ЩIЫХЪЕЙМ И ЛЪЭУЖЬХЭР

Тыркум кIуэ гъуэгум сытехьащ

«Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэр Тыркум макIуэ, ди лъэпкъэгъуу щIыхъейм хиубыдахэм ящIэупщIэну, къуажэхэр къызэхакIухьыну. УкIуэн плъэкIыну?» - жаIэу къыщызэупщIым куэдрэ сегупсысакъым: «СыкIуэнущ», - естащ жэуап.

ИужькIэ Тыркум сыкIуэу щызэхахым псоми къысхуагъэщIэгъуащ. «Дауэ умышынэу уежьа?», - жаIэри. Тыркум и ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэм щIыгур зэрыщысысрэ нэхъ дызыгъэгузавэр абы щыпсэу адыгэхэм я Iуэху зыIутырт. Абыхэм я щыIэкIэр сыт хуэдэ? Дауэ хъухэрэ? Дэнэ псэупIэ ящIауэ пIэрэ? Си щхьэм упщIэ куэд щызэблэкIырт. Ахэр слъагъуну, сащIэупщIэну, я псэукIэр зэзгъэщIэну Iэмал къызэрысхукъуэкIар а псом ящхьэт. Апхуэдэу Истамбыл кIуэ гъуэгум сытехьащ.  

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щылажьэ Адыгэ Хасэм и пашэ Аслъэн Алий сымэ срагъусэу Истамбыл дылъэтащ. Абы адыгэ дунейм фIыуэ къыщацIыху, жылагъуэ лэжьакIуэ, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Къущхьэ Догъэн гъусэ къыщытхуэхъури, зэрыдунейуэ мы иужь мазэм зи гугъу ящI Кахраманмараш къалэм дежьащ.

Кахраманмараш

Къалэм и цIэ дыдэр Кахраманмарашщ, кIэщIу Мараш жаIэ. Мыбы Адыгэ Хасэ ин щолажьэ, адыгэ къуажэ зыкъом пэгъунэгъущ, куэд щIауи абыхэм сахыхьэну, къызэхэскIухьыну си нэ къикIырт. Мараш Хасэм и тхьэмадэ Явуз Бекир Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэтщ икIи зэхуэсхэм дыщызэIущIауэ, я къалэм, абы къедза жылэхэм я гугъу къысхуищIат. Абыхэм ятеухуа телепрограммэхэр тесхыну сигу илът. Ауэ си кIуэгъуэр къызэрыщIидзар мыпхуэдэущ - гузэвэгъуэ IуэхукIэ сахыхьащ. Кхъухьлъатэм иджыри уису Мараш ущыхэплъэкIэ, щIыр зэрыхъеям къигъэна лъэужьхэр болъагъу. Къалэр нэщI хъуащ. Япэ тхьэмахуэхэм унэ къутахуэхэр зэхэлъамэ, иджы ахэр датхъуащ, къэнахэр къэмыуэмэ, и хъуреягъыр къабзэщ, нэщIщ. Къэна унэхэри лъэныкъуабэ хъуащ, е я Iыхьэр гуэхуащ. Апхуэдэ теплъэ зиIэ къалэм дэт Адыгэ Хасэм дыIухьащ. Мыр Хасэ унэу зэрыщытыр къызэрыпщIэр щыфIэдза сурэтхэмрэ тхыгъэхэмкIэщ. Иджыпсту абы цIыхухэм зэрадэIэпыкъухэр кърашалIэ, абдеж къыщыхахыурэ унагъуэхэр зыхуэныкъуэхэр хуашэ.

- Дуней псом щызэхуахьэс хьэпшыпхэмрэ ерыскъыхэмрэ щыщхэр мыбы къытхуашэ, дэ ахэр зэхыдохри, бэлыхь хэхуа унагъуэхэм ялъыдогъэIэс. Апхуэдэ тхьэмыщкIагъэ цIыхухэм афIэкIа зэи я нэгу Тхьэм къыщIимылъхьэ, - жеIэ Бекир.

Мараш - Гёксун

Марашрэ Гёксунрэ зэпэжыжьэкъым. Адыгэ къуажэу щIыхъейм зэхикъутахэр зэпхар Гёксунщ. КъалитIми къепха жылэхэми чэтэн псэупIэхэр щагъэувауэ цIыхухэр щIэсщ. Шэтырхэр гъуэгу Iуфэм щегъэувэкIащ. Уэрамхэм шхын щагуэш щIыпIэхэр дэтщ. Машинэхэм ерыскъыр щапщэфIурэ къыIухьэ цIыхухэм пщтыру ират. Лъэбакъуэ къэс унэ къутащ узрихьэлIэри, цIыхухэм къатепсыха гуауэшхуэри гукIэ богъэв. ЩIыхъейм цIыху мин 50 щыхэкIуэдауэ къалъытэ Тыркум. Къалэхэри къуажэхэри зэгъусэу къапщтэмэ, адыги 134-ри ихьащ а гузэвэгъуэм. Иджыри къамыгъуэтыжауэ ди лъэпкъэгъу цIыхуи 3-м мэлъыхъуэ.

Бэлыхь хэхуахэм зыщIагъакъуэу Гёксун дэт штабым дынэсащ. Мы районым и тхьэмадэ Джанальп Экрем щолажьэ абы. Ди лъэпкъэгъухэм дащIэупщIэну дыкъызэрыкIуар Сэхъурокъуэ Хьэутий хуеIуатэ абы. ЩIалэм фIыуэ ецIыху адыгэхэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зи пашэ районым адыгэ къуажэ куэд итщ. Хасэхэм дэIэпыкъуныгъэ куэд къызэрыхурагъэшам и гугъу къытхуищIащ щIалэм, адыгэхэм зэрахуэарэзыри къыджиIащ. Апхуэдэу псалъэ гуапэкIэ закъыхуигъэзащ я лъэпкъэгъухэм ящIэупщIэн папщIэ Урысейм икIа лIыкIуэ гупым. Ди лъэпкъэгъухэм, ди къэралыгъуэхэм я зэпыщIэныгъэр зэрыбыдэм мы къэхъукъащIэр щыхьэт зэрытехъуар къыхигъэщащ унафэщIым.

Гёксун къалэм Хасэхэм кърагъашэ дэIэпыкъуныгъэр щызэхуахьэс щIыпIэ щхьэхуэ дэтщ. Абдежым адыгэ къуажэхэм я тхьэмадэхэр къыщызэхуэсат.

- Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым я лIыщхьэхэр, цIыху къызэрыгуэкIхэр къывдощыгъуэ, фи щхьэм кърикIуа гузэвэгъуэшхуэр дигу къоуэ. ХэкIуэдахэм жэнэтыр унапIэ Тхьэм яхуищI. Къэнахэм псынщIэ Тхьэм фщищI. Дэри тхузэфIэкIымкIэ дывдэIэпыкъунущ. Нобэ дыкъыщIэкIуар фызэдгъэлъагъуну, фызыхуэныкъуэхэр зэдгъэщIэну, дыфщIэупщIэну аращ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм хэтхэу Аслъэн Алий, ГъукIэлI Сусаннэ сымэ си гъусэщ. Ауэ къэмыкIуэфахэри, ДАХ-м хэт псори къывдощыгъуэ, фэр щхьэкIэ мэгузавэ. ЩIым хъеин зэрыщIидзэрэ махуэ къэс псоми дигу илъыр фэращ, ди къуэшхэрщ, телевизоркIэ деплъми, дыкъывэпсалъэми, сыт щыгъуи дыфщIыгъуащ. Алыхьым къыттрилъхьащ, дигъэшэчащ, афIэкIа апхуэдэ зэи Тхьэм ди нэгу къыщIимылъхьэ, - апхуэдэ псалъэхэмкIэ ди лъэпкъэгъухэм захуигъэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.

Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблееу зэхашам ДАХ-ри хэтщ. Абыхэми щыгъуэ псалъэу Хьэутий къыжраIар ди къуэшхэм я деж нигъэсыжащ.

- Ди фIэщ мэхъу сабийхэми, зи ныбжь хэкIуэтахэми, сыт хуэдэ лъэпкъ щыщу республикэхэм исхэми мыр ягу къызэреуар, ар зэхэтхащ. Тхьэм апхуэдэ тхьэмыщкIагъэ зы цIыхуми афIэкIа иримыгъэлагъу, - жиIащ Явуз Бекир.  

Гёксун и адыгэ къуажэхэр

 Гёксун епха адыгэ къуажэхэр здэщыс щIыпIэхэр нэр пIэпахыу дахэщ. Адыгэхэм егъэзыгъэкIэ я хэку щрагъэбгынэм Кавказым нэхъ ещхь щIыпIэхэр псэупIэ ящIащ. Мы щIыналъэр щхъуантIэщ, къуршхэм къаухъуреихь. Адыгэ жылэхэр Iуащхьэ лъапэхэм, къурш тIуащIэхэм ипхъащ. А дахэ къомыр зэпэпплъыхьу, тафэм къыщыбгъэзэжкIэ, плъагъур унэ зэтещэха къомырщ.

- Гёксун районым епха къуажэхэм нэIуасэ фахуэсщIынщ, - жеIэ къалэ Хасэм и тхьэмадэ Къуныжь Октай. - Мазаем и 6-м, шэджагъуэ нэужьым, щIыр щыхъеяращ адыгэ къуажэхэр щызэхикъутар.

Лей къызытехьа адыгэ къуажэ 25-р Октай кърибжэкIыурэ дыздэкIуэм, Къамыщыкъ зи цIэм дыкъыщыувыIащ. Мыбдеж псалъэ лей хэмыту бжыгъэкIэ къыпхуэIуэтэнущ нэм илъагъур – жылэм дэта уни I50-м щыщу къэнэжар I8 къудейщ. Къуажэдэсхэр дэкIащ, унэхэр зэтещэхауэ зэхэлъщ, дэсыжыр Iэщ зыгъэхъухэмрэ щIым телэжьыхьхэмрэ я закъуэщ, я Iуэхум я нэIэ трагъэтын щхьэкIэ. Ахэр чэтэн псэупIэхэм щIэсу аращ.

- Ди къуажэм дэсахэм я нэхьыбэр Къайсэр къалэм кIуахэщ, я Iыхьлыхэм, благъэхэм я деж, е унэ бэджэнду къащтауэ щопсэу. Къуажэм лэжьыгъэ щызиIэ зи къаруилъыгъуэхэращ къыдэнар, я унагъуэхэр, сабийхэр, жьыкIэфэкIэхэр Къайсэр ягъэIэпхъуащ, - къеIуатэ Къамыщыкъ къуажэм и тхьэмадэ Сефа Гель икIи къыпещэ. - Мыбы нэс фыкъакIуэу фыкъызэрытщIэупщIам щхьэкIэ Тхьэр арэзы къыфхухъу.

Абы къыкIэлъыкIуэ къэувыIэгъуэр Астэмрей жылэращ щытщIар. Абы дынэсыху дызыблэжа къуажэхэм я теплъэр псори зэщхьт - унэхэм я нэхъыбэр щытыжкъым.

- Мы унэр къыщыуам сабиитIрэ абыхэм я анэмрэ щIипIытIащ, - унэхэм яз дегъэлъагъу Щхьэныкъуэ Ахьмэд. – Абыхэм я хьэдэхэр къагъуэтыжри, щIалъхьэжащ.  

Мис апхуэдэ хъыбар гуузхэр къытхуаIуэтащ ди лъэпкъэгъухэм.

Бильге къыщыхъуа унэр

Дунейпсо Адыгэ Хасэм хэтхэу, Анкара щыпсэухэу ХьэпащIэ Бильгерэ Мамхэгъ Йлдызрэ ди гъусащ а махуэхэм. Бильге къыщыхъуар мы щIыпIэращ - Гёксун районым епха Хъуажьхьэблэщ. Абы дызэрыдыхьэу, ХьэпащIэхэ я унэм дыкъыщыувыIащ.

- Мы унэр илъэси 100 ипэкIэ си адэшхуэм ищIат. Ауэ иджы ихын хуейуэ унафэ ящIащ, - къеIуатэ Бильге игу щIыхьарэ и нэпсыр къекIуэу. - Зэдэлъхузэшыпхъухэр гъэмахуэм дыкъыщызэхуэсыжырти, мыбы дыщыIэт. Ауэ иджы щIыхъейм игъэчащи, ущIыхьэну шынагъуэщ, къэуэнкIэ хъунущ.

Къуажэхэм къыдэна унэ зыбжанэм «Шынагъуэщ, ущIыхьэ хъунукъым», - жиIэу зытет тхыгъэхэр кIэралъхьащ, цIыхухэр щыпсэуну, щIыхьэну хуадэркъым. ЩIыр иджыри къыздэсым махуэ къэс мэсыс. Зыри къызыщымыщIа унэхэри дэтщ жылэм, ауэ абыхэм щыпсэухэми чэтэн шэтырхэр ящIауэ щожей. Хьэку, собэкIэ зэджэм, хуэдэхэр щIагъэувауэ, уэншэкум телъу жэщыр щрах.

- Махуэ къэс иджыри дыщIеупскIэ, зыхыдощIэ, - къытхуеIуатэ Чамурлы убых къуажэм щыщ Бажэмыкъуэ Хьикмэт, - дызэрыхъейуэ унэм дыкъыщIож, теужмэ, дыщIохьэж. Дыгъуасэ махуэм къриубыдэу плIэ хъеящ щIыр.

- А нэхъ Iейуэ щIыр щысысам щIымахуэт, уает, - жеIэ ХьэпащIэ Билге, - щIыIэр градус 25-м нэсырт. Щыгъын пIащIэхэр ящыгъыу, захуэпэнуи хунэмысауэ уэрамхэм къыдэлъэдат цIыхухэр.

А махуэхэм и гугъу ящIыну, гузэвэгъуэр ягу къагъэкIыжыну хуеищэкъым цIыхухэр. Зыщ жаIэр: апхуэдэ зэи тлъэгъуакъым.

Ди гур абыкIэ щыIэу къэдгъэзэжащ

Плъагъум гур игъэузу, нэпс къригъакIуэу апхуэдэщ. Адыгэ лъэпкъым и щхьэ гузэвэгъуэ куэд кърикIуащ, хэщIыныгъэшхуэхэр иIэу къэгъуэгурыкIуащ. Мы ди нэгу щIэкIа щIыхъейри нэхъ гууз дыдэу ди тхыдэм къыхэнэну напэкIуэцIщ. Адыгэм и зэкъуэтыныгъэм иджыри зэ щыхьэт техъуащ мы Iуэхур - дикъухьауэ къэрал куэдым дызэрыщыпсэум емылъытауэ, а зы дакъикъэм адыгэу дэнэ щыIэри зэрыщIат, занщIэуи я лъэпкъэгъухэм дэIэпыкъуэгъу зэрахуэхъуну Iэмалхэр къагъуэтат. Дунейм и щIыпIэ зэпэщхьэхуэхэм къикIа хьэпшыпхэмрэ ерыскъыхэмрэ щIыр щыхъея адыгэ къуажэхэм нэсащ.

Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ абы и къудамэхэмрэ щхьэхуэ-щхьэхуэу ахъшэ зэхуахьэсри, Кавказ Хасэхэм я федерацэу Тыркум щыIэм хурагъэхьыну унафэ ящIащ. Дэ дахуэзащ КАФФЕД-м и тхьэмадэ Щоджэн Iумитрэ абы и къуэдзэ Мамхэгъ Мутлурэ икIи Iуэхум къыдэкIуэу, дяпэкIэ зэрызэдэлэжьэнухэми тепсэлъыхьащ тхьэмадэхэр.

Сэ зы гупсысэ сыхуишащ мы ежьэгъуэм - гуфIэгъуэми гузэвэгъуэми дызэкIэлъыкIуэн, дызэдэIэпыкъун хуейщ. Зэманыр кIуэху зэпэIэщIэ псэукIэм зэпэжыжьэ димыщIын папщIэ, нэхъыбэрэ дызэIущIэныр, дызэхыхьэныр, дызэпэIэбэныр, гурыфIыгъуэмрэ нэщхъеягъуэмрэ зэдэдгуэшыныр аращ хэкIыпIэр.

ГъукIэлI Сусаннэ, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт.
Поделиться: