НэхъыфIхэм гулъытэ лъагэ хуащIНалшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием и дзэхэр къыщызэрагъэпэща махуэм теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэ, Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэ Лъэпкъ гвардием уэрэдымрэ къафэмкIэ и ансамблым и концерт. Iуэху гуапэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, федеральнэ инспектор Мэкъуауэ Тимур, министрхэр, депутатхэр, ведомствэм и республикэ Управленэм и къулыкъущIэхэмрэ IэнатIэм и ветеранхэмрэ, щыхьэрым и хьэщIэхэмрэ абы щыпсэухэмрэ. Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ я къэрал дамыгъэ лъапIэхэр яритащ щIыналъэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм, я къалэныр щагъэзащIэм къагъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ. - Урысейм и Лъэпкъ гвардием и щIыналъэ IэнатIэм къулыкъу щызыщIэхэм лIыгъэ яхэлъу, я IэщIагъэм хуэпэжу къапэщылъ къалэнхэр ягъазащIэ. Фэ зэкъым къызэрывгъэлъэгъуар сыт хуэдэ щытыкIэми, ирехъу ар гугъуехь е шынагъуэ зыпылъ, фи Псалъэ быдэм фызэрытетыр. ФIыщIэ фхудощI хэкупсэу фызэрыщытым, Iуэхум фызэрыхуэпэжым, къалэнхэр хьэлэлу зэрывгъэзащIэм папщIэ. Си фIэщ мэхъу адэкIи ди цIыхухэмрэ жылагъуэмрэ я шынагъуэншагъэр зэрыфхъумэнур, - жиIащ щIыналъэм и Iэтащхьэм. Апхуэдэуи Урысейм и лъэпкъ гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI, полицэм и полковник Васильев Сергей бгъэхэIу дамыгъэхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр яритащ къыхэжаныкIа дзэ къулыкъущIэхэм икIи псалъэ гуапэхэмкIэ захуигъэзащ. - ФIыщIэ фхузощI фи къалэным фызэрыхуэпэжым папщIэ. Си фIэщ мэхъу адэкIи Лъэпкъ гвардием и дзэхэм къигъэув къалэнхэм фызэрыпэлъэщынур. Сынывохъуэхъу махуэшхуэмкIэ, ехъулIэныгъэхэр, насып, узыншагъэ мыкIуэщI фи нэхъыжьхэми фи унагъуэхэм исхэми фиIэну, - жиIащ щIыналъэ IуэхущIапIэм и унафэщIым. Къызэхуэсахэм я нэгу зрагъэужьащ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэ Лъэпкъ гвардием уэрэдымрэ къафэмкIэ и ансамблым.
Поделиться:
Читать также:
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
27.04.2024 - 11:00 →
Сом мелуанитхум щIигъу
26.04.2024 - 15:42 →
Фэеплъ жыг хадэхэр ягъэтIысынущ
|