Сакъыныгъэр нэхъыщхьэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм щолажьэ административнэ хабзэр къызэпызыудахэр зытх автомат комплекс 212-рэ. 

Камерэхэм къагъэлъагъуэ зэрызекIуэну хуит ящI псынщIагъым шоферхэм зэрыщIрагъэгъур, зытет лъэныкъуэм траIуэнтIыкIыу къыхуэкIуэм зэрытехьэр, къэувыIэну светофорым къигъэлъагъуэр уэим зэращIыр, нэгъуэщI хабзэншагъэхэу рулым дэсхэм шынагъуэншагъэм хуэщIа бгырыпххэр къызэрамыгъэсэбэпыр зыхыхьэхэри. 
Къагъэсэбэп камерэщIэхэм ятх Урысей Федерацэм и КоАП-м и 12.6 статьям къыщыхьа хабзэншагъэр (шынагъуэншагъэм хуэщIа бгырыпхыр къимыгъэсэбэпу рулым дэсыныр, а бгырыпххэмкIэ имыпха цIыкIухэр къешэкIыныр). 
Апхуэдэ хабзэншагъэм папщIэ къуэдыуэ сом 1000 итын хуейуэ хуагъэув икIи хабзэр уэим зыщIым зы махуэм Iэджэрэ ар тралъхьэнкIэ хъунущ. Бгырыпххэр къэзымыгъэсэбэп шофёрымрэ пассажирымрэ къыщIагъэщамэ, къуэдыр ирагъэпшын транспортыр зейм. 
Къэрал автоинспекцэм фыкъыхуреджэ шынагъуэншагъэм хуэщхьэпэ Iэмэпсымэхэр къэвгъэсэбэпыну, сабийхэр къыщефшэкIкIэ шэнтжьей цIыкIум ахэр ифпхэну зыщывмыгъэгъупщэну.   

 

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: