Уэсмэн къэралыгъуэм и шапсыгъ гуащэ Тиримюжган

Дэтхэнэ уэсмэн сулътIанми и гаремыр къащти, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм ящыщу пщащэ тхьэIухудхэр щэ бжыгъэкIэ щIэсу щытащ. Ахэр теплъэкIи, хьэлкIи, щэнкIи зэщхьтэкъым. Ауэ 1839-1861 гъэхэм Уэсмэн къэралыгъуэр зезыхьа Абдул-Мэжид Езанэм и гаремым адыгэ фIэкIа нэгъуэщI лъэпкъым щыщу зы бзылъхугъи хэтакъым. Абы щхьэгъусэу блы иIащ, блыри Кавказым ирашарэ, къыхэщыпыкIауэ тхьэIухуд защIэу.

Ар къызыхэкIауэ жыхуаIэри 18-19-нэ лIэщIыгъуэхэм щхьэхуимытхэр зэраутIыпщыжарщ. Кавказымрэ КъуэкIыпIэмрэ щыпсэу унагъуэ хуэщIахэм япхъухэр Уэсмэн къэралыгъуэм яшэрти, уардэ унэм иратырт, гъэсэныгъэрэ щIэныгъэрэ абдеж щрагъэгъуэтыну ягурыIуэурэ. Апхуэдэхэм я нэхъыбэм еджэгъуэр зэфIэкIа нэужь хэкум ягъэзэжырт, ауэ яхэтт гаремым къыщынэну, абы къулыкъу щызыщIэну е сулътIаным и щхьэгъусэ хъуну щIэхъуэпсхэри.

Абыхэм ящыщт мы тхыгъэр зытеухуэжа Тиримюжган адыгэ пщащэр. Ар 1819 гъэм шыщхьэуIум и 16-м къыщалъхуащ Шапсыгъым. ГъэщIэгъуэнракъэ, гаремым къыщыхъу псоми набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъми, тхыдэтх лъэщхэр яIэми, Тиримюжган Уэсмэн къэралыгъуэм къызэрыщыхутари гаремым зэрынэсари зыми ищIэркъым, зыщIыпIи итхакъым. Арами, Абдул-Мэжид сулътIаным адыгэ пщащэр къызэрилъагъуу хьэщыкъ хуэхъуат, мыдрей и щхьэгъусэ псори иригъэкIуэтэкIри, абы фIэкIа хуэмейуэ къэнат.

ЗэрыжаIэмкIэ, ар гъэсат, щэныфIэт, губзыгъэт, хъыджэбз зэкIужт, лъагэт, и нэр удзыфафэт, щхьэцыгъуэ кIыхьышхуэ телът, Iэпкълъэпкъ дахэт. Псом хуэмыдэжу тхыдэтххэм къыхагъэщырт абы и Iэхэмрэ и лъакъуэхэмрэ зэрыдахэр, къыу хуэдэ есу къикIухьу зэрыщытар.

Илъэс дэкIри, Тиримюжган хъыджэбз цIыкIу къилъхуащ (Наиле-сулътIан). Хъыджэбз цIыкIур куэдрэ псэуакъым, ар дунейм ехыжащ илъэси 2,5-м иту. Зи дахагъэмрэ гуакIуагъэмрэ лъхугъэм дэмыкIуэда адыгэ пщащэ зэкIужыр сулътIаным зэрищIасэт. Куэд дэмыкIыу, аргуэру лъхуэри, адэм и тепщэгъуэр Iэпызыхыну Абдал-Хьэмидыр къилъхуащ.

Абдул-Мэжид и щхьэгъусэр апхуэдизкIэ фIыуэ илъагъурти, нэчыхь иригъэтхыну мурад ищIат. Абдежым фыгъуэр куэд къызэрыгъэхъури, Тиримюжган цIэи щхьэи имыIэу, къызыхэкIа лъэпкъри зыми имыцIыхуу, уеблэмэ ермэлы сатуущIэм ипхъуу ягъэIуащ. Iуэхур апхуэдизкIэ куу хъуати, сулътIаным и уардэ унэм лIы гуэр екIуэлIащ, сы-Чандырщ, Тимирюжган сриадэщ жиIэри.

ЦIыхубзым ар ицIыхуртэкъым, зэрыжиIэмкIэ, икIи зэщхьу зы IэпапIи яхэлътэкъым, пщащэ нэхутхьэхум ар и адэу щытын хуэдэу. ЦIыхум я фIэщ щымыхъум, лIыр къызэрыкъуэкIам нэхърэ нэхъ псынщIэу бзэхыжащ. Ауэ щыхъум, Тиримюжган зигу къыхуэплъхэм ягъэIуащ ар къэжэр тIасхъэщIэхыу. Щыхьэту къахьри и цIэрт: «Тир» жиIэмэ, къэжэрыбзэкIэ шабзэшэ къикIыу аращ, «мюжганыр» - нэбжьыцщ. Сыт жамыIами, сулътIаныр дэгу-нэфт, икIи, зэрыжиIам хуэдэу, 1841 гъэм щэкIуэгъуэм и 10-м нэчыхь иригъэтхащ.

Шапсыгъ бзылъхугъэм и гъащIэ псор и къуэм щхьэузыхь хуищIащ. Ар хуейт и къуэ закъуэр сулътIан хъуну. Абы папщIэ зыхуэныкъуэ хьэл-щэн псори зэрыхилъхьэным, лIы нэс къызэрыхищIыкIыным теубгъуауэ псэуащ. Тиримюжган жабзэу щIидзащ, щIэх дыди пIэрыхэнэ хъуащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, жьэныр къеуэлIауэ арат. Псэхэхыр къэблэгъауэ къыщыщыхъум, анэм и къуэр къриджэри, и пащхьэ иригъэтIысхьащ. ЖаIэ абы и напIэр зэтрипIэху, и щIалэ закъуэм еплъу, гу щимыхуэжу щылъауэ. Тиримюжган и ныбжьыр илъэс 34-м щIигъуауэ дунейм ехыжащ 1853 гъэм щэкIуэгъуэм и 2-м.

Пщащэр къыздикIам и пэжыпIэр къэзыIуэтэжар гаремым щIэт IуэхутхьэбзащIэхэм я нэхъыщхьэу а зэманым щыта адыгэ бзылъхугъэрщ.  Абы зэрыжиIэмкIэ, а тIур Шэрджэсым щыщт, шапсыгът. Тиримюжган и къуэрылъху Айшэ-сулътан къиIуэтэжащ и адэ Абдул-Хьэмид ЕтIуанэм шапсыгъ пщащэхэм щхьэкIэ «си анэм и лъэпкъэгъу» жиIэу зэрыщытар.

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: