр ирагъэкIуэкIыну зыхуэфащэхэм я пщэ иралъхьащ. 

УЭРДОКЪУЭ Женя.
Поделиться: