ЩIыуэпсым и фэеплъхэр

Языныкъуэ жыг лIэужьыгъуэхэр цIыхум нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэрэ мэпсэу. Ауэ куэдым ящIэу пIэрэ цивилизацэ зыбжанэм я къэунэхугъуэмрэ кIуэдыжыгъуэмрэ зи «нэгу щIэкIа», илъэс мин бжыгъэ зи ныбжь жыгыжьхэр нобэм къызэрысар?!

НобэкIэ ботаникэм ецIыху зы ныбжьыр илъэс миным щхьэдэха жыг тхущI! Пэжу, цIыхум и лъэр тыншу здынимыхьэсыф, къэпщытэныгъэхэр щебгъэкIуэкIынкIэ щIыпIэ гугъусыгъухэм щокI ахэр. Арауэ къыщIэкIынущ ди зэманым къыщIэсари, цIыхур лъэIэсыфатэкъыми…

А жыг 50-м нэхъыжь дыдэу яхэтыр Калифорнием и къуэкIыпIэмкIэ щыIэ Инио мэзым илъэс мини 5-м щIигъуауэ щыкI Мафусаил жыхуаIэ псейрщ. Ар жыгыу щыIэм я нэхъыжьу зэрыщытыр къыщахутар 1957 гъэрщ. Америкэм и къухьэпIэ щIыналъэхэм я климатыр зыдж Шульман Эдмунд къигъуэтауэ щытащ. ЩIэныгъэлIым зэрымыщIэкIэ къигъуэта жыгым илъэс 4723 и ныбжьу къибжат. Дауи, ар къызэрызэтенам и щэхур къатIэщIыну хуейуэ, ботаникхэм яджын щIадзат псейр. КъызэрыщIэкIамкIи, а псей лIэужьыгъуэм и банэхэр илъэс 20 - 30-кIэ мэпсэу, пымыгъукIыжу. Ауэ щыхъукIэ, псейм илъэс 30-кIэ зигъэпсэхуну, и къару ихъумэжу «жеину» Iэмал иIэщ. А зэманым къриубыдэу псей банэ щхъуантIэхэм фотосинтезыр зэпымычу ирагъэкIуэкI, псейр ягъэбауэ. Жыгым дыркъуэ гуэр игъуэтамэ, ар зылъыса щIыпIэр гуогъукIри, поху, узыр псейм и «Iэпкълъэпкъым» иримыгъэгуашэу. Абы къищынэмыщIауэ, жыг щхьэфэр сагъыз IувкIэ кудащи, бактериехэмрэ вирусхэмрэ кIуэцIрыкIыфыркъым.

Мафусаил щыкI щIыпIэр икъукIэ щIыналъэ гъущэщ, абы къэкIыгъэ куэд йокIуэдыкI. Ауэ псейр мыгъуу къызэтенащ абы и фIыгъэкIэ. щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, Мафусаил иджыри илъэс мин зыбжанэкIэ псэунущ климатым зимыхъуэжмэ.

Урысейм и гугъу пщIымэ, иджыблагъэ щIэныгъэлIхэм Якутием къыщахутащ мэз псо, зи ныбжьыр илъэс 750 - 885 хъу тхьэмпабэхэр щыкIыр.

Илъэс мини 3-м щIигъуауэ Бразилием щокI Cariniana legalis жыгыр. Абы ихъуреягъкIэ ит мэзыр ираупщIыкIри, ди жагъуэ зэрыхъунщи, мыри дагъэкIуэнкIэ хъуну жаIэ.

1968 гъэм Японием и Якусимэ хытIыгум къыщагъуэтащ илъэс 2500-7200 хъу жыг. Абы и ныбжь дыдэр къыпхуэмыщIэну и купщIэр ифыкIащ, иуэ нэхъ мащIэ дыдэу илъэс 2500-рэ зэрыхъум щыхьэт тохъуэ къуэкIыпIэ ботаникхэр.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться: