ЩIэблэр наркотикым щыхъумэн![]() «Урысейм и сабийхэр-2023» профилактикэ Iуэхум и япэ Iыхьэм хыхьэу КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм семинар-зэIущIэ щекIуэкIащ. Ар теухуат наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ хабзэншагъэу ирагъэкIыныр къызэпыудыным, балигъ мыхъуахэр а Iуэху мыщхьэпэм щыхашэ къэмыгъэхъуным. Абы хэтащ республикэ УНК-м и лэжьакIуэхэр, КъБР-м щыIэ МВД-м балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и инспекторхэр, апхуэдэуи Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэмрэ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и «Наркологический диспансер» IэнатIэмрэ я лIыкIуэхэр.
Поделиться:
Читать также:
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
09.07.2026 - 15:32 →
КIашэ Адэлджэрий и гъащIэмрэ гуащIэмрэ топсэлъыхь
05.07.2026 - 11:00 →
Лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ
05.07.2026 - 10:00 →
ЗэбгрыкIыжащ ящIэнур яубзыхуауэ
| ||





